«Сыадыгэу, си бзэр фIыуэ сымылъагъумэ,сэ зызмылъагъужу аращ»

МазитI нэхъыбэ хъуакъым зыщIэстхэу интернетым напэкIуэцI зэрызэзгъэпэщрэ. ИкIи щIэх дыдэ куэдым зыкъыпатхэу щIадзащ, нэхъыбэуи Тыркум щыIэ адыгэхэм. Сэри си гуапэу нэIуасэ сахуэхъуащ ди лъэпкъэгъухэм: я щыIэкIэ-псэукIэр къызощIэ, Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм зыщызогъэгъуазэ. Си егъэджэныгъэ лэжьыгъэми, зэзгъэпэщ зэхыхьэхэми зыгуэрхэр къыхэсшэфахэщ. Ауэ мыхьэнэшхуэ нэхъ зэстар нэIуасэ къысхуэхъуа адыгэ хэхэсхэм я зэчиифIэ усакIуэхэращ. Абыхэм я усэхэм щыслъэгъуащ лъэпкъым гуауэу, нэщхъеягъуэу ишэчар, бэлыхьу телъар.

Зэгуэрми тыншакъым адыгэр, езыри лъыхъуакъым тыншыпIэ. Ауэ Тыркум щыпсэу ди адыгэ усакIуэхэм я къалэмыпэм къыщIэкIахэм ущеджэкIэ нэхъри IупщIу, куууэ гум зыхещIэ ахэр зэрыхуа щытыкIэ хьэлъэр: зы лъэныкъуэкIэ — Хэкум я нэ къызэрыхуикIыр, адреймкIэ — къызэрымыкIуэжыфыр. Абыи щхьэусыгъуэ куэд иIэщ, я гъащIэри, я дунейри щытыкIэ хьэлъэм иригъэуващ… Лъэпкъ къэс гу къабзэ, гу хьэлэл зиIэ цIыхухэр иIэщ. Апхуэдэхэм лъэпкъым и фIыр яхъумэ икIи ягъэбагъуэ. Тхьэм лIыкIуэу къытхуигъакIуэ хуэдэщ апхуэдэ цIыхухэр. Нобэ зи гугъу фхуэсщIынур апхуэдэ зы адыгэлIщ — зигури зи псэри адыгэ дыдэ ЕУТЫХ Турхьэнщ.

Ар усакIуэщ, псэкIэ лъэпкъым хуэлажьэ адыгэ щIалэщ. 2018 гъэм Анкара къыщыдэкIащ «Гум и пыткIуафэхэр» и усэ тхылъыр. Къуекъуэ Асфар зи пашэ Адыгейм я тхакIуэ гупым хэтщ. Хэкум и хэгъуэгухэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ и усэхэр къытрадзэ, радиом нэтынхэр траухуэ. Турхьэн зэрыжиIэмкIэ, илъэс плIыщI хъуауэ усэ тхыным пылъщ. КупщIафIэу сабийхэм щхьэкIи матхэ. Ахэр адэжь щIыналъэм, лъэпкъым, адыгагъэм теухуащ. Нэхъ псынщIэу зыхаубыдэным, тыншу гукIэ зрагъэщIэфыным папщIэ, сабий усэхэр кIэщI цIыкIухэщ, бзэ тыншкIэ тхащ. ЕджапIэхэм къыщоджэ а усэхэм, зэхьэзэхуэхэм утыку къыщрахьэ, уеблэмэ Москва щекIуэкIа зэпеуэм Мейкъуапэ курыт еджапIэм и еджакIуэ Хьэкхъуэнэ Расул япэ увыпIэр кърилъэщащ Турхьэн и усэмкIэ. Сыхуейщ Турхьэн интернет зэпыщIэныгъэкIэ дезгъэкIуэкIа псалъэмакъыр фи пащхьэ ислъхьэну.

— Турхьэн, адыгэ газетым и щIэджыкIакIуэхэм нэIуасэ захуэпщIыну сыхуейт.

— Си цIэр Турхьэнщ, Еутыххэ сащыщщ. Тыркум щыщ Къайсэр къалэм епха Ныбэрнакуей зи цIэ адыгэ къуажэ цIыкIум 1960 гъэм сыкъыщыхъуащ. ЛIакъуэкIэ сыхьэтыкъуейщ. Япэрей еджапIэ илъэситхур къэзухри, иужькIэ седжэжакъым. СыщIемыджэжами щхьэусыгъуэ иIэщ: егъэджакIуэр ещанэ классым дыхэсу фытырку хьэмэрэ фыадыгэ жиIэри къыдэупщIат. Псори дыадыгэт, ауэ зы щIалэ цIыкIум лъэпкъкIэ зэрытыркур щыжиIэм, ар ди пащхьэм къригъэувэри, Iэгу дыхуригъэуауэ щытащ. А дакъикъэхэм еджапIэри егъэджакIуэри си гум темыхуэж хъури, илъэситху пIалъэр иризгъэкъури, еджапIэм сыкъыщIэкIыжащ. Абы иужькIэ си бзэм, си хабзэм, си лъэпкъ тхыдэм сыхуэлэжьэну си гум изубыдащ икIи сэр-сэру си бзэм и тхэн-еджэныр зэзгъэщIэжащ. Ди къуажэм, къуажэ гъунэгъухэм щыпсэухэр адыгэт, адыгэбзэр ди анэм къытIурилъхьауэ тIурылът. ЕджапIэм сыкъыщIэкIа иужь, къалэм сыкъакIуэри лэжьэн щIэздзащ. Псы Iуэхухэм селэжьащ, унэхэм, хьэблэхэм, къалэкум ирикIуэ бжьамийхэр щIы щIагъым щIэтлъхьэт. А Iуэхум яужь ситурэ, си ныбжьыр щхьэусыгъуэ ящIри, сыкъагъэтIысыжауэ сыщысщ. Иджыри, Iуэху цIыкIуфэкIу къыкъуэкIмэ, абыхэм солэжь…

— Дауэ удихьэха усэ тхыным, сыт абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар? Уи щIалэгъуэм сыт хуэдэ тхылъхэрат пфIэфIу узэджэр?

— Адыгэбзэр ди анэм къытIурилъхьащ. Усэ стхыным и щхьэусыгъуэр, сыщIалэ дыдэу щIэздзауэ къалэхэр къэскIухьурэ сылажьэт. ЕтIуанэу, сызэрыхэхэсыр егъэджакIуэм къызгуригъэIуати, си хэкум сыхуезэшт, хэт сыт жесIэн, сызэпсэлъэн, си гурылъыр зыхуэсIуэтэн сиIэтэкъым. Апхуэдэу илъэс 15- 16 си ныбжьу, си гум щыхъэр, усэ щIыкIэу, тхылъымпIэм истхэн щIэздзащ. Аращ си усэхэм къежьапIэ яхуэхъуар. ЕтIуанэ упщIэм и гугъу пщIымэ, фIыуэ слъагъун хуэдэу тхылъ диIакъым. — Адыгэбзэр фIыуэ болъагъу, уропсалъэ, уротхэ. Абы нэмыщI, урогузавэ бзэр зэрыхуа щытыкIэ хьэлъэм. Адыгэбзэм хууиIэ фIылъагъуныгъэр сытым щыгъуэ щызыхэпщIар, е ар укъызэрыхъурэ уи пкъым хэлъу, псэкIэ зыхэпщIэу укъэтэджа?

— Сыадыгэу, си бзэр фIыуэ сымылъагъумэ, сэ зызмылъагъужу аращ. Тхьэм сыкъызэригъэщIауэ сымыпсэумэ, Тхьэм сепцIыжуращ. ХамэбзэкIэ адыгэ ухъуфынукъым. Лъэпкъым и лъэпсыр лъапсэращ, ДыкъызыхэкIар а псэращ. А псэращи дызыгъэпсалъэр, Ди псэуалъэр псалъэращ. Псалъэм къыджиIэр доцIыху, Аращ дызэрыхъур цIыху. Ди анэдэлъхубзэр дымыцIыхужмэ, Дауэрэ жытIэну «дыцIыхущ»?

