Уанэм лIы имысмэ…

УЭХЪУТЭ Алий Долэт и къуэр илъэс 30 хъуауэ пэрытщ фIыуэ илъагъу уанэщI IэщIагъэм. Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щыщ IэпэIэсэм курыт еджапIэр къиуха нэужь, и къулыкъур 1971-1973 гъэхэм Москва областым хыхьэ Чкаловскэ аэродромым щрихьэкIащ хьэуа оборудованэмкIэ техникыу щытащ. Абы къызэрикIыжу, пкъыгъуэ щабэ закъуэтIакъуэхэм я зэхэлъыкIэмрэ я технологиемрэ металлургием деж къызэрыщагъэсэбэпыр илъэсихкIэ щиджащ химическэ технологие хэплъыхьахэмкIэ Ломоносов и цIэр зезыхьэу Москва дэт институтым.

Чынты гороскопымкIэ 2026 гъэ къэблагъэр МафIэш Плъыжьым и Илъэсу зэрыщытым дрогуфIэ ижь-ижьыж лъандэрэ псэущхьэ пэжу къыддэгъуэгурыкIуэ адыгэшым и дежкIэ ди гулъытэр иджыри зэ дгъэзэжыну ущхьэгъу къыдетри. Апхуэдэу щыщыткIэ, лъэпкъышым и зэфIэкIыр, и теплъэр зихуэдэр дуней псом хэIущIыIу щыщIыным лIыщIыгъуэ Iэджи зэрытедгъэкIуэдар дгъэнахуэу, щыгъуазэ фытщIынщ уанэщI Iэзэ Уэхъутэ Алий ди щэнхабзэ бейм хуилэжьым. АтIэ, япэрауэ, къыхэдгъэщынщ Алий зыхуеджа IэщIагъэр лъэпкъ Iуэхум зыкIи зэремыхьэлIар.

ЕджапIэ нэужьым ар Черкесск дэт КАСКАД-м металлургыу, АдыгэХьэблэ дэта чырбышыщI заводым инженер нэхъыщхьэу щылэжьащ. Иужьым зыкъомрэ Iуэху щищIащ Черкесск дэт кооперативхэм языхэзым, щытащ АдыгэХьэблэ райгазым и слесаруи, токаруи. КъуитIрэ зыпхъурэ иIэщ – Мурат, Тембот, Зарэ сымэ. Ди лъэпкъым кърихьэжьэ сыт хуэдэ дауэдапщэми жыджэру хэтыну зэрыхьэзырым гу щылъатэм, Адыгэ-Хьэблэ къуажэм и нэхъыжь Хасэм хагъыхьауэ и чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ яхъуажэу, и хьэрычэткIэ ядэIэпыкъуу хэтщ.

Алий уанэ ищIын иригъэжьащ имыгугъэххэу. Адыгэм и шыфэлIыфэр къызэрыщ хьэпшыпыжьу музейхэм щIэлъхэр зригъэлъагъуну фIэфIти, Черкесск деж япэ дыдэу къыщегъуэт зы адыгэ уанэ, фэ телъу, ауэ мылауэ. Езыр апхуэдизу дахэкIейуэ щIати, хуэгъэщIагъуэтэкъым ар и нэIуасэ шыхъуэхэм яйхэм ябгъэщхь зэрыхъун гуэри зэрыхэмылъыр. Шым ехьэлIауэ хъуам гукъыдэж ин хегъуатэ абы дапщэщи. Музейм щилъэгъуауэ щыта уанэм ищIыIужу, и къуажэгъу гуэрми къригъэлъэгъуащ адыгэ уанэжь бэлыхь, иджы ящIхэм ещхьу мыдауэ. Ар къищтэу гъунэгъуу щызэпиплъыхьым, егупсысащ: «Сытегушхуэмэ, сэри схуэмыщIыну пIэрэ мыпхуэдэ уанэ?» — 2000 гъэхэм ипэхэм уанэ зыщIу ди хэгъуэгум исыр мащIэт.

Сэ, ди лъэпкъ щэнхабзэм фIы гуэр хуэсщIэну сыгузавэ дэнэ къэна, уанэ зэращIыр фIыуэ зэзгъэщIэну сыхуейти, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ тхыдэдж, этнограф КIыщ Хьэзрэталий и «Тефлъхьэ фи шым уанэ» тхылъыр къэзгъуэтри къизджыкIащ адыгэшым, уанэщI IэщIагъэм, Iэпслъэпс гъэхьэзырыкIэм ятеухуа куэд. Макъамэ Iэмэпсымэхэр телъыджэлажьэу къэзыгъэщIэрэщIэжу икIи зыщIу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ мастер Ойберман Владимир нэIуасэ къызэрысхуэхъуар си насып къихьащ. «Хъуапсэм и псэр псэхукъым», жаIэ.

Сыт щыгъуи сыхъуапсэт си бынхэр щыцIыкIу лъандэрэ шыкIэпшынэ еуэфу згъэсэну. Езыхэми яфIэщIэщыгъуэт а Iэмэпсымэр, ауэ Къэрэшей-Черкесым деж къадэзгъэлэжьэн сымыгъуэтурэ, скрипкэм хуеджэну щIэзгъэтIысхьащ Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ колледжым. Щыми шыкIэпшынауэ къахэмыкIами, Ойберманыр ныбжьэгъу къыщысхуэхъум, езым ищIауэ шыкIэпшынэ дахэ тыгъэ къысхуи щIащ, и фэеплъу зесхьэну, — лъэпкъ щэнхабзэм хэту и сабиищыр къызэригъэтэджам къытопсэлъыхь Уэхъутэр. Ойберманращ КIыщым деж ар зышэу уанэщI IэщIагъэм теухуауэ езыгъэчэнджэщари. Абы къыжриIащ уанэщI IэпэIэсэхэр куэдкIэ мащIэ зэрыхъуар икIи и гуапэу къригъэлъэгъуащ и лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Адыгэ-Хьэблэ къызэрысыжу, унагъуэ-унагъуэкIэрэ ежьащ жьы хъуа, шым трамылъхьэж уанэхэр къилъыхъуэну. Ахэр зэпкърихыурэ еплъыну хуейт зэрыдамрэ зэрызэхэщIыхьамрэ. И япэ уанипщIым щIигъур къехъулIакъым Алий. Хьэзрэталий и тхылъым зэреджауи абы къехьэлъэкIт нокIуэкIэ IэщIагъэ гугъум есэныр. Тыншу хузэхуэгъэхъутэкъым уанэгущхьэнтэр зыдэпха къуапэхэм жыпхъэ ятыныр, инэхъыбэм деж уанэр шым и тхыцIэм дахэ цIыкIуу хутегъэгъуалъхьэтэкъым.

Абы папщIэ, полиэтилен триубгъуэурэ, жыпскIэ шым и тхыцIэм зэрытехуэнум хуэдэу, уанэм и жыпхъэр игъэжт. Уэхъутэм уанэпкъыр пхъэфIхэм къыхех: уанэкъуапэхэр дейм, уанэпхъафэ лъэгур пхъэщабэм, щихум е дзэлым. Фэр Ставрополь къыщищэхумэ нэхъыфIу къелъытэ: «ФащIэу ущымыту уи Iуэхур псынщIэу кIуэтэнукъым, сыту жыпIэмэ, уанэр къызыхах былымыфэр бгъэкъэбза, тепщыкIа нэужь, уадэкIэ зыкъомрэ ухэуэурэ боупIэ, итIанэ ботхьэщI, бокъузыжри, градус 50 хуабагъ зыIыгъ пэшым щыбогъэгъу», — уанэфэр бгъэхьэзырыну зэрыгугъур къыхегъэщ IэпэIэсэм. Абы зи лэжьыгъэкIэ нэхъ игу ирихь, щапхъэ зытрих уанэщIхэм ящыщщ Мэстафэ Вячеслав, ХъуэкIуэн Арсен, ПIэтIокъуэ Айдэмыр сымэ. «Сэ сщIы уанэхэр махуэ еным шым уритес мэхъу, гъэтэрэфэрауэ, дыжьынкIэ е нэгъуэщI гуэркIэ гъэщIэрэщIауэ щыткъым ахэр, ауэ укъамыгъэукIытэу дэни уахьынущ, куэдри пхуэлэжьэнущ», — жеIэ уанэщIым.

Алий уанэ яхуещI Къэрэшей-Черкесми, Адыгэ Республикэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми щыщ шыхъуэхэм. И Iуэху бгъэдыхьэкIэр псоми ягу дохьэ, уеблэмэ уанэ зыхуищIахэм я чэнджэщкIэ нэгъуэщIхэми зыкъыпащIэурэ лэжьыгъэ кърат. «Уанэм лIы имысмэ — пхъэтIаркъу» жи адыгэм. Уэхъутэ Алий мис а псалъэжьым къимыгъэпсэууэ, зиш уанэ тезылъхьэхэр нэхъыбэ хъужыным папщIэ илъэкI къимыгъанэу пасэрей адыгэ IэщIагъэр нобэр къыздэсым едж. Иужьрейхэми пхъэм елэжьын щIидзауэ, Iэнэ лъакъуищ дахащэхэри ещI. 2026 гъэм зи цIэ иIуа МафIэш Плъыжьым и IумпIэр дыубыду IуэхуфIхэм дадэшэсмэ, ар къытIэщIэзычыну хьэзыр ди ныкъуэкъуэгъухэм япэ дищауэ, я нэ вагъуэр ядгъэлъагъужауэ къыщIэкIыну догугъэри, адыгэ щэнхабзэм и жьэгу мафIэр хэти хуэблэну, псэуныгъэ быдэ иIэну Тхьэм жиIэ!

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *