Сымылъэгъуа си дадэр…

Дадэ уиIэныр сыт и уасэ! Сыт щыгъуи сыщIэхъуэпст сэ абы. Ауэ сэ ар зэи слъэгъуакъым. Си адэм куэдрэ солъэIу дадэ и гугъу къысхуищIыну. ИкIи абы и хъыбар къыщызжиIэ сыхьэтхэм сэ къысщохъу дадэ къысщыгуфIыкIыу къызэплъ. Си дадэм гъащIэфI къигъэщIащ. Ар 1997 гъэм дунейм ехыжащ, сэ сыкъэхъуным иджыри илъэс пщыкIутху иIэу.

Сыту сынасыпыфIэу зыслъытэжынут си дадэр слъэгъуатэмэ. Си адэм зэрыжиIэжымкIэ, дадэ цIыху гуапэт, щабэт, гушыIэныр фIэфIт. Хъумэрэ зы цIыху дэстэкъым абы ифI жимыIауэ. Псоми фIыкIэ ягу къагъэкIыж. Хэт дэмылэжьами — цIыкIуи, ини, жьыи, щIэи — псоми фIыуэ къалъагъут, пщIэ къыхуащIт, ялъытэт. 1920 гъэм Зеикъуэ къуажэм къыщыхъуащ си дадэр. 1940 гъэм дзэм яшащ къулыкъу ищIэну. Нартсанэ деж военно-медицинэ училищэм щеджащ санитару. Абы щIэсу зауэр къожьэ, икIи, еджэн зэриухыу, фронтым ягъакIуэ.

Ар хохуэ Кърымым щыIэ фочауэ полкым. 1942 гъэм зауэ гуащIэм хохуэри уIэгъэ мэхъу. Зегъэхъужри, аргуэру зауэм хохьэж. Керчь лъэныкъуэмкIэ щыIэу уIэгъэ хьэлъэ мэхъу 1943 гъэм. Абдеж щызэрихьа лIыгъэм щхьэкIэ кърат «Вагъуэ Плъыжь» орденыр. Си дадэр щызэуащ Курск, Белгород, Тулэ. Санинструктору щытащ. УIэгъэ хъуа сэлэтхэр зэуапIэм къришт, ахэр сымаджэщым иригъашэт, япэ дэIэпыкъуныгъэр яригъэгъуэтт. Папэ зэрыжиIэжымкIэ, дадэ фIэфIакъым зауэм тепсэлъыхьыну. Сэ ар къызгуроIуэ, зауэм утепсэлъыхьыным фIы зэрыхэмылъыр. Зауэр лIэныгъэщ, гуIэгъуэщ, гужьеигъуэщ икIи гущIэгъуншэщ, сабийхэр адэншэ-анэншэ зыщIщ, цIыхухэм я гъащIэр щызы-гъэн, хьэкъи-лажьи ямыIэу зыгъэкIуэдщ. Дадэ и насып къихьащ псэууэ Хэку зауэшхуэм къыхэкIыжын. 1945 гъэм къэкIуэжри унагъуэ ищIащ. ИтIанэ Хъумэрэ къуажэм щыIэ шахтхэм щылэжьэну къокIуэри къыдонэж, зыпэрыхьа IэнатIэм угъурлыуэ бгъэдэтщ. Ар илъэс куэдкIэ шахтым щIэтащ фIамыщI къыщIиуду, иужькIэ илъэсипщIкIэ курыт еджапIэми щылэжьэжащ. Сыт хуэдэ Iуэху зэримыхьами, хэт дэмылэжьами, си дадэр цIыху пэжу, гуапэу, адыгагъэ хэлъу дунейм тетащ. Сэ абы хуабжьу срогушхуэ. Си дадэ дыщэ, узогъэгугъэ уэр хуэдэу адыгэлIу сыщытыну!

ХЪУЭЦ Динислъам, Дыгъужь Къу. и цIэр зезыхьэ Хъумэрэ курыт еджапIэм и е 7-нэ классым хэс


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *