2025 гъэм мэлыжьыхьым и 4-5 махуэхэм Псыхуабэ къалэм «17 ценностей России» медиафорумыр щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат.
— Ди къэралым хэкупсагъэкIэ, пэжы-гъэкIэ, зэдэIэпыкъуныгъэкIэ, пщIэ зэхуэщIыныгъэкIэ къагъэщIа щэнхабзэ, тхыдэ щIэин къулей иIэщ. Абыхэм цIыхухэр зэкъуагъэувэ, нобэ дызэрыт зэман хьэлъэм лъэпкъхэм заужьынымкIэ щIэгъэкъуэн мэхъу. Ди гуапэщ, ди Лъэпкъ Пашэ Путин Владимир Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэ щIэинхэр хъумэнымрэ гъэбыдэнымрэ гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр. Си фIэщ мэхъу, зэпсэлъэныгъэ купщIафIэхэр здыщрагъэкIуэкIын, зэфIэкIхэмкIэ здызэдэгуэшэн,
цIыхухэм яхэлъ псэкупсагъэр хъумэным ехьэлIауэ къыхэлъхьэныгъэщIэхэр къыздэунэхун утыку мы форумыр зэрыхъунур, — зэIущIэм къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Есенеевым.
Форумыр теухуащ зэдэлэжьэныгъэмрэ пщIэ зэхуэщIыныгъэмрэ. КъинэмыщIауэ, ар хуэунэтIащ Урысей Федерацэм и хабзэ щIэинхэр хъумэнымрэ егъэфIэкIуэнымрэ, ахэр хъыбарегъащIэ утыкухэм къыщихьэным. Форумым и программэм ипкъ иту медием и IэщIагъэлI пашэхэм лекцэхэмрэ мастер-классхэмрэ ирагъэкIуэкIащ, социальнэ рекламэ къэгъэщIынымкIэ студент гупым ядэлэжьахэщ.
Мы Iуэхугъуэр къызэригъэпэщащ Ищхъэрэ-Кавказ федеральнэ университетым, УФ-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и Министерствэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.