
Илъэс 70 ирикъуащ Къэрэшей-Черкесым и къэрал къулыкъум щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Черкесым и щэнхабзэ щIэиным и псэуалъэхэр къэрал IэмалкIэ хъумэнымкIэ Управленэм и унафэщIу лэжьа БЕСЛЪЭНЕЙ Умар Кълыш-Джэрий и къуэр.
Мы зэманым, ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 80 щрикъум ехъулIэу мыхьэнэшхуэ ягъуэт тхыдэ щIэиным и
фэеплъ псэуалъэхэм, ахэр хъумэным. Ноби абыкIэ эксперт, чэнджэщакIуэ хьэлэмэту къонэ ди псэлъэгъур. Пенсэм тIысыжауэ зэрыщысми емылъытауэ, дыгъуасэ хуэдэу ещIэж зыхэта Iуэхухэр, къызэринэкIа гугъуехьхэр, зыдэлэжьа цIыхухэр. АтIэ илъэс 70-р иджыри жьыгъэкъым, цIыхум зригъэгъуэта щIэныгъэхэр, зэригъэпэща гъащIэ зэхэщIыкIыр гъерэтыфIэу къыщигъэсэбэпыж, абыкIэ цIыхухэм щащхьэпэ лъэхъэнэщ. Ар гъэсакIуэ, ущиякIуэ, чэнджэщакIуэ губзыгъэм и ныбжьщ.
Ди журналист Дэбагъуэ Хьэтызэ абы дригъэкIуэкIа зэпсэлъэнэгъэм фыщеджэ «ЧХ»-м и е 6-нэ къыдэкIыгъуэм.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.