— Мы усэм еджэр, дауи, куууэ игъэгупсысэнущ. Хьэлэмэтыщэу зэхэлъщ. Турхьэн, иджыкIэ адыгэ къуажэу сыт хуэдиз хъурэ Къайсэр и гъунэгъуу щысхэр? АнэдэлъхубзэкIэ псалъэр куэд?

— Къуажэ 62-рэ хуэдиз исщ. Псоми адыгэбзэ ящIэ, ауэ цIыхухэм я бжыгъэм сыщыгъуазэкъым.

— А къуажэхэм дэт еджапIэхэм адыгэбзэ щаджрэ?

— Япэм мыбдеж адыгэбзэ щрагъэджыныр дэнэ къэна, дагъэпсалъэтэкъым. АнэдэлъхубзэмкIэ дыпсэлъауэ дыкъацIыхумэ, егъэ джакIуэм къытхуигъэгъутэкъым. Удын къыстехуэху, сэри нэхъри нэхъ ерыщу си бзэм срипсалъэт. Къуажэдэсхэр псори псалъэт, ауэ еджапIэм щIэсхэр дыхуиттэкъым. Ди бзэкIэ литературэ тхыбзи диIэтэкъыми гугъу дехьт.

— Иджы Iуэхур сытым тет?

— Иджы Iуэхум икъукIэ зихъуэжащ: ди адыгэбзэр университетым щадж хъуащ. Тыркум и къалитIым — Къайсэррэ Дюзджэрэ дэт университетхэм ди анэдэлъхубзэр щрагъэдж. Псори дызэрыхуейм хуэдэ дыдэу щымытми, апхуэдэми зыдогъэзэгъ. Япэм щыгъуэ ди Адыгэ Хасэхэм щIалэгъуалэр бзэм хуедгъаджэу щыдублэри, иджы университетым щрагъэджэным нэдгъэсащ.

— КъызэрызгурыIуэмкIэ, Тыркум шхуэр нэхъ игъэлэнлащ, ауэ иутIыпщыпэкъым. Фызэрыхуейм хуэдэу бзэр еджапIэхэм щрагъэджкъым, тхылъ къыдагъэкIкъым. КIэщIу жыпIэмэ, къэралым жэрдэмышхуэ хилъхьэкъым адыгэхэм заужьын папщIэ. — ЗэрыжыпIэм хуэдэ дыдэщ, Тыркум езыр зыхуейм хуэдизщ хуитыныгъэу къыдитыр.

— Фэ фыщIэлъэIукъэ? Хасэм лажьэхэм, политикэм хэтхэм пхрагъэкIын хуейкъэ апхуэдэ Iуэхухэр…

— ДыщIэмылъэIу хъун. Езыхэм зыри къыуатынукъым, къаIипхыфращ къыплъысыр.

— Адыгэбзэр сабийм ицIыхун щхьэкIэ адэ-анэр епсэлъэн хуейщ а бзэмкIэ. Анэхэр нэхъыбэу нэгъуэщIыбзэщ зэрапсалъэр я быным. Сыт ар къызыхэкIыр?

— НэгъуэщIыбзэкIэ щIепсалъэр: я быныр щIэныгъэншэу къэнэнкIэ, гъащIэм къыкIэрыхункIэ шынэу аращ. Хамэ щIэхъуэпсу, лъэпкъым хуэхамэу къэнащ ди лъэпкъым и нэхъыбэр.

— Анэдэлъхубзэр зымыщIэ сабийм Хасэм е еджапIэм бзэр щрагъэджкIэ ицIыхужыну жыпIэрэ?

— Адыгэбзэр зэрымылъ унагъуэм щапI сабийм бзэр ебгъащIэми щIэх дыдэу IэщIохуж. Ар хьэкъщ.

— Адыгэбзэр здадж еджапIэхэм сыт ящIэн хуейр сабийм бзэр фIыуэ егъэлъагъун щхьэкIэ? Адыгэ Хасэхэм сыт ящIэфынур абы ехьэлIауэ?

— Сабийхэм я анэхэри ящIыгъуу бзэр ирагъэджамэ дэгъуэ хъунут. Апщыгъуэм деж нанури гушхуэнут, анэдэлъхубзэр нэхъ егугъуу зэригъэщIэнут икIи унагъуэм лъэпкъыбзэр илъынут.

— Тыркум ис адыгэ псори щIэхъуэпсу пIэрэ я Хэкужь къэкIуэжыну? Сыт хуэдэ пэрыуэгъухэр щыIэу плъытэрэ?

— СызэрегупсысымкIэ, хэкурысымрэ хэхэсымрэ фIыуэ зэрыцIыхукъым. Хэкум исым хэхэсыр тыркуу е хьэрыпу елъагъу. Хэхэсхэми хэкум исхэр урысу ялъагъу. Псори аращ зэрыгупсысэр жысIэкъым, ауэ апхуэдэу къызыщыхъухэр къытхэтщ. ДызэкIэлъыкIуэмэ, дызэпсалъэ зэпытмэ, дызэгурыIуэжынущ. Пэжыр жысIэнщи, уи унагъуэр хэкужьым къэпшэжыну тыншкъым, абы лъэпощхьэпо куэд пыщIащ. КъэкIуэжыфыну Iэмал зиIэр къокIуэж. СэркIэ щIалэгъуалэр адэжь хэкум гъэкIуауэ, абы щеджэу, IуэхущIапIэ щигъуэту, абы унагъуэ щыхъухьмэ нэхъыфIщ, нэхъ изэгъэнущ. ЩIалэгъуалэр нэхъ щыхъунущ абдеж. Абы шэч къытесхьэкъым.

— Адыгэ тхакIуэм и бзэри, и гупсысэкIэри, и псэлъэкIэри адыгэбзэ къабзэу щытын хуейщ. Нало Заур и псалъэхэмкIэ жысIэнщи, «адыгэбзэр псалъэхэракъым, атIэ псэлъэкIэращ». Адыгэ хабзэри, зэхэтыкIэри, псэлъэкIэри фIыуэ къагъэсэбэпу щытащ ди тхакIуэ нэхъыжьхэм. Абыхэм я тхылъхэм ущеджэкIэ адыгэм и дунейм укъыщохутэ. Псалъэм папщIэ, сыт и уасэ КIэрашэ Тембот, Нало Заур, КъардэнгъущI Зырамыку сымэ я тхыгъэхэр. Ахэр куэд мэхъу. Нобэ тхакIуэфI диIэжкъым щыжаIэкIэ, ар лъэпкъымкIэ гузэвэгъуэщ. Дауэ уеплърэ, Турхьэн, сыт хуэдэу щытын хуей ди лъэпкъ литературэр?

— Сэри куэд щIакъым стхат, адыгэ тхакIуэ лъэщ диIэкъым, ди бзэкIэ, ди тхыбзэкIэ ди гупсысэр нэгъэсауэ тIуэтэжыфкъым, ди лъэпкъым и гъащIэ тхыдэр дахэ-дахэу тхауэ щыIэкъым жэуэ. Я жагъуэ хъуну сыхуейкъым, ауэ ди тхакIуэхэм я нэхъыбэм усэрэ псысэрэ фIэкI ятхкъым. Ди щIэблэр хъыбарыжьрэ псысэжьрэкIэ догъэхьэулей. Ахэр лъэхъэнэм екIуу щIэныгъэм хуэгъэсэн хуейщ. Зы мазэ ипэ мыбы дэт Адыгэ Хасэм щызэхуэсауэ ныбжьыщIэхэм шы тесыкIэр, уанэр, лъахъэр хуаIуатэу зэхэсащ. СыткIэ къащхьэпэну а ныбжьыщIэхэм а жраIэхэр? Сабийхэм бзэр фIыуэ ялъагъун щхьэкIэ, сабий джэгукIэхэр хэту, езым ябгъэтхыу, бгъэджэгуу ебгъэлэжьыпхъэщ. Уэ яхуэптхым, уахуеджэм, яхуэпIуатэм нэхърэ апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр нэхъыфIщ, мыхьэнэшхуи кIуэцIылъщ. Мыр сэ стхащ, мыбы сэ седжащ жиIэнущи, ар и щхьэм нэхъ къинэнущ. Сэ Тхьэм адыгэу сыкъигъэщIащ, си анэм адыгэбзэр къысIурилъхьауэ си лъэпкъыбзэр сIурылъщ, лъэпкъым и хабзэм, си ныбжьым елъытауэ, си щIэныгъэм къызэрихьу, адыгагъэр си гум итхауэ сыпсэуащ. Сызэпсэлъэн сымыгъуэтмэ тхылъ седжащ, сытхащ. Си бзэм сримыпсалъэу зы махуэ блэзгъэкIакъым. Сызыдэлажьэхэр псори тыркут, ауэ абы щхьэкIэ къэзгъэнакъым, сыадыгэти, адыгэу сыпсэуащ.

— Сыт адыгэ хабзэм хэмылъу Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къащтар? Сыт пхъуэжыну узыхуейр?

— Адыгэ хабзэм къемыкIуу къащтар къалэм щащI хьэгъуэлIыгъуэхэращ. Нысэмрэ щауэмрэ къызэдэфэу нэхъыжьхэм я пащхьэм итщ. Ар ди хабзэм екIурэ-тIэ? Хабзэм хэбдзынур лъэхъэнэм къемыкIужхэращ.

— Адыгэ пщащэм, унагъуэ ихьам, нанэм я щытыкIэн хуейр нобэрей зэманым екIуу дауэ зэрыщытыпхъэу къэплъытэр?

— Адыгэ пщащэр и фащэкIэ, и зыIыгъыкIэкIэ, и зекIуэкIэкIэ нэгъуэщIхэм къахощ. Ауэ дэри дызылъэпкъыу дыщыIэщи, мыхъун къызыхэхуэ гуэрхэри диIэщ, диIэнущ, хабзэм темытхэри къытхэкIынущ. Унагъуэ ихьэ хъыджэбзыр а зэрыхьа унагъуэм елъытауэ ядопсэу зэманым зэрекIу щытыкIэхэмкIэ.

— Дауэ къыпщыхъурэ, Турхьэн, адыгэхэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр къайхъулIэну — дунейм щикъухьа ди лъэпкъыр зы хъужыфыну пIэрэ? Сыт тщIэн хуейр а хъуэпсапIэр нахуэ хъун папщIэ?

— Адыгэм и хъуэпсапIэр къыдэхъун щхьэкIэ фIэщхъуныгъэ хэлъу, ищIэн хуей Iуэхум гурэ псэкIэ хуэпэжу хуэлэжьэн хуейщ. Псалъэ къудей мыхъуу, Iуэхум тегъэчынуэ хуэлажьэмэ, гухэлъыр хэти къыдэхъунущ.

— Лъэпкъыр зы зыщIыжыфынур сыт, уи еплъыкIэмкIэ?

— Зы дызыщIыжынур тхэлъ адыгагъэращ, лъэпкъ гупсысэращ, дызэрылъэпкъыр, щхьэж и кIахэ жыдмыIэу, псоми дыадыгэщ жытIэу дызэкъуэтынращ. Узэкъуэтмэ, улъэщщ.

— Хуабжьу гуапэу дызэпсэлъащ. Тхьэм уигъэпсэу, Турхьэн. Ди бзэри, ди хабзэри, ди лъэпкъри зы хъужауэ Тхьэм дигъэлъагъу! Турхьэн, гъащIэм гу щыпхуэу, уи усэхэмкIэ дыбгъэгуфIэу, къару къытхэплъхьэу куэдрэ щIэблэм япэ уригъэт!

Епсэлъар ДЗЭМЫХЬ Мадинэщ. Хъумэрэ къуажэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *