КъЧР-м и Адыгэ Хасэмрэ и Шууей Хасэмрэ я жэрдэмкIэ, я къызэгъэпэщыныгъэкIэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм жэпуэгъуэм (октябрым) и 12-м лъэпкъ махуэщI дахэ щекIуэкIащ — Къэрэшей-Черкесым, Адыгэ Республикэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Краснодар крайм щыщ шууейхэм къагъэлъэгъуащ хэт и адыгэшыр нэхъ бэшэчми, нэхъ Iущми, нэхъ жэрми.
«Шуджэгу — 2025» зыфIаща лъэпкъ IуэхумкIэ къызэщIрагъэубыдащ шы-спорт джэгу зэмылIэужьыгъуэхэр, балигъхэми сабийхэми ятегъэпсыхьа зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр. ВакIуэжылэдэсхэм я лъэIукIэ, я нэмыскIэ, я хьэщIагъэкIэ, КъЧР-м и Шууей Хасэм и егугъуныгъэкIэ къехьэжьа хъуа шуджэгум хэтащ икIи къыщыпсэлъащ ди республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Аслъэнхэ Алий, Адыгэ-Хьэблэ муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Астэжь Мыхъутар, ВакIуэ-Жылэ къуажэм и имам Мудар Хьэжы-Бэчыр, алибэрдыкъуэдэс Бещто Хьэсэмбийрэ адыгэхьэблэдэс уанэщI Iэзэ Уэхъутэ Алийрэ, Шууей Хасэм хэт ПIапIшу Аслъэн сымэ.
Къуэш хэгъуэгухэм къабгъэдэкIыу махуэщIым кърихьэлIа шууейхэр нэхъапэ жэпуэгъуэм и 10-м Жьакуэ къуажэм щепсыхщ, абдеж нэху къыщекIри, я къару зрагъэгъуэтыжащ. IуэхуфIу къапэплъэм хуэпIащIэу, пщэдджыжьым жьыуэ зыкъаIэтри, Хьэбэз районым и къуажэхэм шууэ кърехащ, шуджэгур здызэхэтыну ВакIуэ-Жылэ къуажэм мыгувэуи нахусащ.
Адыгэшым иращIэкIа зэхьэзэхуэхэр къызэIуихкIэрэ пэублэ псалъэкIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ ВакIуэ-Жылэ къуажэм и ефэнды Мудар Хьэжы-Бэчыр:
— Си лъэпкъэгъухэ, сыту ину дигъэбжьыфIэрэ нобэ мыпхуэдэ адыгэ джэгу дахэ ди къуажэм зэрыщызэхэфшам! Тхьэр арэзы къыфхухъу! Шуджэгум къеблэгъауэ хъуам зэхэтхынущ ди адыгэбзэр, тлъагъунущ ди щIалэ IэкIуэлъакIуэхэм я шы тесыкIэр, шэджэгъуашхэри къызэрысу, адыгэ шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыIудгъэхуэнущ. Дэ нобэ зыхуэдгъэувыжа къалэныр цIыкIукъым, ауэ, абы емылъытауэ, дыгуфIэу декIуэлIащ гъунэгъу хэгъуэгухэмрэ ди республикэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэмрэ къикIыу къытхуэкIуа ди лъэпкъэгъухэр гъэхьэщIэным, лъытэным, — жиIащ нэхъыжьыфIым.
Астэжь Мыхъутар шууейхэм фIэхъус ярихащ икIи гукъинэж гуапэхэр къэзыгъанэ махуэщI къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ нэгъэсауэ къазэрехъулIамкIэ яхъуэхъуащ. Абы къыхигъэщащ Адыгэ Хасэм ипкъ къикIауэ, Шууей Хасэм къиIэтыжауэ илъэс зыбжанэ хъуауэ ди хэгъуэгум щрагъэкIуэкI шуджэгум Лъэпкъ Хабзэр хъумэным, хэIущIыIу щIыным хуабжьу зэрыщхьэпэр, адыгэлIымрэ адыгэшымрэ щызэщIымыгъуа зэгуэрми къызэрымыхъуар, ди щIалэгъуалэм адыгэ зыдэс къуажэхэр къызэхикIухьурэ, шымрэ абы пыщIа Iэпслъэпсхэмрэ зэрызэрахьэр къызэригъэлъагъуэр.
«Тхьэм и фIыщIэкIэ, ди гъуэгур щытащ занщIэрэ тыншу. Сэ Тэхъутэмыкъуей районым и Шууей Хасэм къыбгъэдэкIа гупым сыщIыгъуу шуджэгум сыкъыхыхьащ. Илъэсибл-илъэсий хуэдиз хъуауэ «Шагъдий» ипподромым Iуэху дыдощIэ, дызыщыщ районым и унафэщIхэр къыттеубгъуауэ къыддоIэпыкъу, мис мыпхуэдэ адыгэ Iуэхухэм дыхыхьэну, зыкъыщыдгъэлъэгъуэну ахэращ лъэкIыныгъэ къыдэзытыр. Дэ ди къалэн пажэщ адыгэшыр утыку ишэнымрэ шы-спортыр ипэкIэ гъэкIуэтэнымрэ, нэхъыщхьэ дыдэр аращи — хэкурыс адыгэхэм лъырэ псэкIэ дяку дэлъ зэпыщIэныгъэр дымыгъэкIуэдыну хэти къыттохуэри, ар фIы дыдэу тхузэфIэкIыу солъытэ, — и гупсысэхэмкIэ къыдэхъуэжащ Адыгэ Республикэм и пщIэр иIэту шуджэгум хэта Нашэ Азэмэт.









Абы зэрыжиIамкIэ, Тэхъутэмыкъуей районым шууеибгъу, Мейкъуапэ къалэм шууеитI къыдэшэсыкIащ махуэщIыр къыддаIэтыну. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми дэгъуэу хе щIыкI шым и тесыкIэми и гъэджэгукIэми, арщхьэкIэ ахэр зи уанэ ис псэущхьэхэр шуджэгум зэи хэтатэкъыми, ар къазэрыщыхъунум, зэхьэзэхуэхэм мыщтэу, Iэсэу зэрапыкъуэкIынум яфIэгъэщIэгъуэну пэплъащ. Шуджэгум къекIуэлIахэм утыкур ягъэбжьыфIэу яхэтт къуажэ зэхуэмыдэхэм къыдэкIа нэхъыжьыфIхэри. Апхуэдэ лIы зэкIужт адыгэ Iэщэ-фащэкIэ зэщIэузэдауэ дызрихьэлIар, зи гъащIэ псор ухуэныгъэ IэщIагъэм етауэ къэгъуэгурыкIуа Хьэмдэхъу Умар Билъостэн и къуэр. Езыр и лъапсэкIэ ВакIуэ-Жылэ щыщщ, унагъуэкIэ Адыгэ-Хьэблэ Iэпхъуауэ щопсэу.
— Мыпхуэдэ дауэдапщэ зэгуэрми дагъэщIынутэкъым совет зэманым. Иджыпсту адыгэ лъэпкъым зиужьын щхьэкIэ Iэмалу имыIэ щыIэкъым. Шуджэгур зипкъ къикIахэм хуабжьу дахуэарэзыщ икIи тхузэфIэкIымкIэ сыт щыгъуи дащхьэпэну нэхъыжьхэр къыдогъэгугъэ. 1961 гъэм, «40 лет октября» колхозыр щызэхэтам, абы и тхьэмада Мэлыхъуэжь Мухьэрбий и фIыщIэкIэ мэкъумэшым дэгъуэу зыкъиIэтат, уеблэмэ колхозым и мылъкуми мелуан бжыгъэкIэ хэхъуат. А лIым и унафэкIэ ди районым щыяпэрейуэ шу зэпеуэ къыщызэрагъэпэщри, лъэпкъым и шыфэлIыфэр хэIэтыкIауэ дгъэлъэпIауэ щытащ. Псы дапщэ ежэха, гъэ дапщи блэкIыжа алъандэрэ, адыгэшым и цIэкIэ кърахьэжьаIауэ слъагъужакъым. Нобэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэм сыхэтыну Тхьэр къысхуэупсауэ, гукIэ зысхуэмыгъэнщIыжу соплъ ди къуажэбгъум ар зэрыщрагъэкIуэкIым, — гуфIэпсыжрэ гушхуэу къыддэпсэлъащ шуджэгум хуезэша адыгэлIыр. — Дэр нэхърэ нэхъыфIу адыгэшым и зэфIэкIхэр зыми къыхуэгъэлъэгъуэнукъым, ар ену гум нэс, псэм ехуэбылIэ щытыкIэщ, — щIигъужащ абы.
ВакIуэ-Жылэ къуажэм и джэ макъым зэхуишэса зэлъэпкъэгъухэм я махуэщIыр зэдаIэтащ, адыгэшыр фIыуэ зэралъагъум, ар къуэш пэлъытэу пасэ зэман лъандэрэ къазэрыдэгъуэгурыкIуэм, щIалэгъуалэм адыгэ фащэр зэрызэрихьэм, абы пщIэ зэрыхуищIым ирипсалъэ закъуэу щымыту, IуэхукIэ хуэфащэ уасэрэ гулъытэрэ хуащIу. ДохъушыкъуеищIым ныбжьышхуэ иIэщ, абы къихъухьахэм я шыгъупIастэр узыфIэмыкIыжыну хэплъыхьащ. Къуажэдэсхэр, зэхэлъадэри, щIыпIэ жыжьэ къикIа ди къуэшхэр, шыпхъухэр ягъэхьэщIащ.
— Дахуэарэзыщ ди хэгъуэгум деж адыгэм кърихьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхури зи щхьэ хуэзыхь, ди хабзэхэр, фащэр, адыгэшыр, тхыдэр зыхъумэ дэтхэнэми. Шуджэгур едгъэжьэн ипэ, жьантIэм си гъусэу щыса нэхъыжьыфIхэр къэпсэлъа нэужь, КъЧР-м и Шууей Хасэм и тхьэмадэ, шуджэгур иригъэкIуэкIыну зи пщэ дэтлъхьа Астэжь Амир ди пащхьэм сабийхэр къришэщ, джэгу зэмылIэужьыгъуэхэм хишэри, хэт и адыгэбзэр нэхъыфIми къызэригъэщIащ. Ди сабийхэр куэдым зэрыщыгъуазэм, уеблэмэ балигъхэми ямыщIэ Iэджэми зэрыхащIыкIым тхуэмыгъэщIагъуэу, гуфIэр ди гум щызу дакIэлъыплъащ, — жиIащ республикэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий. — Нобэ долъагъу адыгэ жылэхэм шы ягъэхъун зэраублэжар. Абы уимыгъэгушхуэну щыткъым.
Санкт-Петербург щызэхэт «Иппосферэ» лъэпкъыбэ шыгъэлъэгъуапIэм Хасэм и дэIэпыкъуныгъэкIэ дишхэр идошэ, ахэр дунейм нэхъыфIу щыIэхэм я нэхъыфIыжхэм зэращыщыр къыхагъэщу, гулъытэ ин къытхуащIу абы дыщыIэщ, — щIигъужащ Хасэм и тхьэмадэм. ЦIыкIухэм жрагъэIащ псынщIэрыпсалъэхэр, адыгэ хабзэхэр ягу кърагъэгъэкIыжащ, ауэ псоми гъэщIэгъуэныщэ ящыхъуар щIалэ цIыкIухэр уанэм хэлъ Iыхьэхэр адыгэбзэкIэ губзыгъэу къызэрырабжэкIамрэ хъыджэбз цIыкIухэр кIэртIоф упсынымкIэ IэкIуэу зэрызэпеуамрэщ.
Нэхъ къахэжаныкIахэр тыгъэ зэхуэмыдэхэмкIэ ягъэгуфIащ. Мыбы ипэ, шуджэгур хъарзынэу щекIуэкIауэ щытащ Жьакуэи, Эрсакони. Зы шэчи хэлътэкъым мы гъэм а IуэхуфIыр пищэну чэзур къызылъыса ВакIуэ-Жылэ къуажэми дыкъызэримыгъэщIэщхъунум. Ярэби, «етIанэгъэ ди деж шуджэгу щызэхэтшэну сыхуейщ» жызыIэн нэхъыбэу къыкъуэкIащэрэт. Къуажэ унафэщIхэр нэхъ жыджэру щыдгъэтынут. Адыгэ Хасэм хуэщIэр хуещIэ икIи мычэму хуищIэнущ апхуэдэ хьэрычэт зиIэм. Лъэпкъ Iуэхум хэлэжьыхьыну гукъыдэж къахуэушмэ, жылагъуэ Iуэхузехьэхэр якъуэувэнурэ ядэIэпыкъунущ, нэхъ дахэ, нэхъ екIу зэрыхъунум хуэдэу шуджэгуи къыхурахьэжьэнущ.
ВакIуэ-Жылэ къуажэм и Iэтащхьэ Щокъан Зухра къытопсэлъыхь шуджэгур фIы хъун папщIэ и къуажэгъухэм Iуэхуу ягъэкIуэтам:











«Лъэпкъ махуэщIым къекIуэлIахэм адыгэ шхыныгъуэхэр куэду яхуэдупщэфIащ. Хуабжьу гугъу ехьащ хьэлывэ гъэжьэныр, шыпс, пIастэ, махъсымэ щIыныр, Iэнэ зехьэныр, хьэкъущыкъухэр тхьэщIыныр зи пщэрылъа бзылъхугъэхэри, лы зыгъавэу лэгъупым бгъэдэта щIалэхэри. Афэрым яжызоIэ псоми, ауэ хэхауэ я цIэхэр къисIэну сыхуейт щIалэгъуалэр къызэщIэзыгъэIэу щIэгъэкъуэн къытхуэзыщIа Хьэжьыкъуэ Щэмил, ЛIыуней Беслъэн, Джатокъуэ Беслъэн сымэ».
Шуджэгу зэпеуэр зищIысымрэ абы и мыхьэнэмрэ зэхигъэкIыу мыпхуэдэу итхыгъат зэгуэр тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Бгъэжь нокъуэ Барэсбий: «Шым и Iэпкълъэпкъыр дахэ-дахэу земыкIуэмэ, хуэмыху мэхъу, — жаIэ.
ИкIи пэжщ, шуушыр куэдрэ щыбгъэтмэ, умыгъасэ зэпытмэ, ерейм хуэкIуа нэужь, утыку укъринэнкIэ тIэу еплъынукъым. Аращ адыгэлIхэм зэман гуэр къазэрахудэхуэу, яш ягъасэу, ягъэджэгуу, зэпеуэу щIыщытар. АпщIондэху езыхэми я Iэпкълъэпкъхэри ягъэлажьэт, шууей Iэмалхэм, зекIуэкIэхэм сыт щыгъуи хуэхьэзыру, хуэшэрыуэу щытын папщIэ. Шыр щIагъапхъуэти зэуэ зыкърагъэгъэкIэрэхъуэжт, жэрыжэм тету къелъэти шэсыжт, къеIэбыхти щIым хуагъэтIылъа гуэрхэр къащтэжт, псагъэ (нэщанэ) зэмылIэужьыгъуэхэм еуэт.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ шымрэ шууеймрэ я пIалъэ зрагъэщIэжт, я зэфIэкIри къагъэлъагъуэт, абы хагъахъуэт. Ауэрэ, езы тIур зэрыщIэти, зэщхьэпэжу зауэ гуащIэм хуэхьэзыр, хуэIэзэ хъут. ИпэкIэ пщыхэр, уэркъ хэр губгъуэм ит мэкъумэшыщIэхэр къахъумэу шу пщыIэу зэхэтмэ е зекIуэ кIуэуэ гъуэгу тетмэ, яш ягъэджэгу зэпытт. Ауэ псом хуэмыдэу шуджэгур убгъуауэ щащIу щытар адыгэ джэгушхуэхэм, тхьэлъэIухэм, илъэс къурIэнаджэхэм, дамыгъэтедзэхэм я дежт. Абы нэмыщIкIэ диным ехьэлIа махуэшхуэхэми — нэщI икIыж, Къурмэн махуэм ирырагъэхьэлIэт».
Мыгъэрей шуджэгур зэрекIуэкIа щIыкIэм и гугъу пщIымэ, абы хагъыхьащ адыгэшым зэфIэкIыу иIэр зэрагъэунэху, зэманым тегъэпсыхьауэ кърахьэжьэжа джэгукIэхэр. Шууей куэд къызэрызэхуэсам и фIыгъэкIэ, чыипхъуэт, фэзехьэ, ныпзехьэ зэхьэзэхуэхэмкIэ щызэпэщIэтынухэр шуджэгур езыгъэкIуэкIым гупихыу игуэшащ. Ар нэгъабэ зэпеуахэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. А псоми ищIыIужу, ини цIыкIуи шабзэкIэ ягъэуащ, кIапсэкIэ, IэпщэкIэ зэпрагъэкъуащ. Фэзехьэ, ныпзехьэ джэгухэмкIэ къуажэм нэхъ IэкIуэлъакIуэу Хьэбэз зыкъызэригъэлъэгъуам къыхэкIыу, адыгэшым и Кубокыр хуагъэфэщащ.
ЕтIуанэ увыпIэр лъысащ Тэхъутэмыкъуей районым и «Шагъдий» гупым. Ещанэ хъуащ ВакIуэ-Жылэ щыщ шууейхэр. ЕплIанэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа щIалэхэращ. — Нобэ щрет мы жьыбгъэ къепщэм шылъэр дыщIэкIыу, беслъэней щIыналъэр шылъэ макъым къызэщIигъачэу, къызэщIигъэзджызджу. А псори зи нэгу щIэкIхэм ягухэр гуфIэу я бгъэгум къоукIри, мис мы зэхьэзэхуэ нэсхэр здедгъэкIуэкIыну щIыпIэм щызэтетлъхьа пхъэбгъухэм наIуэ къащI шыфI тесым ефIэкIыныгъэу иIэр, псэущхьэм кIэбдзкIэ зиIэтрэ фIалъэкIэ уэгум щилъэм деж. Тхьэм гъащIэ кIыхь ищI адыгэм нобэ шуджэгу хуригъэкIуэкIыну гукъэкI зыщIам, зиш уанэ тезылъхьэу къежьа дэтхэнэ зыри жылэ махуэу игъэпсэу! — шуджэгур къезыхьэжьахэм яхъуэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дзэлыкъуэ къуажэм къикIа шууей гупым я пашэ, быфадэ (атэлыкъ) ныбжьыщIэ Къардэн Ахьмэд.
Мы шуджэгур шыр зэрыжэрымрэ зэрыIущымрэ къыздагъэлъагъуэ къудейтэкъым, атIэ, ар адыгэм и щэнхабзэмрэ лIыщIыгъуэ бжанэ зи ныбжь и хабзэхэмрэ псэ зэрахэтыр хьэкъ пщызыщI махуэщIщ. Апхуэдэ зэхыхьэхэращ лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм халъхуа щIэблэхэр нэхъри зэрызыгъэубыдыр икIи дяпэ итахэм я щIэиныр зыгъэнаIуэр. — Гу зэрылъыстамкIэ, мы гъэм шуджэгум цIыхуу къекIуэлIар куэдкIэ нэхъыбэщ нэгъабэ еплъытмэ. Командих зэпебгъэуэныр Iуэхушхуэщ, абыхэм якIэлъыплъхэмкIэ гъэщIэгъуэнщ а псори.
ИтIанэ, ди щIалэ цIыкIухэр уанэм губзыгъэу зэрытепсэлъыхьар зигу иримыхьа щыIакъым, къуэш хэгъуэгу къикIахэр къыдэхъуэпсауэ ежьэжащ. Абы къинэмыщIауэ, хабзэхэм ятеухуауэ къадгъэIуэтари, псэущхьэцIэхэр адыгэбзэкIэ къызэрырабжэкIари щхьэпэ хъуну жыдоIэ цIыкIухэмкIэ. Дяпэгъэ шуджэгум хыхьэмэ ахэр, нэхъ загъэхьэзырауэ, къахэжаныкIыну хуейуэ щытыну долъытэ, — жиIащ КъЧР-м и Шууей Хасэм и тхьэмадэ Астэжь Амир. Шым и пщIэр, и фIыр, и лъэкIыныгъэхэр къэгъэлъэгъуэнращи мы дауэдапщэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар, Тхьэм зы илъэси дэмыкIыу шуджэгур Къэрэшей-Черкесым щрыдигъэгъэкIуэкI, адыгэ фащэкIэ хуэпа адыгэлIхэр адыгэшым ену пыщIауэ щигъэт! ФIыщIэшхуэ яхудощI шуджэгур къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэ зи гуащIэ хэлъ Адыгэ Хасэми, Шууей Хасэми!
ГъуэгуфI къызэпызычу ди лъахэм къихьа шууейхэм бысым къахуэхъуа жьакуэдэсхэмрэ вакIуэжылэдэсхэмрэ, лъэпкъ Iуэхум хэтыным хущIыхьэгъуэрэ гупыжрэ къыхуэзыгъуэтауэ хъуам Тхьэм игъэпсэу яжыдоIэ!
ЛЫХЬ Тимур
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.