ТекIуэныгъэм папщIэ — фIыщIэ

«И адэшхуэм, си адэ Тхьэгъэпсэу Асчэрбий теухуауэ сипхъу Камиллэ итха сочиненэм щыщ»:

«Си адэшхуэ Тхьэгъэпсэу Асчэрбий Алий и къуэр и гъащIэм гугъуехь куэд щилъэгъуащ. Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыпсэу, унагъуэ зэхуэщIам къихъухьа си адэшхуэр пасэу зеиншэу къэнащ. Унагъуэм «кулакыцIэ» къыфIащщ, «цIыхубэм и бий» жаIэри, нэхъыжьхэр ягъэкIуэдащ. Ибэу къэна сабииблыр Кавказым ит сабий Унэхэм иратащ.

«Сын за отца не отвечает» унафэр (директива) къыдэкIыху, си адэшхуэр и Iыхьлыхэм ягъэпщкIуащ. ИужькIэ зыщалъхуа и къуажэм къигъэзэжри, колхозым выхэр игъэхъуу щылэжьащ.

Хэку зауэшхуэр къыщежьам Асчэрбий и ныбжьыр илъэс 17 хъут. ИужькIэ, 1942 гъэм гъатхэпэ мазэм фронтым дашащ. Япэ зауэ нагъыщэр абы къыщыхуагъэфэщащ Мэздэгу къалэм деж. Абдеж щекIуэкIа зэхэуэм, пулеметчикым и дэIэпыкъуэгъуу щыткIэрэ, лIыгъэ хэлъу зыкъигъэлъэгъуащ. Си адэшхуэр ажалым куэдрэ пэщIэхуащ. Зэхэуэ гуащIэр екIуэкIыу, абы и гъунэгъуу лагъым къыщыуащ. Игъусахэр иукIри, си адэшхуэм фэбжь лъэпкъ имыгъуэтауэ, и закъуэ къелауэ щытащ. «Нобэ Алыхьым укъыщригъэлакIэ, гъащIэ уиIэщ, псэууэ уи унагъуэм уекIуэлэжынущ», — командирым къыжриIауэ щытащ.

Белорус фронтым и 88-нэ дивизэм и 401-нэ артиллерийскэ полкым и е 3-нэ дивизэм и е 8-нэ батареем тIасхъэщIэхыу хэткIэрэ, Асчэрбий зауэм и кIэм нэгъунэ бийм пэщIэтащ. Курск, Кенигсберг къалэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм, Белорусыр хуит къэзыщIыжахэм яхэтащ.

«Вагъуэ Плъыжь», езанэ, етIуанэ нагъыщэхэр зиIэ Хэку зауэшхуэм и орденхэр, «Гуеигъэм папщIэ», «Кенигсберг къызэращтам папщIэ», «Германием зэрытекIуам папщIэ», «Японием зэрытекIуам папщIэ» медалхэр къыхуагъэфэщащ.

Дэ дригушхуэу щIыдоплъыкI ди адэшхуэм и нагъыщэхэм ящIыгъу тхылъхэр. Абыхэм ящыщ зым мыпхуэдэу итщ: «ТIасхъэщIэх Тхьэгъэпсэу А.А. зэфIэкI лъагэ зиIэхэм ящыщ зыщ. Нэмыцэхэм яубыда 138.0-рэ хъу лъагапIэр ди лъэсыдзэм къыщыIэщIахыжым, гранати 10, зы автомат, перископ жэуэ ищтэри, взводым и командирым щIыгъуу, гуэлымрэ къамылымрэ хэкIри, бийм ямылъагъуу лъагапIэм кърекIуэкIхэри, абыкIэ ахэр здэщыIэр къыщIагъэщащ, ди сэлэтхэр нэмыцэ лъэсыдзэм яхэуэн яублащ. ИужькIэ, дэдейхэм щIыгъуу, нэмыцэм ебгъэрыкIуащ.

1944 гъэм июным и 28-м къыщыщIэдзауэ 1944 гъэм августым и 4-м нэгъунэ бийм и снайперитI, и кIэлъыплъакIуитху, минбатеритI, самоходнэ Iэщищ, кIэлъыплъакIуэ пунктиплI, пулеметиплI жэуэ зэтрикъутащ. ЦIыху гуейщ, хахуэщ».

Апхуэдэ зы лIыхъужьыгъэм къыхэкIыу, ещанэ Белорус фронтым и командир, генерал Черняховскэм си адэшхуэм фIыщIэ къыхуищIащ икIи тыгъэу къритащ и Iэпщэсыхьэтыр.

Гитлеровецхэм ТекIуэныгъэр къыIэщIаха нэужь, си адэшхуэр Китайр японецхэм къыIэщIэзыхыжахэм яхэтащ.

ИужькIэ унагъуэ ищIащ, сабиибл ипIащ. Нобэ зыщалъхуа Али-Бэрдыкъуэ къуажэм и зы уэрамым абы и цIэр зэрехьэ. Дэ дрогушхуэ ди адэшхъуэм!»

  Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым)  и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *