«Си бзэм лъагъуныгъэ хузимыIэм…»

Урысей адвокатурэм и Махуэм

Накъыгъэм (майм) и 31-р — Урысей адвокатурэм и Махуэщ. Абы ипкъ иту нобэ и гугъу фхуэтщIыну ди гуапэщ ди республикэм щыцIэрыIуэ адвокатхэм ящыщ ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэ гуащIафIэм – ЛЪЫС (Махуэ) Розэ Хьэмзэт ипхъум.

Ар адвокатурэм 2007 гъэм къыщыщIэдзауэ щолажьэ. Илъэс 23-кIэ, пенсэм кIуэхукIэ, Хьэбэз район прокуратурэм щылэжьащ. ФIыщIэ тхылъкIэ КъЧР-м и прокуратурэм Розэ пенсэм игъэкIуэтами, илъэс ныкъуэ фIэкI щымысу, адвокат къулыкъум и гуащIэр ирипхащ. ИкIи, илъэс 19 мы гъэм ирикъунущ Розэ адвокату зэрылажьэрэ. IэщIагъэрылажьэ IэпщIэлъапщIэу зи цIэр зыгъэIуа Розэ и лэжьыгъэр нэгъэсауэ зэригъэзащIэм къыдэкIуэу, ар гукIи псэкIи цIыхухэм яхуэпэжщ.

Шэч хэмылъу, ахэри IэщIагъэ махуэщIымкIэ Розэ нобэ къохъуэхъу. ЖыIэпхъэщи, Лъыс Розэ цIыхухэм къызэрацIыхур и IэщIагъэ лэжьыгъэ закъуэракъым. Мы бзылъхугъэр иропIейтей къызыхэкIа лъэпкъым пкърыт гуузым, абы хуэгъэза гупсысэ купщIафIэхэри сыт щыгъуи бгъэдэлъщ. Адыгэпсэ, лъэпкъыпсэ — хэкупсэ — мы псори зыхужыпIэфынщ Хьэбэз къуажэм дэс Лъыс Розэ. Илъэс тIощIым щIигъукIэ здэлэжьа прокуратурэ къулыкъум абы далъэгъуа щыпкъагъымрэ цIыхугъэмрэ, пэжагъыр, нэмысыр, гъэсэныгъэр ноби ящыгъупщакъым, абы къыпокIуэ къыхуащI пщIэмрэ щIыхьымрэ. Зэрылъэпкъыпсэм и гугъу пщIымэ, ди тхыгъэм и щхьэщIэдзапIэми ар гурыIуэгъуэ пщещI.

Къыхощ ар и усэхэми, и къэпсэлъэныгъэхэми — нартыгъэ, адыгагъэ, адыгэ Хабзэ, адыгэ Хэку, адыгэбзэ, адыгэ тхыдэ, адыгэ Тхьэ бгъэдэтыкIэ — мыпхуэдэмкIэ гъэнщIахэм. — Илъэс къэс гъатхэпэ мазэм Дунейпсо Iуэрытхыр дотх. Япэу ар щыстхар 2020 гъэращ, адыгэ тхакIуэ КIэрашэ Тембот и «Шапсыгъ пщащэ» тхыгъэмкIэ. Апщыгъуэм сызэщIэзыубыда гупсысэхэм къыпэкIуат си лъэпкъэгъухэм зэрызахуэзгъэзауэ щытар, бзэр зэрекIакIуэм къихь шынагъуэр, абы кърикIуэфынур, апхуэдэнумэ, кIэух дыджыр зэрымыжыжьэр къыхэзгъэщат, — къыддогуашэ Розэ. Дыхуейщ а зыхуэгъэзэныгъэр фи пащхьэ итлъхьэну.

«ФIэхъус апщий, адыгэ лъэпкъ! Нобэ, минитIрэ тIощI гъэм гъатхэпэ мазэм и махуэ еханэм щIыналъэпсо адыгэ Iуэрытх зытхахэм сахэтащ. Ар фIыуэ схуэмытхауэ къысщыхъуащ, «си тхыгъэмкIэ тIу къэзмыхьащэрэт» жысIэуи сытешыныхьт, сыту жыпIэмэ псалъэ куэдыр, абыхэм я зэпыщIэныгъэ гъэпсыкIэхэр сэркIэ псынщIэтэкъыми… Сызытешыныхьым сытеукIытыхьыжурэ, «узэкIуж-зэгъэпэща адыгэтэмэ, щыуагъэншэу утхэфынт, иджы фIымэ еплъ уи бзэм ухуэакъмыкъыныр зыхуэдэм» жысIэу, си щхьэм сыхуэшхыдэурэ сыкъыздэкIуэжым, усэ гукIэ къэзгъэщIащ. Ар адыгэ Iуэрытхым теухуа япэ адыгэ усэу щытынкIи — щымытынкIи мэхъу, уеблэ мэ мы зы усэм нэхъ щымыIэнкIи мэхъу. Ауэ, фи пащхьэ ислъхьэну мы усэм еджа нэужь, адыгэу зызылъытэж дэтхэнэри дяпэкIэ Iуэрытх тхыным зыпыIуидз дэнэ къэна, тегушхуэу ди бзэр куууэ къищIэжыну, абыкIэ тхэныр фIыуэ илъагъужыну, и щхьэри лъагэу диIэтыжыну сыхуейт!

Ди бзэм и дэхуэхыныгъэмрэ, иджырэ къэс къытфIэмыIуэхуу зэрыщытамрэ, дгъэкIуэсэжыпэ ди бзэм сызэрыригумэщIым къыхэкIкIэрэ, сызыхэта гухэщI-гуузым ди пщэдей къэкIуэнум ди лъэпкъыр натIэкIэ емыуэлIэну сыхуейщ, «зи бзэр хэзыгъэкIуэдэжа лъэпкъ» зыхужаIэн дымыхъун папщIэ. Ажалыр зэрыIэбапIэншэм хуэдэу, лъэпкъым и бзэр имыхъумэмэ нэмыщI IэбапIэ щыIэкъым ар къызэтегъэнэнымкIэ.

Анэдэлъхубзэ бзэншагъэр — ар уи щхьэр цIыкIуу плъагъуж къудейм къыщынэкъым, атIэ ар кIуэдыжыгъуэщ – лъэпкъ кIуэдыжыгъуэщ! Дауэрэ дэ нобэкIэ ди щхьэр цIыкIуу зэрыдмылъагъужынур, ди анэдэлъхубзэр хэчыхьауэ, е ныкъуэфэкъуэу щытщIэкIэ, е хамэбзэхэм къыхэтха псалъэхэмкIэ дыщыуэршэркIэ, ахэр адыгэ псалъэ къытщыхъужу. Е нэхъыкIэжыр аращи, зэрыхамэ псалъэр тцIыхуу, арами ахэр нэхъ къэдгъэсэбэпу, абыхэм адыгэ жыIэкIэхэр IэщIыб ядгъэщIу, адыгэ псалъэ куэдым я псэр хедгъэхыу… Адыгэ псоми сызэхахыну сыхуейт. Лъагъуныгъэ хуэдывгъэщIыж ди анэдэлъхубзэу ди адыгэбзэм – Тхьэбзэм палъыта бзэм, зедывгъэгъэсэж абы щыуагъэншэу дритхэфу, шэрыуэу дрипсэлъэфу. Ди адыгащхьэри лъагэлъапIэу ди бзэ хъумам дэтлъагъужыфыну Тхьэм къыдигъэхъулIэ!» — апхуэдэщ Розэ и гум къиIукI гупсысэхэр. АдэкIи къыпытщэнщ зи гугъу ищI усэр.

ЕкIэкIуауэщ бзэр зэрысщIэр.

УкIытэгъуэ-емыкIушхуэщ,

Щхьэм мыгъуагъэ хузощIыж,

Сигуми узыр къыхолъадэр,

НапIэр нэпсым къресыкI.

А дакъикъэм сегъэшэчыр

Ишэч псывэм хэупIам.

Гузэвэгъуэ сщхьэщыкIуэтым

Япэу жьыуэ дэсшэжам

СепIэщIэкIыу сощI Iуэрыгъэ:

ЗэзгъэщIэну си бзэ дахэр,

Си гупсысэр куу схуищIыфу,

Сритхэфу нэгъэсауэ.

Армырамэ къызгуроIуэр —

Сэ адыгэу сабж мыхъун.

Мэхъу итIани сыхэн гъащIэ

ГъэнщIыпауэ Тхьэбзэ бзэмкIэ!

Мы си усэр зэхэзыххэм

«Сыапхуэдэщ, уэ сэрмахуэ!

Сощхьыркъабзэу сыппачай», —

ЖаIэу я щхьэр яубыжу

КъахэкIынкIи мэхъу гупыфI.

Ауэ щыхъукIэ зы дывгъэхъуи

ХъуэхъукIи Iуэхур дывгъэублэ

Ублэхъуауи дыхуевгъажьэ

Жану ди бзэр къэтщIэжыну,

IуэрыIуэдзэкIи бэтэжу,

Дыдихьэхыу ди бзэ пэжым,

Пажэу гъащIэм ди Iэпэгъуу,

Пхъэщхьэмыщхьэу ди псэм хэпщIэу,

ПщIэуэ иIэри тIэтыжу

Тыншу щIэблэм ядгъэщIэжу!

Iуэрытх тхыным бзэр иузэщIмэ

ЗиузэщIынущ ди гурыхуэм.

Хэт и жьыщхьи жьыщхьэ махуэт

Хуиту и бзэм хуэкъулейуэ

И къуэрылъху-пхъурылъхухэу бжанэм

Нарт хъыбархэр хуэзIуэтэнхэр.

Мы псалъэхэр, лъэпкъыпсагъэкIэ гъэнщIа мы усэр хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэми ялъэIэсащ. Абыхэм къахэкIащ Розэ Iурылъ «лъэныкъуабэ-ебэкъуэкI» адыгэбзэр тщIатэмэ, Iумахуэу зытлъытэжынт жызыIахэри. Мы гъэм гъатхэпэм (мартым) и 16-м Черкесск къалэм дэт е 18-нэ еджапIэм щекIуэкIа, усэ къеджэнымкIэ къалэ зэпеуэм Розэ итха «Къытхуэфхъумэ Урысейр…» усэр щыIуащ. Абы къеджащ и къуэрылъху цIыкIу, ещанэ классым щеджэ Лъыс Ридэд. Мы усэми, зауэлIхэм я лIыгъэм къинэмыщIауэ IупщIу къыхощ адыгэр лъэпкъыу хъума дыздэхъунур Урысей къэралышхуэ закъуэрауэ зэрыщытыр.

Къытхуэфхъумэ

Урысейр!

Си къэралу Урысей,

Си Хэкушхуэу Урысей!

Уи инагъым ней къезыххэр

Уи беягъым къыщIэнэцIхэр,

Уи лъэщагъым пIейтей ищIхэр

Нытогушхуэр къопIэскIунхэу.

Я пIэскIуэкIэр мафIэдзынти

 МафIэдз щащIыр Украинэм,

Къэралыгъуэм и лъэпагъым.

Хэт хэхуами гузэвэгъуэ

И гъуэншэджырщ япэу зэпхъуэр,

КъыкIэлъыкIуэу гъунэгъу йоджэр —

ДжакIуэ гъакIуэ ищIри арщ.

«Уи гъунэгъурэ уи гъуэншэджрэ» —

Зэхуагъадэуи щIыжаIар,

А гъунэгъуращи япэу

ТегъэщIапIэ хэти хуэхъур.

АтIэ гъунэгъу узщыгугъыр

Хьэ дзэкъэну къыуауыштрэ

Уи бын гуэрхэм къажьэхэпхъуэм

Сыт IэбапIэр зыпхъумэным?

Хъумэ Iуэхур хуокIуэр зауэм

Бзаджэ лъабжьэр къичын папщIэ —

Урыс лъэпкъыу хьэIупс хъуахэр

Киев лъэхъум къегъэлынкIэ.

Ди сэлэтхэр зауэ дыджым,

ГъащIэ уасэкIэ хыхьахэу,

Зэкъуэш хахуи хэхъухьахэу,

БгъэкIэ къахьхэр ТекIуэныгъэр.

«Хьет» жевгъыIэу ди нэхъыжьхэр,

Фыхэтщ зауэм и гуащIэгъуэм.

Хэкупсагъэ лъагэ фхэлъырщ

Урысейм и къарур!

ЗауэлI щIыхьыр и лъэнкIапIэу,

Урысейр зэфIэтынщ.

ТекIуэныгъэр фи Iэужьу,

Хэку и жьэгу фикъихьэжынщ!

Зэщымыщыр зи беягъыу,

ЗэщIэлыдэр зи дахагъыу

Къытхуэфхъумэ Урысейрщ —

Зыхъумэнур ди пщэдейр!

«Урысейм адыгэу щыпсэум япэу тхъумэн хуейр ди адыгэбзэмрэ адыгагъэмрэщ, ди хабзэхэрщ. Ахэращ зыми къыхуимычыфыну ди лъабжьэр, дывгъэгъэбыдэ ар — адыгэбзэ къабзэр. АбыкIэ зыкIи ди къэралыр пэрыуэгъу къытхуэхъукъым. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж лъэпкъыу зытIэтыжыфынущ нобэрей ди адыгэбзэ зэкIуэкIар нартыбзэмрэ хьэтыбзэмрэ тедгъэпсыхьыжрэ, ди бзэ пажэу утыку къитшэжмэ. Ди бзэр фIыуэ тщIэн папщIэ, ар зыхуэныкъуапэр ди лъагъуныгъэщи, ар едывгъэгъуэтыж!» — а зэхуэсым щигъэIуащ лъэпкъ Хасэм и лIыкIуэу къэпсэлъа Розэ. Бзэр хъумэныр зэи зэпымыу лэжьыгъэу зэрыщытыр къыщыхощ и «Пабжьэ гъэсысу…» усэми

Пабжьэ

гъэсысу

Зымахуэ гъэлъапIэр къемэщIэкIынщ

Анэдэлъхубзэм ипщIэ уасэншэм.

НэмыщI гулъытэр едмыпэсыжмэ,

Иса уэздыгъэу пункIыфIыкIынщ.

Зымахуэ пIалъэр напIэ дэдзейщ

Уримыпсалъэм бзэм илъэс псом.

Нысашэ IуэхукIэ чеижь зэрадзауэ,

Дэбдзэжуи аращ, упэплъэу и пIалъэм.

Ди бзэр зытетыр, шэчыншэу, пэнтIыкъщ,

Нэр зынэмысу зищIагъкIэ еухщ.

Сытошыныхьыр лъэпкъым и гъащIэм —

Анэдэлъхубзэм еух емыхарэт!

Пабжьэ гъэсысщ бзэмкIэ зы махуэр,

Зумыгъэужьмэ бзэ ныбжьырейм.

Жагъуэм и жагъуэщи семыувалIэ,

Хамэбзэм си бзэр зэригъэкIуасэм.

Нобэрей ди бзэу ди адыгэбзэр,

Хьэжыгъэ щIэпщу сэ щIэзгъэпщынт,

Къизнэу кхъузанэм ди бзэм щымыщхэу,

Адыгэ псалъэхэр псэншэ зыщIахэр.

Кхъулэ хунтху ласкIэуи искIутыжынт,

Жын бзэхыжауи згъэбзэхыжынт,

Хуэш къыхыхьауи хэзгъэкIыжынт

Егъэлея лейиххэу бзэм хэтхэр.

Илъэс къэсыхукIи ди бзэр мэтхытх,

ТхыIушэ дзэлуи хулауэ зегъэш,

БзэмыIууи нэзым ар ирехулIэр

Хьэрыпым я бзэм – чэнджэщи къэвмыхь.

Еру зэманым дэмыкIуэдыну

ФIылъагъуныгъэкIэ бзэр дывгъэгъэнщI.

Анэдэлъхубзэр бзэ къабзэу

тхуэхъумэм –

ТхузэфIэкIынущ лъэпкъыр тхъумэн!

Розэ и IэдакъэщIэкI «Адыгэ Нып» усэхэми

гупсысэ куум ухедзэр:

Адыгэ Нып!

Адыгэ Ныпыр тхыдэ напэщ,

Зи лъабжьэр куууэ еIэбыхщ:

ЛIыхъужь нарт лъэпкъым и дамыгъэу

Уафэгум къибжри вагъуэу щиIэр

Нып напэ кIуэцIкIэ зэбгъэдэтхэу,

ЩIыналъэм деж щызэрипхащ.

Вагъуэбэ бынуи зы защIащ,

Я шабзэ лъэщкIи захъумэжхэу.

Зэкъуэш пщыкIутI зэкъуэувам

«КъикIуэт» жыхуаIэр къахуихуакъым

Бий бзаджэ лъэщым пэщIэхуакIэ.

Мамыру жыгхэр щыхасами,

Шагъдий шы жэрхэр зэрахуами,

Щауэ лIыхъужьхэр къыщалъхуами,

Хэплъыхьа Хабзэр къыщащтами,

КъэфэкIэ дахэр щаублами,

Жэн-шэрхъ джэгукIэхэм хэтами,

Адыгэ фащэ — цейр щадами,

Зэуами текIуэу бийм и куэдым

Нэхъ мащIэу бжыгъэкIэ щыщытми —

Сыт и лъэныкъуэкIи, бжесIэнщи,

«Хьет» жрагъыIэу гъащIэм хэтт.

ЛъагъэIэсакъым Ныпыр щIым

Лъыгъажэ зауэхэр щекIуэкIым.

Мыхъунт а Ныпыр пIэщIэхун —

ЛъэпкъитIым я псэр бийм хихами

Нып напэм деж щыажалыншэщ!

Жаней, Убыххэр щымыIэжми

Абы я вагъуэу Ныпым итхэр,

Ирехьэ жылэу адыгэгухэм.

КъытырехъукI зы жылэ цIыкIум

Жаней, Убыххэм я фэеплъу

Унагъуэ къэс фи бын пщIырыпщI!

Ди щIалэгъуалэм сызэхэфхи,

Къалэну фи пщэм ифлъхьэ фэ

Адыгэ цIыхухэр бэгъуэжыну!

Адыгэ Нып мыкIуэдыжыну

ЩIыхъуреишхуэр кIэрэхъуэхукIэ!

Лъэпкъым и цIыхухэм мыпхуэдэ гупсысэхэр ябгъэдэлъыху гугъапIэ щыIэщ адыгэм зы Хабзэу, зы Бзэу, зы Хэкуу щIы хъуреягъым ену гъащIэ щиIэну!


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *