Уэрыншэу щIылъэр къызокIухь…

Ныбжьэгъур

лъэужьыншэу кIуэдкъым,

Ар гукъэкIыжхэм хэпсыхьащ.

Игъуэ нэмысу ущытхэкIми,

Къэбгъэзэжыну си гугъащ –

Гъуэгуанэм дызэдытеувэу,

Иджыри зэ дрикIуэжынт,

Ныбжьэгъухэр гуапэурэ дгъэгуфIэу,

ФIэхъус сэламри ятхыжынт.

АрщхьэкIэ, гъащIэм къигъэзэжкъым,

Уэрыншэу щIылъэр къызокIухь.

Жэщитхуи хъуауэ гугъэзэжым

Къысхуехьыр уи фэеплъу пщIыхь:

Аргуэру гъэхэм дыпхырокIыр,

Ди бдзэжьеящи блэдмыгъэкI,

Уи дыхьэшх макъри гум пхырокIри,

Уи фэеплъ дахэр си гум къокIри,

БжьыхьэкIэ дыгъэу къызоплъэкI…

Пщэдджыжьым сокIуэри уэрамым,

Язот тхьэмыщкIэм ахъшэ пхъэр,

КъыскIэлъыщIыхьэ гукъэкIыжхэм

ЯхуэсщIу фэеплъ сэдэкъэр…


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *