«Сыщытхэм, дамэ стетым хуэдэт…»

«Адыгэм хабзэфIу диIэщ сабий зекIуагъащIэм лъэтеувэ хуэщIыныр. АбыкIэ балигъ гъащIэм деж и гъуэгур зыхуиунэтIынур кърацIыхуу ялъытэт. Илъэс сымыхъупауэ схуащIа лъэтеувэм къыхэсхауэ жаIэжт къалэмымрэ тхылъымпIэмрэ… Абы игъэбелджылащ си натIэм итхар…» — апхуэдэ псалъэхэмкIэ ди зэпсэлъэныгъэр иригъэжьащ усакIуэ, журналист, иджы дыдэ зи юбилей махуэщIыр зыгъэлъэпIа ТХЬЭГЪЭПСЭУ (ПIэф) Альбинэ.

Къалэмымрэ тхылъымпIэмрэ гъуэгуэгъу зыхуэхъуа пщащэ цIыкIур иджыри ныбжьыщIэ дыдэу ди адыгэ усакIуэхэм ягуэуващ. Творческэ зэчийкIэ Тхьэр къызыхуэупса пщащэр 1976 гъэм Хьэбэз къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ еджапIэм щеджэу усэ тхыныр къызыхуэуша пщащэм япэу гу къылъитащ адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ и егъэджакIуэу къыщхьэщыта Акъ (Дэбагъуэ) Софье Рэмэзан и пхъум. Абы иригъэкIуэкI литературэ кружокым, зыгъэгушхуа и егъэджакIуэм и фIыщIэкIэ, Альбинэ и зэчийм нэхъри зиузэщIащ. И япэрей усэхэр 1992 гъэм къыщытрадзащ Хьэбэз районым къыщыдэкIыу щыта «Iэдииху» газетым.

И ныбжьыр илъэс 13-14-м иту, нэхъ тегъэчынауэ тхыгъэ зэпIэзэрытхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытригъадзэ хъуащ. Творческэ хьэл зиIэ цIыхур гу пIащIэу, гу махэу зэрыщытыр дэплъагъуу, Альбинэ зыхищIэт цIыхум и гукъеуэр, жылагъуэр зыпэщIэт гугъуехьыр, зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, ди адыгэ лъэпкъыр зыгъэунэхъу фадэ ефэнымрэ цIыху къызэрыгуэкIым и псэукIэ мытыншымрэ. Ахэр апхуэдизымкIэ и псэм ежалIэти, тхыгъэ купщIафIэхэр цIыхум ябгъэдилъхьэным, уеблэмэ игъэукIытэу щытыкIэм зригъэхъуэжыным хущIэкъут. ЕджапIэм щIэскIэрэ Альбинэ лэжьэн щыщIидзащ «Черкес хэку»-м штатым хэмыт и корреспонденту.

А зэманхэм абы и тхыгъэ зэхуэмыдэхэр къытехуащ «День республики», «Абазашта» республикэ лъэпкъ газетхэми, и усэхэр къыщытрадзащ «Нарт (Къэбэрдей-Балъкъэр), «Недельное обозрение» (КъЧР), «Новая реальность», «Разумное, доброе, вечное» (Москва) газет цIэрыIуэхэми Хьэбэз курыт еджапIэр ехъулIэныгъэ иIэу къиуха нэужь, Альбинэ адэкIэ и щIэныгъэр зыхуиунэтIынур хэткIи нэрылъагъут. Тхьэгъэпсэухэ Мухьэмэдрэ Розэрэ я сабийм далъагъу пабгъэныгъэр сыткIи къыдащтэу, тхэным, еджэным трагъэгушхуэт. Журналист IэщIагъэмрэ усэнымрэ дихьэх я пщащэ пажэм жыг хадэм деж адэм къыхузэригъэпэщат «усакIуэм и плIанэпэ цIыкIу». Абдежым Альбинэ Хьэбэз бжьэпэ дахэм хэплъэу усыгъэхэр, тхыгъэхэр къигъэщIт, экзаменхэм зыхуигъэхьэзырт. ЩIыуэпсым и дахагъымрэ даущыншэ жыг хадэмрэ къыхуагъэушт абы и усэ нэхъыфIхэр.

Адэ-анэр хущIэкъут я хъыджэбзыр зыхуэпабгъэ, насып зыхилъагъуэ лъагъуэм адэкIи ирикIуэну. ИкIи, Альбинэ зыщIэхъуэпса, Къэрэшей-Черкес педуниверситетым и журналист факультетым щIыхьащ. Экзаменыр езыгъэкIуэкI щIэплъыкIакIуэхэм, еджагъэшхуэ гупым я пащхьэ Цветаевэ Маринэ и усэхэм къеджа адыгэ пщащэ гурыхуэм гу къылъатащ, газет, журнал зэхуэмыдэхэм къыхэгъэжауэ папкэ Iувым щызэхуэхьэсыжауэ иIыгъ тхыгъэхэри ягъэщIэгъуащ. КъинэмыщIауэ, журналист зэчий зэрыбгъэдэлъымкIэ щыхьэт техъуэу, «Черкес хэку»-м и редактор нэхъыщхьэ Дэбагъуэ Мухьэмэд и Iэпэр зыщIэлъ тхылъри и Iэрылъхьэт Альбинэ. ГуфIэгъуэшхуэм зэщIиIэтэу Альбинэ зыщIэхъуэпса ищхьэ еджапIэм щIэтIысхьащ. А илъэс дыдэм Карачаевск къалэм «Новые имена» жыхуиIэ литературэ зэхьэзэхуэм и лауреат хъуащ. Университетым щеджэу, «Черкес хэку»-м и щIалэгъуалэ къудамэр и IэмыщIэ къралъхьэри, еджэнымрэ лэжьэнымрэ зэдихьурэ екIуэкIащ. Кавказ зауэм теухуауэ республикэ зэпеуэм деж и «Джэрпэджэж» усэмкIэ етIуанэ увыпIэр къилъэщащ. А зэпеуэм и гугъу ищIкIэрэ, Альбинэ игу къегъэкIыж и адэм, сыт щыгъуи хуэдэуи, игъэгушхуэу абы зэрыхигъэхьауэ щытар. — Жэщи-махуи сытхэу пэшым сыщIэсынут, унагъуэ Iуэхухэри сщхьэщахт, Альбинэ матхэ, йоджэ жаIэурэ. Папэ сыт хуэдэ зэпеуэхэми сызэрытекIуэнур и фIэщ хъут, абы и фIэщхъуныгъэм сэри нэхъри сигъэгушхуэти, зэпеуэхэм сыхыхьэ зэпытт. Зи гугъу тщIы зэпеуэм хэтауэ щытащ тхакIуэ усакIуэ цIэрыIуэхэри, егъэджакIуэхэри. Иджы хуэдэу сощIэж е 2-нэ увыпIэр къызэрысхьамкIэ фIыщIэ тхылърэ соми 100-рэ къызэрызатар. ГуфIэгъуэм сызэщIиIэтэт, къыздэгуфIэт си адэ-анэри, си шыпхъухэри. Си творчествэмкIэ къэзлэжьамкIэ япэ дыдэ зы фэилъхьэгъуэ къэсщэхури, еджапIэм срикIуэжауэ щытащ! — и гукъэкIыж гуапэхэмкIэ къыддогуашэ ди псэлъэгъур.

Адыгэбзэмрэ литературэмрэкIэ езыгъэджа Пщыбий Инал и нэIэм щIигъэт, нэхъыфIу илъытэ студентхэм яхэту еджащ Альбинэ. ИкIи «Студент нэхъыфI Тхьэгъэпсэу Альбинэ, узэхъуапсэм нэхърэ къохъуапсэр нэхъыбэу» жэуэ, Нало Заур и IэкIэ зытритха тхылъыр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыхурихауэ щытащ. 1998 гъэм, университетыр къыщиух илъэсым, Черкесск къалэм къыщыдэкIащ адыгэ бзылъхугъэ усакIуэхэу Кхъуэхъу Хъаннэ, Мыжей Мамыржан, Хьэкъун Риммэ, Тхьэгъэпсэу Альбинэ сымэ я усэхэр здызэхуэхьэса «Адыгэпхъухэм я пшыналъэ» тхылъ гъэщIэгъуэныр. Абы ихуащ Альбинэ и япэ усэхэри. 1999 гъэм «КъЧР-м и щIалэгъуалэм и гъащIэм теухуауэ тхыгъэ нэхъыфI» республикэ зэхьэзэхуэм е 2-нэ увыпIэр къыщилъэщащ. Илъэс дэкIри, 2000 гъэм «УсакIуэ, тхакIуэ, драматург ныбжьыщIэ» республикэ литературэ зэпеуэми и лауреат хъуащ. 2002 гъэм Урысейм и журналистхэм я Союзым хагъэхьащ.

Альбинэ усэхэм къанэмыщIауэ, цIыху гъэщIэгъуэнхэм ятеухуа очеркхэмрэ рассказхэмрэ фIыуэ къыдэхъут. Псом хуэмыдэу, ар хуабжьу елэжьт гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ адыгэ хъыбарыжьхэр зэхуэхьэсыжыным, абыхэм я лъэужьыр дунейм къытенэным, фельетонхэр, сатирическэ тхыгъэхэр къэгъэщIыным. Альбинэ илъэси 6-кIэ «Черкес хэку»-м щылэжьащ. Гуапэу игу къегъэкIыж зыдэлэжьа гуп хъарзынэр, журналист лъэщхэу зи жьауэ щIэтахэр: Даур Жэхьфэр, АбытIэ Володя, Къантемыр Тыркубий, Шорэ Ахьмэд, Шырдий Маринэ сымэ. Жэхьфэр щIыгъуу зы пэшым зэрыдыщIэсар, абы куэдым зэрыхуигъэсар щыгъупщэкъым. Иджыри студент щIыкIэ унагъуэ ихьа Альбинэ лэжьапIэри, еджэнри, сабий пIынри зэдихьт.

2002 гъэ пщIондэ газетым и собкорру Хьэбэз районым щылэжьащ. Иужьым унагъуэкIи, сабийхэмкIи нэхъ тыншыну къилъытэри, Хьэбэз лицейм егъэджакIуэу Iухьащ. Егъэджэныгъэри, егъэджакIуэ гупри и псэм хэпщIауэ илъэси 6-кIэ еджапIэм щылэжьащ. ИтIанэ езым и щхьэ хуэлэжьэжыну мурад ищIри, лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм зри тащ, щIэ куэдми зыхуигъэсащ. А зэманхэращ Альбинэ усэ тхыныр щыщигъэтари. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуам тегъэчынауэ и гугъу ищIкъым, ауэ усэ тхыным псэкIэ зэрыхуезэшар зыхуумыщIэну Iэмал иIэкъым, абы щытепсэлъыхькIэ. Альбинэ и гъащIэм щIыпIэ хэха щиубыдащ щхьэгъусэ къыхуэхъуа ПIэф Мухьэмэд.

Илъэс 20-кIэ зэгурыIуэу зэдэпсэуа зэщхьэгъусэхэм щIалитI къащIэхъуащ. АкъылыфIэу, IэпэIэсэу, гупсысэ кууу зыбгъэдэлъ адэфIу, щхьэгъусэфIу яIа Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 44-рэ нэхъ мыхъуауэ, игъуэ нэмысу дунейм ехыжащ. Альбинэрэ Мухьэмэдрэ я гъащIэр зы зэрыхъуар зи фIыщIэу илъытэр и щхьэгъусэм и адэ ПIэф ФуIэдщ. Иджыри еджапIэм щIэсу, Альбинэ и Iэпэр зыщIэлъ «ЕфакIуэ зиIэм и хьэдагъэщ» тхыгъэшхуэ къытехуауэ щытат газетым. А тхыгъэр хуабжьу зигу ирихьа, апщыгъуэм районом щылажьэ, пщIэшхуэ зиIэ егъэджакIуэ ПIэф ФуIэд егъэджа кIуэхэм щапхъэгъэлъагъуэу а тхыгъэр яригъэлъагъут, ар балигъым итхауэ илъытэу. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр иджыри еджакIуэ цIыкIуу къыщицIыхуам, хуабжьу игъэщIэгъуат, икIи абы къыщегъэжьауэ пщащэ гурыхуэр и нэIэм щIигъэкIакъым, абы и зыужьыныгъэм, и гупсысэ ухуэкIэм зыщигъэгъуазэу къекIуэкIащ. Ауэри, я унагъуэм и зы нэрыбги хъужащ. Нобэ Мухьэмэд къыбгъэдэмытыжми, Альбинэ анэ насыпыфIэу зелъытэ. И щIалитIыр — Ахьмэдрэ Маратрэ и дамитIщ, и къарущ, и насыпщ. Нэхъыжьым къыщIэхъуэжа бын цIыкIухэм нанэ гущабэ-Iущабэу яхэсщ. Ахьмэд КъЧР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ Министерствэм ехъулIэныгъэ къыщигъэлъагъуэу щылэжьащ, нобэкIэ и лэжьыгъэр хуэунэтIащ къэрал Iуэхухэм, Марат студентщ, муниципальнэ управленэм хуоджэ.

Тхэныр зэпызыгъэуа Альбинэ псэхупIэ къезымыт зэчийм нобэ хуэм-хуэмурэ зыIэпешэж — Илъэс 20-кIэ сымытхауэ, шкIащIэ лъэбакъуэхэм ещхьу бэкъуэн щIэзыдзэжым сыхуэдэщ иджы. Сыщытхэм — мы дунейр сысейт, дамэ стетым срещхьт, сылъатэт, си гур хэхъуэт. Сыхуезэшащ а псэ щытыкIэм. Арыншэу цIыху ныкъуэм сыхуэдэщ, зыгуэр схущыщIэу сопсэу..,— и гурыщIэхэм дыщIегъэдэIу Альбинэ. Иджы дыдэ аргуэру къалэмыр къэзыщтэжа Альбинэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ куэд щIауэ и гум щигъэв, гуIэ псалъэкIэ гъэнщIа, и щхьэгъусэм триухуа усэ купщIафIэр. Альбинэ и творчествэр езышэжьэжа, макъамэ зыщIэувэжауэ уэрэд гумащIэр цIыхубэм куэд мыщIэу янэсынущ. Альбинэ и гъащIэр творчествэм епхауэ, лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ гъэнщIауэ псэуным хущIокъу. Иджы дыдэ ландшафтный дизайнер IэщIагъэр зыIэригъыхьауэ, дахагъэр къэзыгъэщI лъэныкъуэгъазэми зрепщыт.

Догугъэ ди лэжьэгъум и цIэр адыгэ утыкухэм куэдрэ щыIуну, и къалэмыпэр жану, и псалъэ зыщIэлъ уэрэдхэмкIэ, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэмкIэ лъэпкъыр иджыри бжыгъэншэрэ иIэтыну!

 ХЬЭТАЙ Мадинэ

Альбинэ и усэ Iэрамэ

Джэрпэджэж

ГъащIэр бгы дыкъуакъуэу щызэгуэхум

Нэпсу, къуэпсу дапщэ дэбзэхар?

Насыппэплъэу Истамбылыжь гъуэгум

Фыщытехьэм дапщэ гуIэжар?

Фи хъыбар зэхэсхым лъыр къокъуалъэ,

Нэр гуIэгъуэ нэпсхэм щIалъэсыкI.

ГъащIэр мажэ, гъащIэр мес, мэлъатэ,

Ауэ гущIэм лыгъэр имысыкI.

Зэхызох лIыщIыгъуэр ди зэхуакуми

Анэ бгъафэм телъ сабийм и гъуэг.

И нэ цIыкIухэр къуаргъым кърищIащи

СыдогуIэ, сыдогъыр, сыдобэг…

Зэтосыхьэ дзэхэу ди къуажэжьхэр,

Хьэдэм и мэм, Iугъуэм нэр щIесыкI.

МэIэпхъуэж хамэщIым ди адэжьхэр,

МэIэпхъуэж, къэнэни ялъэмыкI.

ЩIыгу Iэбжьыбыр нэпскIэ игъэнщIауэ

Хъыдан цIыкIум кIуэцIешыхьыр зым.

Жыжьэу маплъэ, и гум еIэжауэ,

Имыуасэ гъащIэр апэсым.

… Жыгыр ивудыну фхуэлъэкIынущ,

Ауэ лъабжьэр быдэу къыхэнэнщ,

Зэман къакIуэм гъатхэр къыздихьынщи

ГъащIэр джэрпэджэжу къэIужынщ…

Вагъуэ

ПщIэжрэ, вагъуэ къызэптат

Гъатхэ жэщым саугъэту.

СеIусэну сыщIэхъуэпсу

Си Iэр уафэм хуэсшият.

Псом нэхъ ину къилыдыкIыу

А вагъуэбэм къахэпхарщ

Ди насыпыр щызэблэкIым

Нэпсу тIум щIэдгъэкIыжар.

***

Укъызэмыплъ нэщхъейуэ, щIыIэу,

Гур мыл кIанэу умыгъэщт,

Уэр нэхъыфI къысфIэщIт щымыIэу,

Сэ схуэдэн щымыIэ пфIэщIт.

Дигугъат дызэхуищIыну

Лъагъуныгъэу тщIам Iэпэгъу.

Ауэ хэт ищIэнт дыхъуну

ЩIэхыу хамэ, дэгу, жагъуэгъу.

Хэт ищIэнт, дэ мывэ аддэ

Жэщу  тIум  зэIэпытхар

ДымыщIэххэу зырыз хъуа

Гуауэу къихуэжын ди хадэ.

Хэт ищIэнт… ЩыIэжым ауэ

Йомыплъыжмэ уэ нэмыплъ

СынолъэIу, укъызэмыплъ

Нобэ гуауэу, щIыIэу, щIыIэу.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *