ЗауэлIыр тылми щызауэлIщ. Апхуэдэу урегъэгупсыс мызыгъуэгум ди псэлъэгъу хъуам и гупсысэхэм ущIэдэIуа нэужь. НэIуасэ фыхудощI — СВО-р къызэрежьэрэ хэта, къыщыхэкIыжами, Iуэхуншэ мыхъу, хэкупсагъэм, IэпкълъэпкъкIи, акъылкIи щIэблэм зиузэщIыным, зипсыхьыным зи гуащIэ хуэзыгъэтIылъ ЧАПУРА Виталий.
Абы УФ-м и Гъунапкъэ-хъумэ дзэхэм и военнэ къулыкъур щрихьэкIа нэужь, адэкIи пищащ зауэлI гъащIэмрэ къулыкъумрэ. 1997-2007 гъэхэм КъЧР-м и МВД-м оперуполномоченнэу щылэжьащ, капитан зауэлI щIыхьыцIэр иIэу запасым тIысыжауэ щытащ. 2022 гъэм, СВО-р щыщIидзэм, Хэкум и гъунапкъэм, и шынагъуэншагъэм и плъыру щытыныр зи гъащIэ гупсысэ, зи псэукIэ щытыкIэ хъуа Виталий Владимирович лъэныкъуэгъазэу щытыныр къыхуегъэкIуакъым икIи фокIадэ мазэм, езым и арэзыныгъэкIэ, Росгвардием щIыгъуу, СВО-м Iухьащ. Абы щегъэжьауэ, 2024 гъэм нэгъунэ контракткIэ зауэлI къулыкъум хэтащ. Контрактыр иухыу къыщыхэкIыжми, кIэщIрэпсынщIэу къыгурыIуащ къулыкъуншэу зэрыщымысыфынур икIи триубыдэпат ИлъэсыщIэр зэрыдэкIыу СВО-м игъэзэжыным. Абы къыдэкIуэу, «Авангард»-м лэжьапIэ къыщыкъуэкIым, абы еувэлIащ. АтIэ, Чапура Виталий хьэкъыу къыгуроIуэ щIэблэм зауэлI быдагъэ, Iэпкълъэпкъ псыхьа, зауэ щытыкIэхэм зэрыпыкъуэкIын зэфIэкIхэр зэраIэпхъэр. Абы епхыжащ Хэкум и шынагъуэншагъэри, и бийхэм быдэу япэщIэтынри. Абы тещIыхьащ зауэлIым и къалэн, мурад нэхъыщхьэри — еджа-кIуэхэр зауэ-хэкупсагъэ гъэсэныгъэм хэшэн, шынагъуэншагъэ Iэмалхэм хуегъэджэн, дерсхэр щIэзыгъэбыдэж IуэхугъуэхэмкIэ зайгъэужьын.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Авангард» Купсэм зыщагъасэ е 10-нэ классхэм щеджэ ныбжьыщIэхэм, махуитху хуэдизкIэ мыбдеж щыIэхэщ, щоджэхэ, щопсэу.
— Гуапэ сщыхъуу къыхэзгъэщынщи, ныбжьыщIэхэм Купсэм щагъакIуэ зэманыр IуэхукIэ ягъэнщI, дерсхэри, ядгъащIэ псори яфIэгъэщIэгъуэнщ. Ар хуабжьу къащхьэпэжынущ къулыкъум дэкIмэ. Тегъэчынауэ жысIэнщ «Авангард»-м щедгъэдж лъэныкъуэхэр: «огневая подготовка», «тактическая подготовка», «строевая подготовка», IэпкълъэпкъкIэ зыпсыхьын, медицинэ дерсхэр, IэфIауэн…
Мы зэманым мыпхуэдэ егъэджэныгъэм мыхьэнэ-шхуэ иIэу къызолъытэ икIи абы ди щIэблэр хуэныкъуэщ, шэч хэлъкъым. Ахэращ ди къэкIуэнур, ахэращ ди шынагъуэншагъэр, — къыхигъэщащ Чапура Виталий.
— «Авангард»-м сыщеджащ Чапура Виталий и нэIэм сыщIэту икIи жысIэфынущ дерсхэр къызэрымыкIуэу сфIэгъэщIэгъуэну, щIэнгъуазэкIэ къызыхуэтыншэу зэрыщытар. Сызэсар жысIэнщи, къулыкъум деж сызыхуэныкъуэн защIэщ: псынщIэу зауэлI фащэр щыстIагъэу, япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр езгъэгъуэтыфу, автоматыр зэпкърысх-зэпкърыслъхьэу, зауэ тхыдэр къэсцIыхуащ, — къыддэгуэшащ ныбжьыщIэ Байчоров Умар.
ШЫБЗЫХЪУЭ Ирэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.