Сытми хуэхьэзыру

Росгвардием Къэрэшей-Черкесым щиIэ Управленэм хыхьэ ОМОН-м и «Мустанг», СОБР-м и «Клинок» гуп-хэм хэтхэм тактикэ хэха дерсхэр зэщIыгъуу ирагъэкIуэкIащ.
Практикэ дерсым ипкъ иту къулыкъущIэхэм бгы-мэзылъэ щIыпIэхэм IэщэкIэ зэщIэузэда еIуящIэхэм зэрыпэщIэтыпхъэ Iэмалхэр ягъэнэIуащ. Зыгъэхьэзырыныгъэм росгвардейц-хэм къалэну къыхуагъэуват диверсионно-тIасхъэщIэх гупым хэтхэр хагъэщIэн хуейуэ.
Спецподразделенэхэм хэтхэм щIы-пIэ хэхам щэхуу, гъэпщкIуауэ зэрыщызекIуапхъэ щIыкIэхэр, уIэгъэ хъуа зауэлIым зыхуэныкъуапхъэ дэIэпыкъуныгъэр егъэгъуэтын, ар зэхэуэм къызэрыхэпхын Iэмалхэр нэхъусауэ къагъэIэрыхуащ.
«Зыгъэхьэзырыныгъэхэр идогъэ-кIуэкI апхуэдэ Iуэхугъуэ ипэжыпIэ-кIэ къэхъумэ, спецназым хэтхэм я IэщIагъэр пылъхьэншэу ягъэзэщIэфын папщIэ», — жиIащ Росгвардием ди хэгъуэгум щиIэ Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и полковник Богданов Сергей.
Росгвардием Къэрэшей-Черкесым щиIэ Управленэм и пресс-къулыкъу


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *