«Си лъагъуныгъэм и сатырхэм сыщымысхь…»

ЩыIэщ цIыху, и щIыхьыр къалащхьэ утхэм щиIэтын папщIэ къэхъуауэ зимылъытэжу, атIэ, и гъэсэныгъэ лъагэмкIэ цIыхубэ псом гъуазэ хуэхъуфу. КХЪУЭХЪУ Хъаннэ Мухьэдин и пхъур апхуэдэхэм ящыщщ. Абы и творческэ макъыр ину Iукъым, ауэ уи гущIэ лъащIэм хохьэ, ар зэхэзыххэм я тхыр нэхъ захуэ хъу къыпщегъэхъу, уеблэмэ пасэ зэманым уэзыгъэгъэзэж, мыхьэнэ зиIэ гукъэкIыжхэр, махуэен зэрызехьэм хэту псэу куэдым ящыгъупщэжахэр, нэгум къыщIегъыхьэж.

Хъаннэ 1949 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 18-м Къэрэшей-Черкес Республикэм и Къэрэшей районым хыхьэ Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ. Кавказым и къуршыщхьэ хужьхэм зыдагъэхъуу хьэуар уафэм здыщIэуэ, лIыщIыгъуэ кIуахэм я джэрпэджэжыр къызыхэIукI псы щIыIэмылхэр здежэх а щIыпIэ дахэращ усэну пщащэм къалэм къезыгъэщтар. АдыгэщIым ар игъэсащ даущыншэр зэхихыу икIи абы и тхыдэм и ву макъыр зэхигъэкIыфу. Иджыри сабийт абы тхэн щыщIидзам. Нэхъапэ и Iэпэм къыщIэкIар, еджакIуэм и зэфIэкIым елъытауэ, гушхуэныгъэ зыхэмылъ, пIытIа-хузауэ щыт сатырхэрати, ену егугъут псалъэкIэ зэрыхуейуэ къимыгъэлъэгъуэф дахагъэм, гущэм хэлъу и анэм къритауэ щытам, пкъы зэрыритыным. Абы медучилищэр къеух, медик мэхъу… И балигъ хъугъуэм къыкIэрымыхуу и усэхэри лъэщ хъун щIадзэ, гур зыгъэпIейтей, хэзыгъахъуэ къару ягъуэт, усэбзэ нэсым зырэхуэфащэу. Куэд мыщIэу макъ щэхукIэ Iууэ еса и усэхэр Хъаннэ и пщIантIэм дахри къытрадзэ республикэ газетхэмрэ журналхэмрэ: «Ставрополье», «Дон», «Iуащхьэмахуэ» хуэдэхэм. АрщхьэкIэ уи зэчийр къызыкъуэпхын, бгъэщIэрэщIэн папщIэ, зи ужь уит Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIым — мастерым хуэмызэу хъукъыми, Хъаннэ Горький Максим и цIэр зезыхьэу Москва дэт литературэ институтым щIотIысхьэ, 1987 гъэм пщIондэ «усыгъэ» къудамэм щхьэкъэмыIэту щоджэ.

ИужькIэ езым зэрыжиIэжамкIэ, урысей тхыбзэм и унэ уардэу щыт еджапIэм ар хуигъэсащ нэхъ гугъуу щыIэм — псалъэм елэжьыным. И гурыщIэхэр, кхъуэщыным ит псым ещхьу занщIэу къримыкIыкIыу, усэм и ухуэкIэр, псалъэ, сатыр къэс пкъы зэрырат щIыкIэр зрегъащIэ, итхым нэхугъэ ин къыхэщу. Ищхьэ еджапIэм зыщегъасэ и тхыгъэхэм ткIийуэ бгъэдыхьэу, тхакIуэм и псалъэр — блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэ лъэмыжу зэрыщытыр, къыгурыIуэу. Кхъуэхъу Хъаннэ и творчествэр — ар псышхуитӏым я зэхэлъыкIэ телъыджэм ещхьщ зыгуэркIэ.

Зы лъэныкъуэкӏэ убгъэдыхьэмэ, адыгэ литературэм и уэрыпӏэ лъэщыр, адыгэ ӏуэрыӏуатэм лӏыщӏыгъуэкӏэрэ къыдекӏуэкӏ хабзэхэр, лъэпкъ шыфэлIыфэм и дахагъэр къызэщIеубыдэ. НэгъуэщIу уеплъынщи, абы ухешэ урыс усыгъэм и гъэпсыкӏэ кууупIэми, дыщэ лъэхъэнэми, иджырей зэманым и метафорикэ гугъуми. Ар бзитӏкӏэ матхэ — анэдэлъхуу къылъыса адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэкIэ. А бзитӏми и макъыр стереофоническэу егъэпсыф. Абы и сатырхэм щэнхабзэхэр щызэпэщIэувэкъым, атIэ, абыхэм IукIэ зэхуэмыдэхэр зэраIэр зыхыуагъащIэ. Кхъуэхъур тлъытэ хъунущ интернациональнэ сурэтыщӏу, зи творчествэр дэтхэнэ цӏыхумкIи наIуэу, сыт щхьэкӏэ жыпӏэмэ, езым къыгуроIуэри щӏыхьыр, лъагъуныгъэр, гукъэкӏыжыр зэрыпсалъэ бзэхэр. Хъаннэ усакIуэ-уэрэдусщ, УФ-м и журналистхэмрэ и тхакIуэхэмрэ я Союзхэм хэтщ, «Мы – кавказцы» журналым и редактор нэхъыщхьэщ. 1981-1987 гъэхэм Горький Максим и цIэр зезыхьэ литературэ институтым щеджэу, еплIанэ курсым хэсу, адыгэбзэкIэ итха и усэхэр иту «Гъатхэ макъамэхэр» тхылъыр дунейм къытехьауэ щытащ. Зэман зэхуэмыдэхэм къриубыдэу къыдигъэкIащ «Бгыхэр жьы хъукъым», «Къуршыпсхэм я уэрэд», «Си Лъостэнжан», «Адыгэпхъухэм я пшыналъэ», «Моя родня» усэ тхылъхэр, гъащIэм и нэгу щIигъэкIа къэхъугъэхэм, и зэхэщIыкIым къыхихыу итха пьесэхэр зэрыт тхылъитI… ПщIэ зыхуэтщI литераторыр къыщалъхуа махуэм гулъытэ хуэтщIкIэрэ, фи пащхьэ идолъхьэ адыгэ лъэпкъым теухуауэ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа усэ Iэрамэ.

Адэжь хапIэ, сыздалъхъуа си унэ,

ГъащIэ нэхур нэм къыздыщIыхьа!

КъыщIэжыхукIэ имыухкъэ уэ уи псынэр —

Си гухэлъхэм къежьапIэ хуэхъуар.

Мис а псынэрщ япэу щIалэ нагъуэр

Си гухэлъхэм къыздыхэIэбар.

Къыздигуэшу и мурадкIэ дуней щIагъуэр,

Псынэпс IэфIым дыщыздеIубар.

Бгыхэр ди щыхьэту, лъагъуныгъэр

ГъащIэм дэ пхытхыну зэжетIат.

Нэмыплъ зэттмэ, щыIэщ псынэ лъагъуэр,

Дапщэрэ абы дэ дрикIуат?

Лъагъуныгъэм егъэзахуэ бгыжь зэлъахэр

Ауэ дэри тхъугъэр къытхуегуэш.

Дэ псынащхьэм куэдщ къыщытпсэлъахэр.

Хъункъым псынэр зэи дэ дгъэкуэш.

Ирегъагъэ си Хэкур

Ирегъагъэ си Хэкур,

ИрегуфIэ сабийхэр,

Къыщылыду я нэгухэм

ГъащIэ дыгъэм и бзийхэр.

Ирегъагъэ си Хэкур,

Иребагъуэ и фIыгъуэр,

ЩремыщIэ анэгур

Мамырыгъэм и дыгъэм!

Я уэрэдхэр ди цIыхухэм

ЗэдыжаIэ гупсэхуу.

Дунеишхуэм щацIыхур,

ПлъапIэу щыIэщ си Хэкур!

Ныбжьэгъугъэр ди ныпщи,

Iэпщэ лъэщхэм яIыгъщ.

Ди Хэкушхуэр насыпщи,

Шэсым дежкIэ лъэрыгъщ.

А лъэрыгъым дэ диту

КъыттекIуэни къэхъун?

Дызытет дуней хуитым

Зым хуэддэнкъым къегъун.

Хэкур хуитмэ, гъэтхафэщ,

И фэр зэи мыкIуэд.

Къэралышхуэ унафэщ,

Дохъу зэшыбэр дэ куэд.

Си кърухэ

СыщыхьэщIэкъым

сыщалъхуа щIыналъэм,

Адэжь Хэкум IэфIу сыщопсэу.

Гъуэнлэпами, си нэпс тезгъэлъалъэм,

Гъатхэм сэтэнейри къызэщоу.

ГъащIэм нэпсщ уэшхышхуэ къежэхыр,

Хэку фIылъагъуныгъэм къыхэкIауэ,

Ныбжьэгъугъэщ жьым

къихьа жылапхъэр —

Итщ епэрхэу хадэм къыщыкIауэ.

Къру-къазхэр — ахэри мыхамэ,

Мамырыгъэ гъуохэу уэгум итщ.

Дэ ди къуршхэм я макъ зэхахамэ,

Ар здахьынум езыхэр хуитыжщ.

СыволъэIур, адыгэ макъамэр,

Си кърухэ, дэнкIи къыщефхьэкI.

Си лъэпкъэгъухэр хэсу щытмэ хамэм,

Хэкум папщIэ я нэпс къыщIырекI


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *