ИНЖЫДЖЫШХУЭ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ пщэрылъымрэ жэуаплыгъэ хьэлъэ зыпылъ лэжьыгъэмрэ, цIыху минрэ щэм щIигъу здыдэс жылагъуэ цIыкIум и Iэтащхьэ IэнатIэ лъагэм илъэс еплIанэ хъуауэ бгъэдэтщ, апщыгъуэми, гуащIафIэу зи лэжьыгъэр зыгъэкIуатэщ ХЬЭКЪУН Заремэ (Хъарс Уэлий ипхъущ). Абыи гу лъыдмытэ хъункъыми, жылагъуэм и Iэтащхьэ пщэрылъхэр Заремэ къыщыхуагъэфэщам, абы и ныбжьыр илъэс 35-м щIигъуа къудейт… ГужьеинкIи зы хуэIуатэкъым.
Арами, нобэкIэ, бзылъхугъэ гу щабэ — Iу щабэ цIыкIур и щхьэрэ игурэ зэтелъу бгъэдэтщ и пщэ къралъхьа къалэнхэм, къуажэдэсхэр зыхуей яригъэгъуэтыным, езым къызэрыхигъэщу, и псэм хуихь и къуажэм щыпсэухэм я щыIэкIэ-псэукIэр ефIэкIуэнымкIэ хузэфIэкI къару, щIэныгъэ ирихьэлIэу… Зэуэ жытIэнщи, мы унафэщI бзылъхугъэ гуапэр щапхъэу къахуэбгъэлъэгъуэфынущ ехъулIэныгъэ хэлъу и лэжыгъэр къызэрызэригъэпэщымкIэ. Ар щыхьэт тохъуэ Хьэкъун Заремэ и къуажэм и зыужьыныгъэм папщIэ псэемыблэж гуащIэ зэригъэтIылъым, апщыгъуэми, зэфIэкIхэр зэриIэм. Хэту пIэрэ, псом хуэмыдэу, къуажэм и щыIэкIэпсэукIэм зигу щIэузынур?
Пэжщ, абы къыщыхъуа, щапIа, адэжь хапIэ зиIэращ. Абыхэм ящыщщ Зареми. «ХъыджэбзыфIыр я жылагъуэм дагъэкIкъым» зэрыжаIэу, къыздэхъуа Инжыджышхуэ къуажэращ, зи зэхэтыкIэм фIыуэ зыщыгъуазэ жылагъуэращ езыр унагъуэ здихьари. 2003 гъэм курыт еджапIэр къиуха нэужь, пщащэр щIэтIысхьащ КъэрэшейЧеркес къэрал технологическэ академием. ИкIи, «Технолог по переработке сельскохозяйственной продукции» IэщIагъэмкIэ ищхьэ щIэныгъэ зригъэгъуэтауэ еджапIэр къиухащ. ЩIыпIэ самоуправленэ къулыкъум Заремэ и гуащIэдэкI лэжьыгъэр щригъэжьауэ щытащ 2009 гъэм, илъэс 24-м и ныбжьыр иту, военнэ-щIэтхэныгъэ лэжьыгъэм и инспектору. Жэуаплыгъэ зыхэлъ пщащэ гурыхуэм гу къылъатэ икIи 2017 гъэм и IэнатIэр ехъуэж IэщIагъэрылажьэ-бухгалтер нэхъыщхьэкIэ. Абдежми Заремэ зыкъыщегъэлъагъуэ зыбгъэдэт лэжьыгъэм хуэIэкIуэлъакIуэу, икIи 2019 гъэм къыхуагъэфащэ къуажэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ IэнатIэр. Абы техуэуи Заремэ и щIэныгъэм хегъахъуэ, етIуанэ ищхьэ еджапIэр «экономикэ» IэщIагъэмкIэ къеухыж, «магистр» нагъыщэр иIэу. А пщэрылъыр ирихьэкIыурэ, 2022 гъэм Заремэ трагъэувэ Инжыджышхуэ къуажэм и Iэтащхьэ къалэнхэр зыгъэзащIэу…
Абы щегъэжьауэ, нобэр къыздэсам а къалэн мытыншым бзылъхугъэ гурыхуэр гуащIафIэу пэрытщ. Къыкъуэту къыдолажьэ и къуэдзэр, бухгалтерыр, администрацэм и IэщIагъэлIыр, зауэщIэтхэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ инспекторыр…
— Дауи, цIыху миным щIигъу здыдэс къуажэр куэдым хуэныкъуэщ, жылагъуэдэсхэм лъэпощхьэпо зэмылIэужьыгъуэхэм гу лъатэ, псом хуэмыдэу нэхъыщхьэу къыхэгъэщыпхъэр псы къызэрытIэрыхьэращ. Бжьамийхэр жьы хъуащ, зэрыщыту зэхъуэкIын хуей защIэщи, абы Iуэхур гугъу ещI. КъинэмыщIауэ, щIыгу Iуэхухэм пыщIа упщIэхэри мащIэкъым… Жагъуэ зэрыхъущи, къуажэм лэжьапIэ дэлъкъым. ЩIалэгъуалэр къалэхэм кIуэурэ щолажьэ. А къыдэна бжыгъэри зэпхар мэкъумэш хъызмэтращ. ДиIэкъым щэнхабзэмкIэ Унэ е IуэхущIапIэ, творческэ щIалэгъуалэм зыздагъэсэн; нобэкIэ иужь ситщ ныбжьыщIэхэм зыздагъэсэн спорт IуэхущIапIэ къахузэдгъэпэщыным, абыхэм хуэгъэза хэгъуэгу программэхэм зыдопщыт… ЕджапIэм спортзал хэт пэтми, ар IэмэпсымэкIэ къызэгъэпэщакъым. Илъэс блэкIам тхузэфIэкIащ зыгъэпсэхупIэ парк цIыкIу тщIыну, «Формирование комфортной среды» программэм гуащIафIэу дыхэлэжьыхькIэрэ. Апхуэдэ къабзэу, илъэс икIам районым и гъуэгу фондым и мылъкукIэ къуажэм и зы уэрамым зэгъэзэхуэжыныгъэфIхэр етщIылIащ. Мы гъэми а лэжьыгъэ лъэныкъуэгъазэм пытщэнущ. Тхьэм тхузэфIигъэкI!
2023 гъэр сигу къэзгъэкIыжынщи, Iуэху зэхэщIыхьа хьэлъэхэм къуажэр дыхэхуауэ щытащ: фощIэж унагъуэ 33-м псы къазэрыщIэуауэ щытар. Апщыгъуэми унагъуэ къэс мылъкукIэ дэIэпыкъуныгъэ ядгъэгъуэтат. АтIэ, щIыпIэ бюджетми, районми къабгъэдэкIыу унагъуэ къэс сом мин 33-рэкIэ защIэдгъэкъуауэ щытащ. Лэжьыгъэшхуэ апщыгъуэм ди пщэ къыдэхуат псыр зрикIуэ бжьамийхэр, кIэнауэхэр гъэкъэбзэжынымкIэ. Лэжьэн щIэздзагъащIэу сызыхэхуа а Iуэху гугъум, зэуэ жысIэнщи, сипсыхьауэ солъытэ», — къыддогуашэ къуажэм и Iэтащхьэ гуащэр.
Иджыри зы лъэныкъуэмкIэ мы бзылъхугъэ гу щабэм и лэжьыгъэшхуэ утыку ирехьэ: СВО-м щыIэ ди къулыкъущIэхэм псапащIэ гулъэхэр яхуэутIыпщыным япэ махуэм щегъэжьауэ холэжьыхь. Абыи упыкIыжынщи, къуажэм и Iэтащхьэ бзылъхугъэ гу щабэращ зи пщэ къралъхьар «мобилизацэ» лэжьыгъэ хьэлъэ дыдэр. Игу къеуэу къыхегъэщ я къуажэм щыщу СВО-м кIуа щIалитхум — щыр зэрыхэкIуэдар… — Япэхуным псапащIэ гулъэхэр си щхьэгъусэмрэ сэрэ дгъэхьэзыру щIэддзащ. Иужьым, си лэжэгъухэри къыткъуэуващ. ИтIанэ курыт еджапIэм щылажьэхэр, щеджэхэр къытхыхьащ. ИлъэсыщIэм ипэ къихуэу дутIыпща псапащIэ гулъэр зэрыкъуажэу зэхуэтхьэсауэ плъытэ хъунущ.Къуажэдэсхэм я нэхъыбэр псэ къабзэ гу къабзэу псапащIэ Iуэхум къыхохьэ. Ар икъукIэ гуапэщ», — къыддогуашэ Заремэ.
АдэкIи къыщIегъуж: «СызыщIэхъуэпсыр — схузэфIэкIкIэ сэбэп сыхъуу си жылэжьым и теплъэр езгъэфIэкIуэнырщ, икIи, абы хуэгъэзауэ си къаруи, лъэкIыныгъи, зэфIэкIи сыщысхьынукъым». УнафэщI IэнатIэм зэрытет пIалъэ кIэщIым къриубыдэу, Заремэ хузэфIэкIар мащIэкъым. ЕхъулIэныгъэ хэлъу щIыпIэ самоуправленэ къулыкъур зэрырихьэкIым, и къуажэм и зыу жьыныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, унафэщI – бзылъхугъэ гуапэм къыхуагъэфэщащ къэрал власть къулыкъухэм къабгъэдэкIа щIыхь, фIыщIэ тхылъ бжыгъэ
. А псоми къадэкIуэу, зи къэрал лэжьапIэ IэнатIэр зыхуей хуэзыгъазэ унафэщI гумызагъэм и унагъуэмкIи Тхьэм узэрелъэIунщ. Зэщхьэгъусэхэм сабиищ зэдапI. Анэ Iу щабэм, щхьэгъусэ щыпкъэм зэман къахуегъуэт и бынунагъуэм игу хуабагърэ псэ IэфIагърэ ялъигъэIэсын, игъэгушхуэн. Шэч къытесхьэкъыми, унагъуэм дежи зи пщэрылъ хэр нэгъэсауэ щызэфIэзыхыу, къуажэм и жылагъуэ гъащIэри ехъулIэныгъэ хэлъу зыгъэкIуатэ Заремэ, сыт хуэдэ Iуэху хьэлъэри къыдэхъунущ. АпхуэдизымкIэ игурэ и псэрэ етауэ ар и IэнатIэм пэрытщи…
Тхьэм нэхъри иригъэфIакIуэ! Сыпхуохъуахъуэ бзылъхугъэхэм я Махуэ лъапIэмкIэ, Заремэ! Уи псэ къабзэмрэ пхэлъ шыIэныгъэмрэ, цIыхухэм ябгъэдэплъхьэ фIылъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ хуэдищэкIэ хэхъуауэ Тхьэм къыпхуигъэкIуэж!
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.