Пщэдджыжьщ. Умар нэхъ жьыIуэу шхэри къыщIэкIащ. Гуахъуэр къищтэщ, и дамэм трилъхьэри, къыдэкIащ. Ар губгъуэм макIуэ мэкъуIэнащтэ. КъуажэкIэм къэсащ.
Зеикъуэпс зэпиупщIу, губгъуэмкIэ дэкI «ШыхулъагъуэжьымкIэ» псыхъуэм дыхьэрэ пэт, Умар зэуэ къызыщIэувыIыкIащ, тIэкIурэ щытри ежьэжащ, лъэбакъуэ зытхухкIэ бакъуэри, аргуэру къызыщIэувыIыкIыжащ:
— Iэу, Iэу, уэлэхьи сыунэхъуакIэ, си щхьэ куцIыр мэхъей, — и щхьэ хуэпсэлъэжурэ, и щхьэр игъэсысащ. «Сыкъ-сыкъ» макъыр нэхъ IупщIуи къызэхихащ.
— Уэлэхьи, аракIэ, зэрисысыхь макъыр зэхызох. Сэ мэкъу зэтелъхьэ сыздэкIуэни щыIэкъым, си унэ силIыхьыжмэ нэхъыфIщ, — жиIэри, къигъэзэжащ Умар. Зэзэмызи и щхьэр игъэсысмэ, «сыкъ-сыкъ» макъым щIэдэIуурэ, Умар я деж къэсыжри дыхьэжащ. Гуахъуэр бжэIупэм Iуигъэувэри, Умар щIыхьэжащ, псынщIэ дыдэуи шэнт лъахъшэм зридзыхащ, и щхьэри егухауэ, нэщхъейуэ.
Умар и щхьэгъусэр псынщIэу къыщылъэтащи, упщIэхэр гузавэу къытрекIутэ:
— Сыт, на-гущэ къэхъуар? Щхьэ къэбгъэзэжа? Уи лажьэIа? Щхьэ унэщхъей? — Уэлэхьи дунэхъужакIэ, си щхьэ куцIыр хъеящ, — жиIащ еплъыхыу здэщысым. — Сыт къыпщыщIар? Дауэрэ зэрыхъуар? Уджэла? — гузавэурэ мэупщIэ щхьэгъусэр. — Сыджэлакъым. «Шыхулъагъуэжьым» сехрэ пэт, зэуэ къызэхэсхащ си щхьэ куцIыр зэрысысыр, сэри къэзгъэзэжащ «сунэхъужащ, сытри си мэкъу» жысIэри.
Мыдэ къэдаIуэт, уэри зэхэпхынкIэ мэхъу, — жиIэри и щхьэр игъэсысащ, и упщIэ пыIэри зэрыщыгъыу.
Щхьэгъусэр Iэбэри, упщIэ пыIэр къыщхьэрихащ, пыIэ шыкъушхуэр иубыдри. — Иджы уи щхьэр гъэсыст, — жеIэ щхьэгъусэм. — IэI, Iэу, сысыжкъым, сыхъужауэ пIэрэ? — жиIащ. — Анна, делэ ухъужа, уи пыIэ шыкъуращ сысыр, «сыкъ-сыкъ» макъыу зэхэпхыр абы и сыкъ макъращ нэхъ, уи щхьэ куцIыр хъеякъым, — къегиящ щхьэгъусэр.
— Арамэ, нтIэ, ар зымыдэр сэра? — жиIащ, и упщIэ пыIэр зыщхьэритIэгъэжщ, къыщIэкIри, гуахъуэр ищтэри мэкъуIэнащтэ губгъуэм дэкIащ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.