ИлъэсыщIэм ипэ къихуэу Хьэбэз къуажэм дэт, Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм республикэм и егъэджэныгъэ бэзымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхугъуэфI щекIуэкIащ — гуфIэгъуэ дауэдапщэ иным щIэту, хэгъуэгум и жылагъуэри хэту, мыбдеж къыщызэIуахащ Къэрэшей-Черкес Республикэм щIыхь, ищхьэ нагъыщэ зиIэ и егъэджакIуэ, гуащIэдэкIым и ветеран ТЭМАЗЭ Гуащэ Хьисэ и пхъум и цIэр зезыхьэну, есэпымкIэ здыщрагъэджэну пэшрэ «ЛIыхъужьым и Партэ»-рэ. ЕджапIэм и щIыхьэпIэм кIэралъхьащ фэеплъ пхъэбгъу.
Фэеплъ дауэдапщэхэм хэтащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат, ДАХ-м и вицепрезидент, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, Хьэбэз районым и Iэтащхьэ Тэмазэ Рэмэзан, Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэжь Олег, Хьэбэз район администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и унафэщI Сидакъ Жаннэ, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и дохутыр, УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и отличник, Псыхуабэ (Пятигорск) къалэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ, Псыхуабэ медикофармацевтическэ институтым терапевтическэ дисциплинэхэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ, анэфIым — Тэмазэ Гуащэ ипхъу щыпкъэ Беслъэнейхэ Зулетэрэ и унагъуэмрэ, абы и ныбжьэгъухэр, илъэс щэныкъуэм къриубыдэу Тэмазэ Гуащэ зыдэлэжьахэмрэ иригъэджахэмрэ. «Нобэ ди еджапIэм щекIуэкI Iуэхугъуэм и купщIэм егъэджэныгъэм хуэлажьэхэмкIи, адыгэ лъэпкъым дежкIи уасэшхуэ иIэщ.
АтIэ, зи бжэр къызэIутх пэшым зи цIэр зэрихьэну егъэджакIуэ щыпкъэм ди еджапIэм и гъащIэми, ди лъэпкъым и егъэджэныгъэ тхыдэми къыпхуэмылъытэн гуащIэшхуэ хилъхьащ, щIэблэ куэдым яхуэгъэза лъэужь гуащIафIэ къигъэнащ. Жылагъуэр нобэ дыкъыщIызэхуэсар фIыщIэрэ щIыхьрэ хуэтщIу есэпымкIэ егъэджакIуэ лъэщу мы еджапIэм щылэжьа Тэмазэ Гуащэ и фэеплъ нэхур дгъэлъэпIэнращ, а цIыху къызэрымыкIуэм лъэпкъым и щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ хуиIа фIылъагъуныгъэр, гъэсэныгъэм хилъхьа гуащIэр, и гъащIэ псом зытелэжьа Iуэхум хуигъэтIылъа псэемыблэжыныгъэр, абы хэлъа шыIэныгъэ гъунэншэр зэрытщымыгъупщэр иджыри зэ нэрылъагъу тщIынращ», — Iуэхугъуэр къызэIуихкIэрэ, абы къеблэгъа хьэщIэхэм гуапэу захуигъэзащ Арэшыкъуэ Рафаел и цIэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапIэм и унафэщI Хъупсырокъуэ Иринэ.
КъыкIэлъыкIуэуи, Тэмазэ Гуащэ и цIэр зезыхьэну класс пэшыр къызэIузыхыну щIыхьыр хуагъэфэщащ еджапIэм и унафэщIымрэ зи щIыхьыр ягъэщыпкъэ егъэджакIуэм ипхъу закъуэ Беслъэнейхэ Зулетэрэ. А тIуращ зэщIыгъуу лентIэ плъыжьыр зэпызыупщIари… ХьэщIэхэр ирагъэблэгъащ есэпым здыхурагъэджэну пэш Iэхуитлъэхуит дахащэм. ИкIи, псори етIысэха нэужь, Iуэхугъуэ дахэм къекIуэлIахэр щагъэгъуэзащ «Парта Героя» Урысейпсо егъэджэныгъэ проектым ипкъ иту Тэмазэ Гуащэ и цIэр зезыхьэну «ЛIыхъужьым и Партэ»-р къызэрызэIуахыным зэрыхуэкIуам.
