Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щаухуэ еджапIащIэр мы еджэгъуэ илъэсым къызэIуахыжыным епэщIэкIыу хуагъэхьэзыр. Пэжыр жыпIэнумэ, ухуэныгъэр и кIэм нэгъэсынымкIэ иджыри лэжьыгъэшхуэ къапэщылъщ. ИкIи мы зэманым Iуэхухэр зэлъэщIэгъэхьэным ухуакIуэ гупи 8 йолэжь… 1930 гъэхэм яухуауэ щыта еджапIэр зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэм куэд щIат зэрыхуэныкъуэрэ. Классхэм я къызэгъэпэщыкIэр зэманым зэрыдемыкIужым и мызакъуэу, еджакIуэхэри яхущIэгъэхуэжтэкъым, сменитIу еджэ пэтми.
«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэ программэм ипкъ иту абы ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр щрагъэжьауэ щытащ 2023 гъэм. Иджы, метр зэбгъузэнатIэ мини 9,9-рэ хъууэ, еджакIуэ 600-м ятегъэпсыхьауэ яухуэ еджапIэ щэджащэр къыщызэIуахыжыным темыпыIэжу поплъэ адыгэхьэблэдэсхэр. — Ди егъэджакIуэхэри, адэ-анэхэри темыпыIэжу дожьэ ди еджапIэщIэм. ПIалъэ ягъэбелджылар къызэрынэсым нэхъри дегъэпIейтей, ауэ дэтхэнэми къыдэлъытар догъэзащIэ. Иджыпстуи махуэ къэс еджапIэм докIуэ, блынхэр зэралэну плъыфэхэр догъэбелджылы, нэгъуэщI IуэхухэмкIэ подрядчикым дыдолажьэ.
Сэ зэрыслъагъумкIэ, мы зэманым еджапIэр процент 60-70-кIэ ягъэхьэзыращ. Зэманыр къыткIэлъыхьащ, ауэ нэхъыщхьэр аращи, лъэныкъуэу хъуар зэпыугъуэ имыIэу ухыным йолэжь. Зыхуэныкъуэхэр къешэлIагъэххэщ, дащогугъ лэжьакIуэхэм ар яхуэгъэкъарууну, — Iуэхум дыщегъэгъуазэ еджапIэм и унафэщI Кхъуэхъу Белэ. Мы зэманым зы лэжьакIуэ гупыр еджапIэ пщIантIэм щолажьэ. Ар ягъэзахуэ, щIыгу иракIутэурэ къаIэт. Ухуэныгъэм и кIуэцIми Iуэху зыбжанэ щызэдахь: зы гупым еджапIэ кIэлындорхэм кафель щралъхьэ, адрейхэм блын джабэхэр ялэ, блыныщхьэхэр ящI, нэгъуэщI Iуэху куэди зэдащIэ. Куэд щIакъым, ухуэныгъэм и Iуэхур зэрызэкIэлъыкIуэм еплъыну, Адыгэ-Хьэ блэ муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Астэжь Мыхъутар я пашэу еджапIэм къеблэгъащ КъЧР-м къыбгъэдэкIыу УФ-м и сенатор Къэзэнокъуэ Кърым, Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Смакуев Дагир, нэгъуэщIхэри. Абыхэм уасэ хуащIащ лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, ухуэныгъэхэр щаухынымкIэ, къагъэсэбэп псэуалъапхъэхэм я фIагъымкIэ подрядчикым епсэлъащ. Iуэхур зэрыкIуатэми арэзы техъуахэщ.
ЕджапIэм и унафэщIым къызэрыхигъэщымкIэ, ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр я нэIэм щIагъэт сенаторхэми, депутатхэми, адэ-анэхэми. ИкIи, шэч хэлъкъым, еджапIэр фIагъ хэлъу зэраухуэм. Лэжьыгъэхэр зэрынагъэсу, классхэм щIэтыну унэлъащIэхэри къызэрашэжыным хуэдэу зэрыхьэзырыр жиIащ унафэщIым.
— Апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ дызэжьа ухуэныгъэм, иджы тIэкIурэ зытIэжьэжмэ диIэ хъунущ еджапIэ дахэшхуэ, зэманым декIуу сытымкIи къызэгъэпэщауэ. Абы хэтщ цIыху 328-рэ зыщIэхуэ актовэ пэш, спорт пэшышхуитI. Зэуэ еджакIуэ 300 зыщIэхуэну шхапIэри хьэзырщ. Абы хэтщ ерыскъы здызэрахьэну щIыIэлъэ пэшхэри. Дохутыр пэшищ щылэжьэнущ, егъэджакIуэхэм я пэшищ хэтынущ. Классышхуэу, нэхуу 40 ягъэхьэзыр. ИтIанэ узыншагъэкIэ зи зэфIэкI иримыкъу еджакIуэхэм папщIи лифт хагъэувэнущ. ЕджакIуэхэм щIэныгъэ нэс ягъэгъуэтынымкIэ щытыкIэфI диIэ мэхъу. Абы дримыгуфIэу къанэкъым. ФIыщIэшхуэ яхузощI ар тхузэфIэзыгъэкIа республикэм и унафэщIхэми, депутатхэми, абы зи гуащIэ хэзылъхьа дэтхэнэми, — жеIэ еджапIэм и унафэщIым.
Адыгэ-Хьэблэ къуажэм и еджакIуэхэр IуэхущIапIэ зырызкIэ гуэшауэ еджэу щытащ, зы IуэхущIапIэм зэрыщIэмыхуэм къыхэкIыу. Ухуэныгъэр екIуэкIыхункIэ еджакIуэ нэхъыжьхэр къуажэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм щеджащ. Лэжьыгъэхэр зэнагъэсмэ еджапIитIри зэхагъэхьэжын я мурадщ.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.