«Си бзэ — си псэ, си дуней!

Адыгэбзэр хъумэным, лъэпкъым къыщIэтаджэ щIэблэм ар яIурылъу, пщIэ хуащIу къэгъэтэджыным хуэунэтIа IуэхугъуэфIхэр махуитIым къриубыдэу Къэрэшей-Черкес Республикэм и къалащхьэм щекIуэкIащ. А Iуэхугъуэхэм я къызэгъэпэщакIуэ, зэхэшакIуэ нэхъыщхьэ хъуащ КъЧР-м и Адыгэ Хасэр, Черкесск къалэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэр, республикэми, къалащхьэми адыгэбзэр щезыгъэджхэр.

«В одном строю» фIэщыгъэцIэр зиIэу, Хэку зауэш хуэм ТекIуэныгъэр ди къэралым къызэрыщихьрэ Илъэс 80 щрикъум ипкъ иту, зи № 9 Черкесск къалэ гимназием мэлыжьыхьым (апрелым) и 8-м щекIуэкIа, адыгэ бзэмкIэ усэ къеджэным и муниципальнэ зэпеуэм ныбжьыщIэ щэщIрэ плIым зыкъыщагъэлъэгъуащ.

Зэрыхабзэу, зэпеуэр ирамыгъажьэ ипэкIэ, абы хэтыну ныбжьыщIэхэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ Черкесск къалэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм и IэщIагъэрылажьэ нэхъыщхьэ Агырбэ Хъаджэт, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий сымэ. Къыхагъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэм ныбжьыщIэм бзэр фIыуэ зригъэщIэну зэрыхущIигъэкъур. ФIыщIэ ин хуащIащ зэпеуэм ныбжьыщIэхэр щыпкъэу хуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэм. Усэкъеджэхэр къэзыпщытэну жюрир ягъэбелджылыри, ныбжькIэ зэщхьэщыхуауэ: езанэ – еплIанэ классхэр, етхуанэ-еянэхэр, ебгъуанэ-епщыкIузанэхэр зэныкъуэкъуащ. КъызэрымыкIуэу фIы дыдэу, уагъэгушхуэу, адыгэгумрэ адыгэпсэмрэ яIэту ди усакIуэфIхэм я IэдакъэщIэкI хэм къеджащ ныбжьыщIэ цIыкIухэр, уеблэмэ бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэри теплъэгъуэ телъыджащэхэр къэ зыгъэщIахэри. Зэпеуэр зытеухуа темэр — ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэр къыхалъытэкIэрэ, зауэлI фащэхэр ящыгъыу ныбжьыщIэ куэд утыкум къихьащ. Зэпеуэ щыхъукIэ, шэчыншэу, нэхъыфIым я нэхъыфIыр къыхагъэщ. Апхуэдэти, мыбдежми зыщIыпIэм къыщымынауэ бзэр зыгъэшэрыуэ еджакIуэ цIыкIухэр белджылащ. Абыхэм къагъэлъэгъуа Iэзагъым папщIэ фIыщIэ яхуищIу, республикэ Адыгэ Хасэм и Советым хэт Лъыс Розэ и усэ гъэщIэгъуэнри утыку кърихьащ. Абы къыщыхощ лъэпкъыбзэр къыздежьамрэ ар дгъэкIуэд зэрымыхъунумрэ. «Хьэтхэм ар къысхуамыдэн» фIэщыгъэцIэр зиIэ усэм хэтщ мыпхуэдэ сатырхэр:

… Дэнэ щIыпIэ сымыпсэуми,

Си бзэм си псэр имыгъусэм,

 Си бзэм Хабзэр имыхъумэм

Хэт нэхъ лъэщу сихъумэн?!

КъинэмыщIауэ, Хасэм и Советым хэтым и къэпсэлъэныгъэр, псом хуэмыдэу, зыхуигъэзар балигъ хэращ. Къыхуриджащ дэтхэнэри я бынхэм я лъэпкъыбзэмкIэ япсэлъэну. «Ди сабийм къыдалъхуа и анэ дэлъхубзэр имыщIэмэ, ар зилажьэр нануракъым, атIэ ар езымыгъэщIа нэхъыжьхэращ, балигъ хъуахэращ! КхъыIэ, абы дыкIэлъывгъэплъ!» — къыхуриджащ псори. Хъуэхъухэм къадэкIуэу, мы махуэм я цIэр къраIуащ зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьахэм икIи махуэ щхьэхуэ хухахыу, лъэпкъыу хъуам я зэпеуэхэр зэфIэкIмэ, зэщIыгъуу ЩIыхь тхылъхэр зэрыратыжынури жаIащ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *