Зауэ… Сыту псалъэ гуауэ ар. ГъащIэ дапщэ абы зэхикъутэр? Апхуэдэщ 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м щIидза Хэку зауэшхуэр. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр къытеуат ди Хэкум. Ар илъэсиплIкIэ екIуэкIащ. Куэдщ абы хэкIуэдар, гуауэ куэди я нэгу щIэкIащ цIыхубэм.
Я гугъат нэмыцэхэм щIэх дыдэ лъэгущIэтын ди лъэпкъхэр ящIыну. Ауэ адыгэм жеIэ: «Дызэкъуэтмэ — дылъэщщ» жэуэ. Мис апхуэдэу зэкъуэуват ди къэралым ис цIыхуу хъуар. Зы адэ-анэм и бын хуэдэу зэкъуэувэри, пэщIэуващ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм. Зи лъэ вакъэ изылъхьэф къэмынэу дэкIт а зауэм. ДэкIт жьыри, щIэри.
Дэ ди ныбжь куэди хэтащ а зауэм. Ахэр партизан отрядхэм яхэтт, я пси емыблэжу бийм пэщIэтт. Бзылъхугъэ куэди хэтащ а зауэм. Апхуэдэщ Лъыс Зурят. Ар Хьэбэз къуажэм щыщт. Зурят «Красный кавказец» партизан отрядым хэтащ. Абы бийм и щэху куэд наIуэ ищIащ. Ауэ 1942 гъэм нэмыцэхэм яIэщIыхьащ Зурят. Абы и шыпхъум папщIэ итха тхыгъэм мыпхуэдэу итт:
«Нобэ мащэ къыдагъэтIащ. Нэрыбгэ 48-рэ дохъу, пщэдей даукIынущ. Ди анэм сэлам схуехыж, сызыщывмыгъэгъупщэ».
Уегупсысмэ, сыту гуауэ куэд анэхэм я нэгу щIэкIа! Анэм и гукъеуэм теухуауэ Бицу Анатолэ итхащ «Сурэт» усэр.
Куэд щIащ зауэ мафIэр зэрыужьыхыжрэ, Ауэ сахуэ фIыцIэр ноби ди щIым телъщ.
Мис, щIэрыщIэу нанэ блыным къыфIехыжри, Нэпсыр щIилъэщIыкIыу, сурэт гуэрым йоплъ… А сурэтыр нанэм хуехь и Iупэм, и нэм, И псэм химыхынур щIекъузэ и бгъэгу… КъогуфIыкI сурэтым щIалэ щхьэцбаринэрПасэу ар къигъанэу, техьар зауэ гъуэгу.
А зы сурэт закъуэрщ къытенар дунейми И фэеплъу и къуэ закъуэ хэкIуэдамАращ зэплъыр анэр дыгъэр къыщIэкIами, Аращ зэплъыр анэр жэщыр хэкIуэтам… Къызоплъыхь сэ фэбжькIэ гъэнщIа мы ди щIылъэр, Нобэм и нэщэнэу дэнкIи щызолъагъу: Итщ и пащхьэм анэр блыным сурэт фIэлъымСурэтыр нэщхъыфIэщ. Анэр гукIэ магъ.
Фронтым дэмыкIахэми, я къару къызэрихькIэ зауэлIхэр зыхуэныкъуэ ирагъэгъуэту, тылым щылэжьащ нэхъыбэж, зауэм Iутхэм я шхыныр, я щыгъыныр, я Iэщэхэр ящIу. Хьэзаб куэд ятелъащ цIыхубэм. ТхакIуэ-усакIуэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэр теухуащ Хэку зауэшхуэм. Апхуэдэщ Гамзатов Расул и «Кърухэр» («Журавли» усэри. А усэр абы итхащ зи бынибл, зэшибл зауэм хэкIуэда адэ-анэхэм я хъыбар щызэхихым, я фэеплъ сыныр щилъагъум. Гуузщ адэ анэмкIэ бын гукъеуэ ялъагъуныр. АтIэ, а зы унагъуэм щыщ зэшибл хэкIуэдат Хэку зауэшхуэм. Бын гукъеуэм къыхэкIкIэ, анэр нэф хъуат. Я къуэ ебланэр яукIауэ хъыбар къыщыIум, къуажэм дэс нэхъыжьхэр кIуат адэм хъыбар ирагъэщIэну. Ахэр къыщилъагъум, бжэIупэм Iус адэм къыгурыIуащ ахэр къыщIэкIуам и мыхьэнэр. Абдежми и гум хуэмышэчу зэгуэудащ.
ТекIуэныгъэр къэхьыным щхьэкIэ псэемыблэжу Хэку зауэшхуэм адыгэ лъэпкъым и цIыху куэди хэтащ. Апхуэдэхэщ: Хьэбэч Умар Хьэмид и къуэр, Къардэн Уэхьид Мусэ и къуэр, Лъыс Зурят сымэ.
Си нанэм и адэшхуэ Уэзрокъуэ Бэчыр Хьэжбэчыр и къуэри а зауэ гуащIэм хэкIуэдахэм ящыщщ. Ар Ростов щIэзэуахэм яхэтащ. Тэн псым здикIхэм нэмыцэ кхъухьлъатэхэр къащхьэщылъатэри къахэуащ. Абдеж Бэчыр хъыбарыншэу щыкIуэдащ.
Адрей си нанэм и адэшхуэ Дэхъу Ехья ПIатIэ и къуэр зауэм псэууэ къыхэкIыжащ.
ТекIуэныгъэшхуэр абы къыщригъэхьащ Ош деж. Зауэм щигъуэта уIэгъэхэм къыхэкIкIэ, узыфэ куэди телъащ. 1977 гъэм ар дунейм ехыжащ. Накъыгъэм и 9-м дэ дигу къыдогъэкIыж Хэку зауэшхуэм хэкIуэда псори. ИгъащIэм жаIэ: «Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым» жэуэ. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм, абыхэм я нэгу щIэкIам ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ. «Зауэм иужьыр хьэдагъэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар икIи пэжщ. Ди къэралым и закъуэ къапщтэмэ, Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэм къриубыдэу укIыгъэу диIар мелуан 27 – ми къыщызэтеувыIэкъым. 1945 гъэм и 9-м ди Хэкум, ди цIыхухэм ТекIуэныгъэшхуэр къахьащ. ГуфIэгъуэ нэпскIи гуауэ нэпскIи гъэнщIат а ТекIуэныгъэм и Махуэшхуэр.
ТекIуэныгъэ – ар дэ сыту тпэжыжьа. Хуэдэт мафIэ ужьыхам дэп хисхьэжам. Ди гъуэгуанэр, сабэ защIэурэ, лыгъейт, – Дэ мы махуэр зэрытлъэкIкIэ къэдугъуейт! Зы гъэм зы гъэр кIэлъыкIуэу блокI.
Хэку зауэшхуэм и гъэ хьэлъэхэр зэрыблэкIрэ илъэс 80 (ищI) мэхъу. Апхуэдиз мэхъу ди ТекIуэныгъэшхуэм и гуфIэгъуэ «Ура!»-р фашизмэм и гущхьэ Берлин къалэм зэрыщаIэтрэ.
Тщыгъупщэ хъункъым ди адэжьхэм яшэча хьэзабыр, мамырыгъэр къэзыхьа, ди нобэрей мамыр гъащIэм щхьэкIэ зи псэр зыта ди адэжьхэр. Тщыгъупщакъым!
Тщыгъупщэнукъым!
ТЕМЫРДАЩ Алинэ, Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапIэм е 5-нэ классым и еджакIуэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.