УФ-м и Президент Путин Владимир зэригъэнэIуауэ, 2026 гъэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу ягъэуващ. Мазаем (февралым) и 5-м ар хэIэтыкIауэ къызэIухыным теухуа дауэдапщэхэр щекIуэкIащ Москва къалэм дэт «Урысей» зи фIэщыгъэцIэ лъэпкъхэм я Купсэм. Ди къэралым и ЛIыщхьэр зыхэта Iуэхугъуэ дахэм къызэщIригъэубыдащ хэгъуэгу 89-м къабгъэдэкIа цIыху мини 3-м щIигъу.
Илъэсым и щIэдзапIэ хуэхъуащ мы махуэм къызэрагъэпэща «Урысей — унагъуэхэм я унагъуэ» Iуэхугъуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрагъэнэIуауэ, ар щIэдзапIэ лъэщ хуэхъуащ лъэпкъи 194-рэ зыщыпсэу Урысейм зэныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ нэхъри щыгъэбыдэным. Къэрэшей-Черкесым щыщу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсыр къызэIухыным хэтащ хэгъуэгум и лъэпкъ газетитхум къабгъэдэкIа лIыкIуэхэмрэ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм и IэщIагъэрылажьэхэмрэ.
— Псори тхъумэну дызэрыхущIэкъум сыт щыгъуи дызэкъуигъэуващ: псоми ди зэхуэдэ щIыналъэр, ди унагъуэхэр, ди щэнхабзэр, ди хабзэхэр. Апхуэдэ зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэщ икIи нэхъ лъэщщ! – къыхигъэщащ Урысейм и Президент Путин Владимир Илъэсыр къызэIуихкIэрэ. Мы махуэм екIуэкIа къэрал щэнхабзэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэм хэтащ артист, уэрэджыIэ, щIэныгъэрылажьэ, политик, журналист цIэрыIуэ куэд. Дауэдапщэр зэрекIуэкIам нэхъ убгъуауэ къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэм фыщыдгъэгъуэзэнущ.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ, Москва къалэ
фото: Константин Завражин/РГ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.