Шынагъуэншагъэм и плъырхэр

Урысейм и ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ Управленэм и къудамэу Къэрэшей-Черкес Республикэм щыIэм мы махуэхэм дэIэпыкъуныгъэфI къыIэрыхьащ: бензин генераторхэр, квадроциклхэр, мотоциклхэр, псылъэ резервуархэр, къинэмыщIу гъунапкъэхъумэхэр зыхуэныкъуэ хьэпшып зэхуэмыдэхэр.

Техникэр зэрыщыту къулыкъум Iэригъэхьащ «Зыуэ щыт Урысей» партым и штабым, КъЧР-м и Правительствэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Гаджиев Михаил и щхьэкIэ. «Ди зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ защIэдгъэкъуэныр ди къалэн нэхъыщхьэу къонэж. Хэкум и гъунапкъэхэм къулыкъур щрахьэкIкIэрэ, ди гъунапкъэхъумэхэм икърарыгъэм, псэемыблэжыныгъэм и щапхъэ ягъэлъагъуэ. Абыхэм я ехъулIэныгъэхэр, Iуэхум хуаIэ жэуаплыгъэ лъагэр, сыт щыгъуи Хэкур хъумэным зэрыхуэхьэзырыр — ди къэралым и шынагъуэншагъэмрэ и щхьэхуитыныгъэмрэ къызэгъэпэщыным хуащI хэлъхьэныгъэщ», — соцсетхэм щитхащ хэгъуэгум и Iэтащхьэм.

Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *