Мы зэманым Хьэбэз районым и щІыпІитІым, «Черкесск-Хьэбэз» автомобиль гъуэгум зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр щокІуэкІ. Ахэр 2016 гъэм щІидзащ икIи псори зэхэту автомобиль гъуэгум и Іыхьэ километр 56-рэ зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэм къызэщІрагъэубыдэнущ. Абы щыщу щІэрыщІэу зэтрагъэпсыхьыжащ километр 20.
Километр 23-р фІыуэ зэрагъэзэхуэжащ. Гъуэгу лэжьыгъэхэм фІыуэ зыщаубгъуащ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм. Куэд щІат а автомобиль гъуэгу Іыхьэм елэжьын зэрыхуейрэ, дагъуэу иІэр гъунэжт. Ар и щхьэусыгъуэщ лэжьыгъэхэр щІэх зэрызэлъэщІэмыхьэнум. Илъэсым икІэм ехъулІэу псори зэтрагъэпсыхьыну хуагъэфащэ.
— ЩызекІуи, щызежи — псоми ди нэрылъагъущ мы гъуэгу Іыхьэм и щытыкІэ еплъыхыгъуэр, шынагъуэ зыпылъыр. Абы къыхэкІыу, хуабжьу лэжьыгъэшхуэ ещІылІэн хуейщ. Абы теткІэрэ, гъуэгу гущІыІуи-лъабжьи тетхынущ, мывэкІэщхъ-пшахъуэ зэхэлъкІэ дгъэбыдэнущ, щэнейуэ зэтелъу асфальт-бетон зэхэлъкІэ гущІыІур тетщІыкІыжынущ. Апхуэдэ Іэмалхэр щхьэпэнущ гъуэгур илъэс куэдкІэ щытыкІэфІым иту лэжьэным. Псы тежыпІэхэри етщІылІэжынурэ, автомобиль гъуэгур зэрыщытыпхъэ мардэ, жыпхъэ псоми екІу тщІынущ, километр 1,8-рэ къызэщІиубыдэу,— жиІащ «Карачаевочеркесавтодор»-м и инженер нэхъыщхьэ Хутэ МуІэед.
Зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэшхуэхэр илъэс етІуанэ хъуауэ щокІуэкІ «Ботэщей-Куэш-Хьэблэ» автомобиль гъуэгу Іыхьэми. Мы гъэм ахэр зэнагъэсынущ. — Куэш-Хьэблэрэ Малэ Зеленчук къуажэхэмрэ яку дэлъ лъэмыжыр, Іэхэлъахэр зэгъэзэхуэным дыхэтщ мы пІалъэм. 2021 гъэм хуэдэу, мы гъэми псыдзэм нэрылъагъу къытхуищІащ лъэмыжыр, гъуэгур псыуэ къехым зэрыпэмылъэщыр. Ар къыдгурыІуэкІэрэ, лъэмыжри, гъуэгури быдагъ лъагэм хуэгъэщІауэ доухуэ, — къыддогуашэ Хутэ МуІэед.
ЗэрыгурыІуэгъуэщи, автомобиль гъуэгум машинэ зэхэзежэр щызэпы хэлъахэр зэгъэзэхуэным дыхэтщ мы пІалъэм. 2021 гъэм хуэдэу, мы гъэми псыдзэм нэрылъагъу къытхуищІащ лъэмыжыр, гъуэгур псыуэ къехым зэрыпэмылъэщыр. Ар къыдгурыІуэкІэрэ, лъэмыжри, гъуэгури быдагъ лъагэм хуэгъэщІауэ доухуэ, — къыддогуашэ Хутэ МуІэед. ЗэрыгурыІуэгъуэщи, автомобиль гъуэгум машинэ зэхэзежэр щызэпы мыукІэ, щызэхуамыщІкІэ, гугъумыгъу гуэрхэри къохъу.
Ар къагуроІуэ машинэ зезыхуэхэми, гъуэгум телажьэхэми икІи пщІэ зэхуащІу, зэхуагъэкІуатэу къызэдокІуэкІ. Гъуэгур зэзыгъэзэхуэж лэжьакІуэхэм я къалэну зыри къагъанэкъым — пщэдджыжьым жьы дыдэу Іуэхур ирагъажьэри, кІыфІ хъухункІэ мэлажьэ.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.