Нарт эпосым адыгэ лъэпкъымкIэ мыхьэнэуэ иIэр иджыри нэгъэсауэ къыдгурыIуэу къыщIэкIынкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, и нэхъыбэм ар таурыхъ дахэу фIэкI зыхащIэкъым, абы игъащIэм емыджэхахэри къытхэтщ, жагъуэ зэрыхъущи. Ауэ дэ къызэрытлъытэмкIэ, Нарт эпосым щэху куэд дыдэ щызэхуэхьэсащ. Ахэр нобэ псэухэм къызэрыдгурымыIуэрауэ къыщIэкIынщ эпосым Iэпэдэгъэлэлу дыщIыхущытри. Арами, эпосым нэхъ набдзэгубдзаплъэу ухэджыхьын щIэбдзэмэ, а зи гугъу тщIа щэхухэр гъунэжу зэрыхэлъым гу лъыботэ. КъарыкIыр мыгурыIуэгъуэу къанэми, Нарт эпосыр зэштегъэу таурыхъыу зэрыщымытыр псэкIэ, лъыкIэ зыхыумыщIэну зы Iэмали щыIэкъым…
АтIэ, гупсысэ ухэзыдзэ апхуэдэ зы жыIэгъуэщ мы тхыгъэр къетхьэжьа щIэхъуари. Абы узыхуишэ Iуэхугъуэхэри нэхъ гъэщIэгъуэныжщ. Апхуэдэу, Нарт пшыналъэм «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ» тхьэрыIуэм ущрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, Сосрыкъуэ иш Тхъуэжьей йопсалъэри, абы мыпхуэдэу жэуап къретыж: «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ сэ шы сыпхуэхъункIэ»; Сэтэней гуащэрэ Лъэпщрэ я зэдауэм теухуа Iыхьэми къыхощ «… Вакъуэ-Нанэ IуегъэзыкIыжри кIуэм-лъэурэ Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэм хуозэри йолъэIу: — Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, щхьэузыхь сызыхуэхъун!




Си пхъурылъхур схуэгъэIущ, схуэущий! Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ къепсщ, къэхъуэпскIри IукIыжащ…». КъинэмыщIауэ, куэд щIакъым нанэхэм я бзэм «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ» е «Уащхъуэ къану Мыващхъуэ кIанэ» тхьэрыIуэхэр щызэхэпхыу щыщытар. «Иджыри зы фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт: Андемыркъан теухуа IуэрыIуатэм хэт теплъэгъуэхэр. Ар гъэпцIагъэкIэ Iэщэ пцIанэу укIыпIэм щрашам, иужь псалъэу мыпхуэдэу жиIэжащ: «Сэ фэ гъуамэхэр си гущIыIу физмыгъэплъэнкIэ, Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, — жиIэри и сагъындакъыр и пщэм пэщIигъэкъуащ, лъэбакъуэхъуу уври щыту и псэр хигъэкIащ». IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэкIэ Тхьэ яIуэмэ, абы епцIыжын шынэхэт, апхуэдэу тхьэ яIуамэ дзыхь хуэпщI, шэч къытумыхьэ хъунут, апхуэдизкIэ а Мыващхъуэ кIанэм фIэлIыкIхэти», — итхащ япэ дыдэу мы тхьэрыIуэм гу лъызыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ юрсит, лъэпкъыпсэ Хьэгъэжей Беслъэн. Иджы гъэщIэгъуэныр сыт – апхуэдэ мывэ щIыхур щыIэпэщ, икIи плъагъуну гукъыдэж уиIэмэ, ар плъэкIынущ… ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Хьэгъэжей Беслъэн Тыркум щыхьэщIэу, пасэрей хьэтхэм я къэралыгъуэм и къалащхьэу щыта Хьэттусэ музей комплексым (АнэдолэкIэ зэджэ щIыпIэращ) зыплъыхьакIуэ кIуауэ щытащ. Мис абдежращ ар мывэ щIыхушхуэм щыхуэзауэ щытари. Апщыгъуэм Беслъэн игу къэкIащ абдеж зыщыIущIа мывэ щIыхумрэ Нарт эпосым хэт мыващхъуэмрэ «мызыуэ пIэрэ?» жэуэ. А гупсысэмкIэ нэгъуэщI лъэпкъыпсэхэми щадэгуашэм, ахэр гуп зэрыгъэхъури, Къэбэрдей-Балъкъэрым икIри а щIыпIэм нахусащ. Хьэттусэр езыр, жыIэпхъэщи, зэгуэрым къалэ лъэщу щытащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, гъущIым елэжь здэхъуар абдежращ япэ дыдэу. Езым и зэманым а къалэр нэхъ зызыужьа дыдэхэм ящыщщ. Абы тхьэлъэIупIэ 30 хуэдиз хъууэ дэтауэ хуагъэфащэ. Жагъуэ зэрыхъущи, къалэм къыхэнэжар унэ лъабжьэ закъуэхэращ. Арами, къалэр лъэрыхьу зэрыщытар наIуэщ. Ар километри 8 зи кIыхьагъ блынышхуэкIэ къэухъуреихьат икIи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мин 30-40 щыпсэут. Къалэжьыр, щIэныгъэлIхэм зэраIуатэмкIэ, ди эрэм ипэ къихуэу ХII лIыщIыгъуэм ябгынащ: ар бийхэм зэхакъутат. Зи гугъу тщIы мыващхъуэр тхьэлъэIупIэу щыта унэм щIэтащ. А тхьэлъэIупIэр уафэмрэ уафэхъуэпскIымрэ я тхьэ Тешубэрэ абы и щхьэгъусэ Хебутрэ хуагъэуват. Къыхэгъэщыпхъэщи, Хьэттусэм и щэху нэхъыщхьэ дыдэу ябж зи гугъу тщIы а мывэ щIыхур.
Сыту жыпIэмэ, ар къыздикIари, зэрызэхэлъри нэгъэсауэ къахуэхутакъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ ар нефритщ. Мывэм и лъэныкъуэ псори зэбгъузэнатIэу гъэпсащ. Ар джафэщ, и щхьэр захуэщ. ЖыIэпхъэщи, а мывэ закъуэращ апхуэдэу Хьэттусэм щагъуэтар. Азие ЦIыкIукIэ зэджэ щIыпIэм (иджы Тырку къэралыр здэщыIэм) Нарт эпосым хэт мыващхъуэр къызэрыщыхутар дауэ? Абы дызэреплъри мыращ. Адыгэм и тхыдэмрэ и бзэмрэ щIэныгъэ IуэхукIэ телажьэу щымытми, зыфIэгъэщIэгъуэну зыдж дэтхэнэмкIи иджыкIэ наIуэщ адыгэхэмрэ хьэттхэмрэ зы къежьапIэ зэраIэр, уеблэмэ, ахэр зы лъэпкъыу щытынри къыхэкIынущ, сыту жыпIэмэ, я бзэ закъуэм нэхъ и гугъу умыщIми, нобэ псэу адыгэм абыхэм я бзэр тыншу къыгурыIуэнут. Къэбэрдей-Балъкъэрым икIыу Тыркум кIуауэ щыта адыгэ щIалэ гупым яхэта жылагъуэ Iуэхузехьэ Бешто Аслъэн зэрыжиIащи, абыхэм а упщIэм и жэуап къалъыхъуащ езыхэми. Апхуэдэу къахута хъуащ убыхыбзэм деж тхьэ псалъэр «Уаба» е «Уашуа» псалъэкIэ къагъэлъагъуэу зэрыщытар. Апщыгъуэми «Уаба»-р уафэщ е ищхьэкIэ щыIэ жиIэу аращ. ЩыIэщ «уащхъуэ» псалъэм «уафэщхъуэ» (щIыху) мыхьэнэ иIэу жызыIэхэри. Адыгэбзэри, абазэбзэри, хьэтыбзэри фIыуэ умыджыжауэ, уримыплъэжауэ «Уащхъуэм» къикIыр нэсу къыпхуэщIэнукъым.
КъинэмыщIауэ, къыхэгъэщыпхъэщ, IуэрыIуатэм щыщу мыпхуэдэу уэрэдыжьым къызэрыхэщыжыр «Анадолэу дыщэ къуэладжэ». Псалъэмакъыр зыхуэтшэ гупсысэр гурыIуэгъуэ хъуауэ къытщохъу. ИкIи а еплъыкIэм генетикэр и телъхьэ мэхъу: «Черкесская» жыхуаIэ G2 гаплогруппэм и къежьапIэр къухьэпIэ Анадолэмрэ Ищхъэрэ ХыфIыцIэIуфэмрэщ. ЗэрыхъумкIэ, а щIыпIэхэр куржы-адыгэ-абхъаз лъэпкъхэм я къежьапIэщ. Хьэттусэр зауэ-банэм игъэкIуэда нэужь, хьэт лъэпкъхэу къэнащ кашки, абешла жыхуаIэхэр. ЩIэныгъэлI Коларуссо къызэрилъытэмкIэ, абешла гупыр куржыабхъаз лъэпкъхэм лъабжьэ яхуэхъуащ (гаплогруппэр G2а), кашкхэр е каскхэр – адыгэхэращ лъабжьэ зыхуэхъуар.
Ар уи фIэщ пхуэщIынущ, сыту жыпIэмэ, зы пIалъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, псыхуабэ (пятигорск) черкесхэм осетинхэри, сванхэри зэреджэу щытар кашк, каскон, кашкон псалъэхэращ. Мис мыпхуэдэ гъуэгуанэ дытришащ Нарт эпосым хэт зы псалъэ зэпхам. Апхуэдэ псалъэ дапщэ хэт? Хэт ищIэрэ ди IуэрыIуатэм щIэныгъэ IуэхукIэ убгъэдыхьэмэ щэху дапщэ къыщIигъэщынуми…
Зыгъэхьэзырар ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.