«Выходные в Домбае» турист мафIэгур мазаем (февралым) и махуэщI, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм къэкIуэнущ Къэрэшей-Черкесым. Абы укъыщитIысхьэ хъунущ Тэн-Iут-Ростоврэ Краснодаррэ. МафIэгур сыхьэтыр 18:59-м Ростов-Главный станцым къыщежьэнущ мазаем и 20-м. Краснодар 1-м деж цIыхухэр кърагъэтIысхьэн щхьэкIэ мафIэгур щытынущ 23:14-м къыщегъэжьауэ 00-14-м нэгъунэ.
Мазаем и 21-м пщэдджыжьым хьэщIэхэр ди республикэм къыщрагъэблэгъэнущ. Хэгъуэгум зэрыщыIэну махуитIым я программэм къызэщIеубыдэ Домбай, Архъыз курортхэм нэгузегъэужь зэрыкIуэнумрэ щыуэпс щIыпIэ дахэхэр зэрызрагъэлъагъунумрэ. Ари къыхэдгъэщынщи, «Выходные в Домбае» турист мафIэгур «шэрхъхэм тет хьэщIэщ» гъэпсыкIэм иту зекIуэнущ. Абы хэтынущ иджырей вагон-купехэмрэ СВ-хэмрэ, вагон-шхапIэмрэ вагон-зыгъэпскIыпIэмрэ. ГъуэгупщIэм хохьэ пщэдджыжьышхэ зэрагъэшхэнури. МафIэгум игъэзэжынущ мазаем и 22-м пщыхьэщхьэм.
Краснодар къыщыувыIэнущ мазаем и 23-м сыхьэтыр 02:35-м, Тэн-Iут-Ростов нихусыжынущ 08:33-м. ГъуэгурыкIуэхэм билетхэр къыщащэхукIэ, къыхахыфынущ нэгузегъэужь турист пакетхэм ящыщ зыр. Программэр къыхэпхыу, езы экскурсиери зэбгъэпэщыфынущ мафIэгум уису. Турхэм я программэхэм защыбгъэгъуазэ, узэрызекIуэну дэфтэрхэр зэбгъэпэщ хъунущ «РЖД» ОАО-м и сайтым и «Турист мафIэгухэр» Iыхьэм деж.
Зыгъэхьэзырар АЛЪЭСЧЫР Мухьэзщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.