Къэзыпщытэж къэрал экзаменхэм баллышхуэ къыщызыхьа, еджакIуэхэм я Урысейпсо олимпиадэхэм ехъулIэныгъэ къыщызыгъэлъэгъуа хэгъуэгум и ныбжьыщIэхэм КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид яIущIащ.
Апхуэдэу мы еджэгъуэ пIалъэм Къэрэшей-Черкесым и еджапIэхэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм ящыщу еджакIуэ 261-м къэзыпщытэж экзаменхэм балл 80-м нэхърэ нэхъыбэ къыщахьыфащ. Темрезов Рэшидрэ ныбжьыщIэхэмрэ я зэпсэлъэныгъэр зэныбжьэгъу щытыкIэм иту екIуэкIащ. ЛIыщхьэм фIэгъэщIэгъуэнт еджакIуэхэм я мурадхэр, республикэм и зыужьыныгъэм хуаIэ еплъыкIэр. Езы ныбжьыщIэхэми Темрезовым упщIэ куэд иратащ, и щхьэ Iуэхум ехьэлIахэм къыщыщIэдзауэ социальнэ мыхьэнэ зиIэхэм щыщIэкIыжу. Ахэр щIэупщIащ республикэм и Iэтащхьэм лэжьыгъэм къыхудэхуэ зэманыр зэригъакIуэм, еджапIэм фIыуэ илъагъуу щыта предметым. «КъЧР-м и дохутыр ныбжьыщIэхэм сыт хуэдэ лъэкIыныгъэхэр къапэплъэрэ?», «ИлъэсипщI текIмэ республикэр сыт хуэдэу зэрыплъагъур?» упщIэхэри къэIуащ. — Ныбжьэгъухэ, республикэр зэрыщытынур фэращ зэлъытар. Ауэ сэ хьэкъыпIэкIэ си фIэщ мэхъу фэ фхуэдэ ныбжьыщIэ Iущ, зыужьыныгъэм хуэпабгъэ щIалэгъуалэ диIэху ди республикэм и къэкIуэнур фIы дыдэу зэрыщытынур! — жиIащ хэгъуэгум и Iэтащхьэм.
БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.