Къынос накъыгъэм (майм) и 9-р — ТекIуэныгъэшхуэм и Махуэр. Илъэс 80-м зэрынэхьэсащ Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ.

Тщыгъупщэкъым а ТекIуэныгъэм цIыху мелуан бжыгъэм я гъащIэр уасэу зэрыщIатар. Сэ зауэр сымылъэгъуами, мыкIыжын уIэгъэу си гум къытенащ абы теухуауэ си адэшхуэ КIэдэкIуей Мырзэбэч къызжиIэжахэр. СощIэж нобэ хуэдэу: сурэт зыдэлъ альбомыр къищтэти дадэ къэтIыст. Дэри, абы и къуэрылъху цIыкIухэр, дыкъетIысэкIт, дадэ къыджиIэну хъыбар гъэщIэгъуэнхэм дыпэплъэу.
Зэи сщымыгъупщэжыну къысхуэнащ си гъащIэм щыщ зы махуэ гуэр. Сэ си адэшхуэм сригъусэу бжэIупэм Iут дей лъагэм дыщIэст. Накъыгъэ мазэт. Дадэ нэщхъейт, сэ абы гу лъыстауэ зыри жызмыIэу сыщыст. ИужькIэ дадэ куэдрэ и нэр къыстримыхыу къызэплъащ икIи хэщэтыкIри хуэмурэ и хъыбар нэщхъейр къригъэжьащ: «Зауэ… ЩыIэкъым, Рэхьмэт, мы псалъэм нэхърэ нэхъ гуауэ, нэхъ дыдж, нэхъ шынагъуэ. Мис, ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэр къоблагъэ. Сыхуейщ а ТекIуэныгъэр ди сэлэтхэм, ди цIыхухэм къызэралъэщар фэ, щIэблэ къэхъум, фцIыхуну.
Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу пхуэсщIынур. Ар зэи сымылъэгъуа си адэ Ехьящ.
Ар адыгэлI нэсу, ныбжьэгъу пэжу щытауэ жаIэж». — Дадэ, сыт «адыгэлI нэсым» къикIыр? Сыт хуэдэ хьэл-щэн абы хэлъын хуейр? сымыщIэххэу сыкъыхэпсэлъащ дадэ иришэжьа псалъэмакъым. — Упсэу, Рэхьмэт, упщIэ хъарзынэ къызэптащ икIи къызгурыIуащ балигъ узэрыхъуар.
АдыгэлIыр къэрабгъэкъым, шынэ жыхуаIэр ищIэкъым, Хэку-Анэр гузэвэгъуэ щыхэхуэкIэ, и щхьэм емыгупсысыжу, шэпэIудз зыхуещI.
АтIэ, зэрыжысIауэ, си адэ КIэдэкIуей Ехья адыгэлI нэст. Зауэр зэрыщIидзэу, I94I гъэм мэлъаIуэри фронтым макIуэ.
Ар совхозым гъукIэу щылажьэт, апхуэдэр зауэм зэ щхьэкIэ яшэтэкъым. АрщхьэкIэ, си адэр мэлъаIуэ, махуэ къэскIэ военкоматым макIуэ. Ди анэри сымаджэт, сабииплI къэIэтын хуейт, етхуанэми ежьэт. А псори ди адэм ищIэт, ауэ ар зауэм мыкIуэу къэзыгъэувыIэфын зы къару щыIэтэкъым.
ЦIыхум Хэку-Анэм хуиIэ лъагъуныгъэр лъэщщ, Рэхьмэт. Ар пэжыгъэкIэ псыхьащ. Жьыбгъэми, уэшхми, уэсми, гуауэми — кIэщIу жыпIэмэ, сыт хуэдэ бэлыхьми пэщIэтыфынущ. АтIэ, Хэку лъагъуныгъэм и джэ макъращ си адэр фронтым Iузышар икIи лIыхъужьыгъэ хэлъу и Хэкур бийм щIыщихъумар. Ди адэр зэкъым ажалым и нэгум зэрыщIэплъар, бжыгъэрэ уIэгъэу зауэ губгъуэхэм къызэрырахыжар.
Уэ, Рэхьмэт, уи дадэшхуэм уригушхуэ-
фынущ. И гъуса и ныбжьэгъухэм ди анэм къыхуатхащ ди адэм бийм и щIыбыр зэи зэрыхуимыгъэзар, ныбжьэгъуфIу, лIыгъэ хэлъу зэрахэтар. Зауэм зэрыдэкIыу ар занщIэу хэхуащ зэхэуэхэм я гуащIэгъуэр здыщекIуэкI щIыпIэм икIи гуеигъэ къигъэлъагъуэу зэрыпхъуакIуэхэм яхэтащ, и псэр пытыху. 1942 гъэм, Харьков къалэр хуит къыздащIыжым, си адэр хэкIуэдащ. Ар зэрыхъур илъэс щэщIрэ бгъурэт. Сэ зэи слъэгъуакъым, Рэхьмэт, си адэр, адэ зиIэм сехъуапсэу си гъащIэр къызохь».
Мы псалъэхэр здыжиIэм си адэшхуэм и макъыр къэкIэзызащ, и нэпсхэр къытелъэдащ. Асыхьэтым сэри дадэ сыздеплъым си гур къызэфIэнащ, си лъынтхуэхэм лъыр нэхъ псынщIэу щызекIуэ хъуащ.
Зауэ гущIэгъуншэ! ЦIыху дапщэ уэ насыпыншэ пщIар, си адэшхуэм хуэдэу?! Зым Iипхащ и адэр, етIуанэм и къуэр, ещанэм и щхьэгъусэр. Уэ цIыхум къыхуэпхьыр насыпыншагъэщ, нэпсщ, гуауэщ.
Зауэ! Уэ ущIэпхъаджэщ, ушынагъуэщ, улъыифщ, ауэ зыфIомыгъэщI псом нэхърэ унэхъ лъэщу. Унэхъ лъэщкъым! Ди зауэлIхэм я Хэкум хуаIэ лъагъуныгъэр нэхъ лъэщу къыщIэкIащ. Ахэр махуэ къэскIэ ажалым и нэгум щIэплъэми, уэ уи Iэ щIыIэмкIэ уакъыхэIэбэми, уIэгъэ ятелъхэри къафIэмыIуэхуу, уэ къобгъэрыкIуэт.
Жьыбгъэми щIыIэми имыгъэдзыхэу, мэжэщIалIэу, ныбаджэу, къимыкIуэту ипэкIэ кIуэхэт. Ахэр хуэкIуэт ТекIуэныгъэм.
Езы ТекIуэныгъэри къапожьэ апхуэдэ цIыху ерыщхэм, гуейхэм, щхьэмыгъазэхэм.
Си дадэшхуэ Ехья и гъащIэ гъуэгум сыздриплъэжым сигу къэкIыжащ си адэшхуэ Мырзэбэч къыджиIэу щыта псалъэхэр: «Хэкум нэхъ лъапIэ цIыхум иIэкъым.
ФIыуэ флъагъу фи Хэкур, щыпкъэу фыхущыт. ЦIыхум къару къыхэзылъхьэр и Хэку-Анэм хуиIэ лъагъуныгъэращ. ЩыIэщ, щыIэщ апхуэдэ лъагъуныгъэ. Абы нэхъ лъэщи гъуэтыгъуейщ. А къару инырщ ди къэралым ТекIуэныгъэр къыхуэзыхьар!» Сэ е I0-нэ классым сыщоджэ. СыщIохъуэпс еджапIэр къэзухмэ, фIыуэ слъагъу IэщIагъэ зыIэрызгъыхьэу си Хэкум сыхуэлэжьэну. СощIэ, гугъуехь Iэджэми сыпэщIэхуэнущ, гъащIэм и гъуэгу быркъуэшыркъуэхэми гугъу срагъэхьынущ. Ауэ сыкъимыкIуэту ипэкIэ сыкIуэнущ. Сэ ар слъэкIынущ, сыту жыпIэмэ, сэ лъабжьэ быдэ сиIэщ — ди дадэжьхэм Хэкум хуаIа лъагъуныгъэ лъэщыр. Сэри къыслъэIэсауэ солъытэ абы и хъуаскIэхэм ящыщ: фIыщэу солъагъу си Хэку-Анэр.
Узогъэгугъэ, си Хэку, си адэшхуэм и адэ КIэдэкIуей Ехья хэлъа лIыгъэр, икърарыр, цIыхугъэр си Iэпэгъуу дунейм сытетыну. Си дадэшхуэм и Хэку-Анэм хуиIа лъагъуныгъэр щопс дыгъэу си гум икIи къару мыкIуэщIыр къысхелъхьэ.
Дэ, щIэблэ къэхъум, зэи тщыгъупщэ хъунукъым ди адэжьхэм ди Хэкур фашизмэм зэрыщахъумар, ТекIуэныгъэр къызэрытхуахьар. ТекIуэныгъэр къэзыхьахэм — ЩIыхь!
КIЭДЭКIУЕЙ Рэхьмэт, Урысейм и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ курыт еджапIэм е I0-нэ классым хэс еджакIуэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.