Тщыгъупщэкъым, дропагэ, догъэлъапIэ!

Ди къэрал уардэм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и махуэ хэхар — Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхудогъэхьэзыр. МахуэщIым хуэкIуэу республикэм и къалэхэмрэ муниципальнэ районхэмрэ ит, ди лIыхъужьхэм я фэеплъ сынхэр зэрагъэзэхуэж. «ЖытIэнщи, ахэр архитектурэ ухуэныгъэ закъуэкъым. АтIэ, абыхэм куэду яхэтщ Хэкум и хуитыныгъэм щIэзэууэ зи гъащIэр зыта ди сэлэт хахуэхэр здыщIэлъ къуэшыкхъэхэри. Апхуэдэ фэеплъ сын къэс – тхыдэм и нагъыщэ лъапIэщ, а илъэс шынагъуэхэм я тхыдэжьщ, лIыхъужьыгъэмрэ лIыгъэмрэ псалъэмакъыншэу щыхьэт техъуэщ.

Къыхэдгъэщыну дыхуейщ а зауэ дыджым зи щхьэр хэзылъхьахэм яхуэфащэ пщIэр зэрадгъэгъуэтыжыр, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къызэдгъэпэщурэ къыдогъэлъагъуэ ветеранхэм фIыщIэ зэрахуэтщIыр, щIэблэхэм яку дэлъыну зэпыщIэныгъэр дохъумэ, нобэрей ди лIыхъужьхэм — зауэ операцэ хэхам хэтхэм защIы-догъакъуэ.

Тхыдэ фэеплъыр хъумэныр — къытщIэтаджэ щIэблэм и пащхьэм щыдиIэ ди къалэнщ. Ди хуитыныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я цIэкIэ ди нэхъыжьхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм, 19411945 гъэхэм екIуэкIа зауэм теухуа пэжыр абыхэм янэдгъэсыныр ди пщэрылъщ.

Си фIэщ мэхъу зэрагъэзэхуэжа фэеплъ сынхэр ди къарум, ди зэкъуэтыныгъэм, Урысейм и къэкIуэныфIымкIэ гугъапIэ къыдэзыт щIыпIэ зэрыхъунур.

Ди къэралым и блэкIамрэ и нобэмрэ ди сабийхэм яхуэдывгъэIуатэ, тхыдэ щIэиныр дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ. Апщыгъуэращ ди лIыхъужьхэр зэи щытщымыгъупщэнур!» — телеграмм-каналым щиIэ напэкIуэцIхэм щитхащ республикэм и Iэтащхьэм.

КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *