
Накъыгъэм (майм) и 31-м тутын ефэныр щыгъэтыжыным и Дунейпсо Махуэщ. Абы махуэ щхьэхуэ щIыхухахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр цIыхум и узыншагъэмкIэ абы зэранышхуэ зэрыхэлъыр, тутынафэхэм япэщIэтыныр, ар хыфIэзыдзэжыну зигу къихьахэм ядэIэпыкъунращ.
Тутыныр зи Iэпэгъухэм я узыншагъэм лей зэрырахыжыр, абы узыфэ шынагъуэхэр къызэрыдэхъейр щIэныгъэлIхэм къахутагъэххэщ. Тутынафэхэр гъэмэщIэным хуэгъэзауэ Iуэхугъуэ куэд ирагъэкIуэкIми, ар къэзыгъэсэбэпхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъур къыджиIащ Къэрэшей-Черкес Республикэм и наркологическэ диспансерым и психиатр-нарколог Труфановэ Галинэ Георгиевнэ. — Республикэм тутын ефэнымкIэ нобэкIэ щытыкIэр сыт хуэдэ? Тутынафэхэр сыт хуэдэ ныбжьым ит? — ЩытыкIэр адрей хэгъуэгухэми хуэдэщ — жагъуэ зэрыхъущи, тутынафэхэр нэхъыбэ мэхъу. БжыгъэхэмкIэ къапщтэмэ, республикэм щыпсэу нэхъыжьхэм я процент 50-р тутынафэщ. Ауэ, иужьрей илъэсхэм электроннэ тутынкIэ зэджэхэр нэхъыбэу ди гъащIэм къыхыхьа зэрыхъуам къыхэкIыу, ди ныбжьыщIэхэм дежи а бжыгъэр процент 40-50-м нэсащ. Хъыджэбз цIыкIухэр къапщтэмэ, ар процент 30-40 хуэдизщ. Ди щIэплъыкIыныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, республикэм тутын ефэхэр ику иту илъэси 9-17 зи ныбжьхэм къыщыщIедзэ. — Сыт хуэдэ тутын лIэужьыгъуэхэра нэхъыбэу къагъэсэбэпыр, нэхъ зэран къэзыхьыр? — Тутын лIэужьыгъуэхэр щыуэ зэщхьэщыхуащ — узэкъуфхэр (тутын шыхьахэр), гъуэзу зыжьэдэпшэфхэр (электроннэ тутынхэр — вейп, акос хуэдэхэр), бгъэныщкIуфхэр, узыщIэфыфхэр (снюс, насвай). А псори тутынщ. Снюсхэр иужьрей зэманым еджакIуэхэм нэхъыбэу къагъэсэбэп. Ар къыщIэзыгъэкIхэри хьилагъэм хуокIуэри бгъэныщкIу, узыщIэф IэфIыкIэхэм ещхьу ящI. СатущIапIэхэм хуитыныгъэ абыкIэ ямыIэми, ар IэфIыгъэкIэу жаIэурэ, тыншыбзу ящэ. ЖысIэну сызыхуейр аращи, ахэр зыIэрыгъэхьэным ныбжьыщIэхэр гугъу дехькъым.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.