«ФIыщIэ ин сощI апхуэдэ щIыхьыр къызэрысхуагъэфэщам папщIэ – егъэджэныгъэм гуащIэшхуэ хуэзыгъэтIылъа ветеран Тэмазэ Гуащэ и цIэр зезыхьэну партэм сызэрыбгъэдэсынымкIэ. Си гушхуэныгъэр гъунэншэщ. Фызогъэгугъэ дяпэкIи фIыуэ седжэну, гъэсэныгъэ схэлъыну, еджапIэ гъащIэм, районым, республикэм, уеблэмэ къэрал псом я жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру сыхэтыну», — игъэщыпкъащ Нурий.
«Дэ псалъэ дот ди ныбжьэгъухэмрэ нобэрей Iуэху дахэм къеблэгъа хьэщIэхэмрэ я пащхьэ: хэкум хэкупсэу дыхущытыну, цIыху пэжу дунейм дытетыну, еджэнымкIи гъэсэныгъэмкIи щапхъэ дыхъуну, гъащIэ узыншэ къэдгъэщIэным дыхущIэкъуну, дыгушхуэу лIыхъужьым и партэм дыдэсыну!» — къыщIигъужащ Самирэ. — Фригушхуэ, апхуэдэ егъэджакIуэфIым и цIэр зезыхьэну партэм япэу фыпэрытIысхьэну щIыхьыр къызэрыфхуагъэфэщамкIэ! НыбжьыщIэхэ! Мы класс пэшыр – ар блынхэмрэ партэхэмрэ я закъуэкъым. Мы щIыпIэм зэпымычу щыпсэунущ Тэмазэ Гуащэ щIэныгъэхэм я пащтыхь гуащэм зэрыхуэкIуа ерыщагъыр, нэрыгъыр, а егъэджакIуэ щыпкъэм есэпым хуиIа фIылъагъуныгъэр. Ди фIэщ мэхъу щIэблэ куэд лIыхъужьым и партэм, абы зи цIэр зэрихьэ егъэджакIуэфIым бгъэдэлъа IэпщIэлъапщIагъ иным зэригъэгушхуэнур, нэхъри нэхъыфI зэрыхъуным зэрыхущIигъэкъунур.
ЩIэныгъэм здыхуэпабгъэ, есэпым фIылъагъуныгъэ мыкIуэщI здыхуащI щIыпIэ ирехъу мы пэшри, мы тIысыпIэри! ФIыщIэ ин яхуэфащэщ проектыр гъэзэщIэн хуейуэ къыхэзылъхьахэм, зыгъэзэщIахэм, щIэблэм я унэтIакIуэ емышыжу ящхьэщыта, егъэджакIуэ нэхъусауэ щыта Тэмазэ Гуащэ и цIэр уахътыншэ зыщIахэм. Апхуэдэ цIыху къызэрымыкIуэхэм я гъащIэ щIэиныр уасэншэщи, ирепсэу ар гъадэщIыдэкIэ! – хъуэхъу гуапэхэр къабгъэдэкIащ Гуащэ иригъэджахэм, дэлэжьахэм.






Абы къыкIэлъыкIуэу, Тэмазэ Гуащэ илъэс щэныкъуэ зыхуигъэтIылъа есэпымкIэ ехъулIэныгъэ къэзыгъэлъагъуэ ныбжьыщIэхэр здызэпеуэну олимпиадэр зэрырагъажьэр къыхалъхьэри, районым ит еджапIэхэм къабгъэдэкIа, фIым я нэхъыфI еджакIуэхэр пэш щхьэхуэхэм щIагуэшащ. НыбжьыщIэхэм я пщэрылъхэр щагъэзэщIэну пIалъэм къриубыдэу, хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ Тэмазэ Гуащэ хуэгъэза нэгъуэщI фэеплъ Iуэхугъуэм — курыт еджапIэм и щIыхьэпIэм къыщызэIуахыну пхъэбгъум. «Нобэ мы еджапIэм къыщекIуэкI Iуэхугъуэ къызэрымыкIуэхэр хуэфащэ дыдэщ Тэмазэ Гуащэ и фэеплъыр бгъэщыпкъэнымкIэ. А егъэджакIуэ нэхъусам дэтхэнэми дигухэм лъэужь дахэ къыщигъэнащ. Тэмазэ Гуащэ тщымыгъупщэ къудейкъым, атIэ абы и щапхъэм дытету, дгъэлъапIэу дрокIуэ.
ИкIи, мы фэеплъ пхъэбгъум къигъэлъэгъуэнущ щIэныгъэр гъадэщIыдэкIэ зэрыпсэур, зэрымыкIуэдыр. Гуащэ ехьэлIа фэеплъри апхуэдэнущ — ар щIэблэ бжыгъэм зэIэпахынущ. Мы фэеплъ пхъэбгъум игъэщыпкъэнущ егъэджакIуэ лъэрыхьу, унэтIакIуэ нэхъусауэ къытщхьэщыта, дызыдэлэжьэн ди насып къихьа Тэмазэ Гуащэ къикIуа, псэемыблэжыныгъэ зыхилъхьа и педагогическэ гуащIэдэкI гъуэгуанэр. Ар — зи цIэр хьэрфышхуэкIэ птхын хуей егъэджакIуэщ, лъэпкъым и щIэблэм щIэныгъэ куу егъэгъуэтынымкIэ гуащIэ уасэншэ зыгъэтIылъахэм ящыщщ, а егъэджакIуэм хуэтщI пщIэмрэ щIыхьымрэ зэрытщымыгъупщэм и щапхъэ нэсщ» — жиIащ КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Урысей Федерацэм егъэджэныгъэмкIэ пщIэ зиIэ и лэжьакIуэ, ищхьэ нагъыщэ зыбгъэдэлъ, лицейм щезыгъаджэ МыкIытIэ Фатимэ.
Къэпсэлъэныгъэхэм къакIэлъыкIуэу, фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахыну хуагъэфэщащ Тэмазэ Рэмэзанрэ зи щIыхьыр яхъумэ егъэджакIуэм и пхъурылъху щIэблэмрэ. А Iуэхугъуэм хэтахэм фэеплъ пхъэбгъум и лъабжьэм щагъэтIылъащ удз гъэгъахэр… «Зэманыр зейр ар IуэхукIэ зыгъэнщIыфырщ…» Тэмазэ Гуащэ и фэеплъыр зыхъумэ щэнхабзэ программэм къриубыдэу, адэкIэ хьэщIэхэр ирагъэблэгъащ «Фэеплъымрэ гукъэкIыжхэмрэ я пшыхь» зыфIаща зэхыхьэм икIи ар ирагъэжьащ егъэджакIуэм и къекIуэкIыкIамкIэ. Дэри дыкъытеувыIэнщ абы щхьэхуэу. Тэмазэ Гуащэ Хьэбэз къуажэм дэс Хьисэрэ Ламэрэ я унагъуэм 1932 гъэм мэкъуауэгъуэм (июным) и 15-м къихъухьащ.
И адэ Хьисэ ящыщщ мылъку мымащIэ хэзылъхьэу колхозым япэу хыхьахэм. Абы и цIэр къуажэм и тхыдэм къыхэнащ лэжьакIуэфIу, мэкъумэш IэщIагъэхэм хуэIэзэу, икърар иIэу цIыхухэм щапхъэ зытрахыу, зыдэплъейуэ. ФIыуэ зэрыпсэум, мылъку зэрыбгъэдэлъым къыхэкIыу зэхэзехуэн ящIауи щытащ. Ауэ а щIалэр зэманми гугъуехьхэми къахуэгъэшакъым. Абырэ и щхьэгъусэмрэ зэдапIащ я бынхэри, дунейм ехыжа и къуэшым къыщIэна сабийхэри. Гуащэ и цIэр хуэфащэ дыдэу хатхащ Хьэбэз районым и егъэджакIуэ-гъэсакIуэ нэхъыфI дыдэхэм я дыщэ фондым. Ар яхуэдэщ щIэныгъэкIи гъэсэныгъэкIи щапхъэу «Нарт» эпосым хэта бзылъхугъэхэм. ЛIыщIыгъуэ кIуам и 1930 гъэ гугъухэм адэ-анэм Гуащэ лъэкIыныгъэ ирагъэгъуэтащ еджэну, езыр къыздэхъуа Хьэбэз къуажэм и курыт еджапIэр ехъулIэныгъэ хэлъу 1952 гъэм къиухыну. Абыи гу лъыттэнщи, ар Хьэбэз курыт еджапIэм щеджахэм я япэ къыщIэкIыгъуэт. ЗэрыцIыкIу лъандэрэ егъэджакIуэ хъуну зэрыщIэхъуэпсу щытар зригъэхъулIащ пщащэм, 1954 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогическэ, егъэджакIуэ институтым щIыхьэри. ИкIи, есэпым и егъэджакIуэу абы лэжьэн щиублащ Хьэбэз районым и КъызылЮрт къуажэ еджапIэм. ЕхъулIэныгъэ хэлъу сабийхэм алгебрэмрэ геометриемрэкIэ щIэныгъэ ябгъэдилъхьэт. Зы зэман гуэркIэ гугъу зыщригъэхьащ Инжыдж-КIыкIун къуажэ еджапIэми. Иужьым и псэм хуихь и къуажэм — Хьэбэз курыт еджапIэм и гуащIэдэкI лэжьыгъэм щыпищащ. И лэжьыгъэм и япэ махуэхэм къыщегъэжьауэ Гуащэ адэ-анэхэр лъэщтэгъу зыдищIурэ, пылъащ дэтхэнэ еджакIуэми бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтыным.
АбыкIи белджылы ищIт нэхъапэу икIи нэхъыщхьэу гу зылъытапхъэхэр, сабийм и зэфIэкIхэр нэхъ зыхуэунэтIар. КъинэмыщIауэ, абы щIэх дыдэ къыгурыIуащ: егъэджакIуэ, гъэсакIуэ нэгъэса ухъун щхьэкIэ сабийхэр фIыщэу плъагъун, езыхэри уи лъагъуныгъэм къыпэджэжу бгъэпсын зэрыхуейр. Апхуэдэуи, къэбгъэушын хуейт сабийхэм яхэлъ зэчийр, абыхэм еджэныр, ящIэ Iуэхур фIыуэ ялъагъун, нэгъуэщIхэм пщIэ хуащIу, я щхьэми пщIэ хуащIыжын папщIэ. ЕгъэджакIуэм илъагъут икIи игу ириубыдэт еджэныр къызыдэмыхъу сабийхэр, ахэр дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр. Ар класс нэщI лъыхъуэмэ, абы къикIт, гугъу ехь сабийхэр къигъанэу зэрадэлэжьэнур. АтIэ, хэти зэрищIэщи, математикэр фIыуэ зыцIыхур гъащIэм деж Iуэхуншэу къэнэнукъым, сыт хуэдэ экономикэ проектми и лъапсэр математикэращ. Ар фIыуэ зыщIэр гугъу дехьынукъым физикэми, химиеми, нэгъуэщI предметхэми.
ГъащIэр езыр бжыгъэ зэфэзэщу зэхэтщ. Абы къыхэкIыу Тэмазэ Гуащэ хуэщхьэхтэкъым и классхэм хэсхэм къинэмыщIауэ, гъунэгъу сабийхэми гъэ кIыхьагъым, каникулхэри хэту, ядэлэжьэным. ЕгъэджакIуэ, гъэсакIуэ, чэнджэщэгъу. Иджыри сыт хуэдэ синонимхэр къэтлъыхъуэн хуей Тэмазэ Гуащэ сабийхэм, еджапIэм, щIэныгъэ IэнатIэм яхуищIар къридгъэлъэгъуэн папщIэ? Ар щхьэпэт сабийхэр балигъ хъуным, абыхэм я хьэл-щэныр зэманым тригъэпсыхьт. Абы зэрыригъэджа, зэригъэса Iэмалхэр нобэр къыздэсым пщIэ иIэу еджапIэхэм къыщагъэсэбэп. Шэч хэлъкъым игъэса, иригъэджа, гъащIэ гъуэгу занщIэ тригъэхьа дэтхэнэ сабийми и егъэджакIуэр фIыкIэ игу къызэринэжам. И гъэсэнхэм, еджапIэм къыщIигъэкIахэм зыIэрагъыхьа ехъулIэныгъэхэм нэхъ тыгъэ лъапIэ егъэджакIуэм и дежкIэ щыIэкъым. Апхуэдэхэр Гуащэ и куэдыщэт.
Хьэбэз курыт еджапIэм и япэ къыщIэкIыгъуэр Тэмазэ Гуащэ щIыгъуу 1952 гъэм къэзыухахэм ящыщщ ПIэф ФуIэд. Абы игу къызэригъэкIыжымкIэ, «Тэмазэ Гуащэ хуэдэу ди егъэджакIуэ псори лэжьамэ, еджапIэр къыпхуэмыцIыхужыну нэгъуэщIу щытынут. Абы и еджакIуэхэм ярита хьисэп щIэныгъэхэр уасэншэщ. Абы сабийхэр иригъэджа къудейкъым, ахэр игъэсащ гуащIафIэу, хэкупсэу. Гуащэ еджапIэм къыщIигъэкIахэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI адыгэ лъэпкъыр къызэтегъэнэнымрэ абы зиужьынымрэ. Абыхэм я егъэджакIуэр нобэр къыздэсым гуапэу ягу къагъэкIыж»…
Тэмазэ Гуащэ и лэжьыгъэм хуэдэу, и унагъуэри фIы дыдэу къехъулIащ. Ар щытащ анэ, нанэ, нанэшхуэ насыпыфIэу. Абы пхъуфI ипIащ – Беслъэнейхэ я нысэ Зулетэ. Ар Урысейм щIыхь зиIэ и дохутырщ. Сабий дохутырщ. И анэр щыпсэуам и пхъур Хьэбэз хьэщIапIэ къыщыкIуэкIэ, я гъунэгъу бзылъхугъэхэм я сабийхэр я гъусэу я деж къишэт, ипхъу дохутырыр абыхэм яригъэплъын, сымаджэхэм Iэзэгъуэ къахуигъуэтын папщIэ… ЕгъэджакIуэм и кхъащхьэ мывэ сыным тетщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Зэманыр зейр ар IуэхукIэ зыгъэнщIыфырщ». Тэмазэ Гуащэ и гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр къэзыIуатэ а псалъэ Iущхэм ящIыбгъужын щыIэкъым…
***
Тэмазэ Гуащэ и гъащIэмрэ и гуащIэдэкI лэжьыгъэмрэ я къекIуэкIыкIам убгъуауэ къытепсэлъыхьа нэужь, а егъэджакIуэфIым дэлэжьахэм, къапщтэмэ, КъЧР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, методист Щхьэгуэш Iэминат купщIэшхуэ хэлъу игу къигъэкIыжащ и лэжьэгъу бзылъхугъэм и лэжьыгъэм хуиIа IэпщIэлъапщIагъ иныр, хэлъа псэ хьэлэлагъыр, есэпым хилъхьэу щыта псэемыблэжыныгъэр, еджакIуэ къэс бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ яхуиIэу, хущIэкъуныгъэ, гушхуэныгъэ зэрабгъэдилъхьэу щытар. «Тэмазэ Гуащэ и цIэр Хьэбэз районым, уеблэмэ республикэ псом и егъэджакIуэфIхэм я дыщэ фондым хуэфащэ дыдэу хэтщ. Абы хэмыгъуэщэжын лъэужь гуащIафIэ къытринащ дунейм, къыхинащ лъэпкъым, здэлэжьа еджапIэм и гъащIэм, и тхыдэм. Ар и IэщIагъэм зэрыхуэщыпкъэу щытар, хэлъа гурыхуагъыр, гуапагъэр егъэджакIуэ куэдым щапхъэ яхуэхъуу ноби къогъуэгурыкIуэ.
Нобэ Тэмазэ Гуащэ и фэеплъыр дгъэлъапIэ къудейкъым. АтIэ, дэ псоми икърар тхэлъу пыдощэ Гуащэ фIыщэу илъагъуу щыта и лэжьыгъэм, догъасэ, идогъаджэ щIэблэщIэр, щIэныгъэмрэ гуащIэдэкI лэжьыгъэмрэ фIыуэ ялъагъуу къыдогъэтэдж. Гуащэ егъэджакIуэ къудейтэкъым. Ар щIэблэм я унэтIакIуэт, зыри зыхузэфIэмыкIыну къызыщыхъухэм я гур къэзыIэтт, зыгъэгушхуэт. Абы и дерсхэр нэгузыужьым хуэдэт – сыт хуэдэ къалэнми еджакIуэр дригъэхьэхт. ЕгъэджакIуэ щыпкъэу дунейм тета Тэмазэ Гуащэ лъэхъэнэ псо къызэщIеубыдэ. А илъэсхэр егъэджакIуэм игъэнщIыфащ зыми хуэбгъадэ мыхъуну къызэригъэпэщу щыта и дерс пэжхэмкIэ, хэлъа шыIэныгъэмкIэ, зи гъащIэ псор зыхуигъэтIылъа есэпым хуиIа фIылъагъуныгъэмкIэ, и псэм хуихьу щыта и еджакIуэхэм ябгъэдилъхьа гуащIэмкIэ.
Тэмазэ Гуащэ къигъэнар щIэныгъэм хуэгъэза щIэин закъуэкъым. АтIэ, псом нэхъыщхьэу, ар щапхъэ яхуэхъуащ уи лэжьыгъэр фIыуэ зэрыплъагъуфынымкIэ, укъызыхуэгъэщIа IэщIагъэм, еджакIуэхэм уазэрыхуэщыпкъэнымкIэ. Абы и дерсхэр – тхылъым и напэкIуэцI къудейтэкъым. АтIэ, ар еджакIуэ къэс ябгъэдилъхьэ и псэт. Гуащэ гушхуэ зыкIуэцIылъ егъэджакIуэт, зи нэгум гуапагъэмрэ псэ щабагъэмрэ зэпымыууэ къызэрыкIт…
Зэманыр къызэтемыувыIэу мэкIуатэ. Ауэ пщIэшхуэ зыхуэфащэ цIыхухэм я фэеплъыр IэщIыб хъукъым. Апхуэдэщ Тэмазэ Гуащэ хуэгъэза гукъэкIыжхэри. Ахэр щопсэу дигухэм, ди гупсысэхэм. ИгъащIэкIи дигу ихунукъым абы щIэблэм хилъхьа псэемыблэжыныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ», — къыхигъэщащ пщIэшхуэ зиIэ егъэджакIуэм и къэпсэлъэныгъэм. Абы къыкIэлъыкIуэу, видео-нэтын щIыкIэм тету, пшыхьым къеблэгъахэр ирагъэплъащ егъэджакIуэфIым щIэныгъэ гуащIэ куу зыбгъэдилъхьахэм ящыщхэм — нобэ зи щIэныгъэкIэ, лэжьыгъэкIэ, гъэсэныгъэкIэ гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым къыхэщхэм, къэрал унафэщI къулыкъу лъагэхэм бгъэдэтхэм. Иригъэджахэм ящыщуи, псалъэ гуапэ утыкум щигъэIуащ фIым я нэхъыфI еджакIуэу иIа Даур Долэт. Къапщтэмэ, къэпсэлъахэм къыхагъэщащ егъэджакIуэм и есэп дерсхэр зэрыригъэкIуэкIыу щытар зэращымыгъупщэр. ГъащIэм щытыкIэ хьэлъэ щиува пIалъэхэм щыгъуи ягу къагъэкIыж зэпыт я егъэджакIуэфIым къажриIэу щытар: «Нэхъыщхьэр – фи псэр гузэвэгъуэм хэвмыгъэхуэныр, бгъэдыхьэкIэ тэрэз къэфлъыхъуэнращ!». Формулэхэмрэ теоремэхэмрэ зэраригъащIэм къыдэкIуэу, абы мыхьэнэшхуэ хуищIт логическэ гупсысэкIэм, еджакIуэм хэлъын хуей ерыщагъым, икIи, щIэблэр и къарум щыгугъыжу игъасэт.
И гугъу ящIащ Тэмазэ Гуащэ хэлъа гушыIэми. АтIэ, ноби ящыгъупщэкъым абы жиIэу щытар:
«… Ар нысэ хъунукъым, математикэр ицIыхукъым!». Мис, апхуэдэ цIыху къызэрымыкIуэт зи щIыхьыр а махуэм яIэта а егъэджакIуэфIыр. Щэнхабзэ программэр Пшыхьым ипкъ иту утыкум щыжаIа къэпсэлъэныгъэхэм къакIэлъыкIуащ икъукIэ гъэнщIа щэнхабзэ программэри. Ар ягъэдэхащ лъэпкъым и гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ Къэралыбэ, Урысейпсо утыкухэм щызыIэт «Вагъуэбэ» макъамэ ансамблым, «Iэдииху» къэфакIуэ гупым. КъинэмыщIауэ, пшыхьым щыIуащ еджакIуэхэм Тэмазэ Гуащэ хуагъэфэща хэкупсэ усэхэр, егъэджакIуэ гупым утыку кърахьа уэрэдхэр. Пашэхэр къыхагъэщу ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, мы махуэм ныбжьыщIэхэр зыхэта есэпымкIэ олимпиадэ зэхашащ. ИкIи, иджы и чэзущ я цIэ къитIуэну зи гъащIэ псор егъэджэныгъэм тезыухуа, есэпым фIылъагъуныгъэ мыкIуэщI хузиIа Тэмазэ Гуащэ и цIэкIэ екIуэкIа олимпиадэм бжьыпэр къыщызыхьахэм. Къедгъэжьэнщ олимпиадэр здыщекIуэкIа курыт еджапIэм щеджэхэмкIи, абыхэм ящыщу е 9-нэ классым щеджэ МыкIытIэ Елдар – етIуанэ увыпIэкIэ, е 10-нэ классым хэс Жумай Залинэ – ещанэкIэ къыхэжаныкIащ. Хьэбэз лицейм и е 9-нэ классым хэс Тэмазэ Аслъэнбэч – япэ увыпIэр, е 10-нэ классым и еджакIуэхэу Даур Илас – япэ увыпIэр, Гъуэзджэш Динур ещанэр зыIэрагъыхьащ.
Жьакуэ курыт еджапIэм и е 10-нэ классым щеджэ Мэшэжь Алинэ ещанэ увыпIэр къихьащ. Куэш-Хьэблэ гимназием и е 10-нэ классым хэс Мамыжь Даянэ етIуанэ увыпIэр къилъэщащ. Беслъэней курыт еджапIэм къыбгъэдэкIахэу: е 9-нэ классым хэс Нэгъуей Алия, е 10-нэ классым щеджэ Къардэн Мусэ сымэ ещанэ увыпIэкIэ къыхэжаныкIащ. НыбжьыщIэхэм хуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэр, фэеплъ саугъэтхэр.
*** Еджагъэшхуэ Менделеевым мыпхуэдэу итхыгъащ: «ЕгъэджакIуэм и гушхуапIэр – и еджакIуэхэращ, хиса хьэдзэр къызэрыхэкIаращ»… Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр, шэч хэмылъу, епхьэлIэ хъунущ Тэмазэ Гуащэ. АтIэ, абы и гушхуапIэ нэхъыщхьэу иIар и еджакIуэхэрат, абыхэм я зэфIэкIхэр, я ехъулIэныгъэхэрат…
Тэмазэ Гуащэ нобэ къытхэмытыжми, дунейм къытенащ ар зыбгъэдэта Iуэхумрэ и нэIэм щIэта щIэблэмрэ яхуиIа фIылъагъуныгъэ иныр. Аращ щапхъэр, аращ Тэмазэ Гуащэ и щIэин лъапIэр.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.