ЩIэблэм зауэлI лъэужьым пещэ

Ди газет псалъэм пэублэ хуэтщIыну хуэфащэу къыдолъытэ ар зытеухуа, зауэлIым къыщIэтэджа, адэшхуэм хуэфащэ щIэблэм и тхыгъэр.

«Сэ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну си дадэшхуэ АРЫПСТАН ПIатIэ Зэчрей и къуэр Хэку зауэшхуэр къыщежьам, 1941 гъэм, Хэкур бийм щызыхъумэну зыкъэзыIэта цIыхубэм хэту фронтым дэкIащ. 1924 гъэм Хьэгъундыкъуей къуажэм къыщыхъуа си адэшхуэр апщыгъуэм илъэс 17-м ит къудейт. Хэку зауэшхуэм и кIыхьагъыххэкIэ лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу хэта, псэууэ къэзыгъэзэжыну зи насып къихьа си дадэм и лIыгъэм хуэфэщэн зауэлI нагъыщэ лъагэхэр къыхуагъэфэщащ. Зэманым жьы ищIа, гъуэжьыфэ къызыщIэуэжа «красноармейскэ книжкэ»-м сыкъыщоджэ: «АРИПСТАНОВ Пётр Захарович.

Артиллерийский Мелитопольский Краснознаменный полк. Присвоено звание «гвардии сержант», механик-водитель». Хэку зауэшхуэм щIалэщIэу, илъэс 17 нэхъ мыхъуауэ дэкIауэ щытащ ПIатIэ икIи зауэр иухыху хэтащ, иужьми илъэситIкIэ къэтыжащ. Дэ дадэ деупщIрейт зауэм щилъэгъуахэмкIэ, ауэ абы фIэфIтэкъым и нэгум щIэкIам тепсэлъыхьыжыныр. Арами, хъыбар гуэрхэр къыжедгъэIэжт. Къезыгъэлам фIыщIэу хуищIым и хьэтыр хъунт, къыджиIэжрейт Ярославль деж къыщехъулIар. Дадэрэ зы урыс зауэлIрэ ису, танкыр мафIэ лыгъейм зэщIищтауэ сыт. Абы кърихьэлIа зы урыс бзылъхугъэ гуэрым дади, урысылIри кърихри ажалым къригъэлащ. Сыт щыгъуи жиIэр зыт: «Дэ зауэ илъэсхэм ди нэгум щIэкIар фэ, адэкIи къэкIуэну щIэблэм Тхьэм фимыгъэлъагъукIэ. Апхуэдэ зауэ къимыгъэхъужкIэ зэгуэрми!». Дадэ зэрихьа лIыхъужь нагъыщэхэм ящыщщ «За освобождение Крыма» орденыр, «За взятие Сапун-Горы» медалыр, нэгъуэщI куэди. ТекIуэныгъэм и Махуэм ехъулIэу, зы илъэси дэмыхуу, дадэ къэралым къыхуигъэфащэт юбилей медалхэмрэ саугъэтхэмрэ. Иджыблагъэ Интернетым зы гъэщIэгъуэн къитхащ. «Путь солдата Пастухова» зи фIэщыгъэцIэ тхыгъэм ди дадэшхуэр зыхэта танковэ полкым и хъыбар къыщекIуэкIт. Симферопольрэ Кърымрэ хуит къэзыщIыжауэ щыта ди зауэлIхэм, Сталиным и унафэкIэ, Сапун-Горам деж фэеплъ зэрыхуагъэувари къыщыхэщт абы…

1947 гъэращ и къуажэм къыщыдыхьэжар ди дадэр. Ауэ зы махуи Iуэхуншэу щысакъым коммунист, зауэлIыгу зыкIуэцIылъ адыгэлIыр. Куэдрэ щылэжьащ мэкъумэш хъызмэтым. ХэщIыныгъэ ин тхуэхъуащ 1995 гъэм дадэ дунейм зэрехыжар. Хуабжьу ар тхущощIэ ноби, ныжэби. Дадэ и щIыхьыр, и фэеплъыр дыхуэсакъыу дохъумэ, и медалхэмрэ орденхэмрэ зэIэпытхыу зыдохьэ. Дэри, дадэм къыкъуэжа и къуэпсхэр — и къуэрылъхухэмрэ пхъурылъхухэмрэ дыхуейщ дунейр мамырыну, ди дадэхэм, дадэшхуэхэм къытхуахьа ТекIуэныгъэм и пщIэр тIэту, я фэеплъым дыхуэфащэу дыпсэуну», — итхат ПIатIэ и пхъурылъхухэм языхэзым. Письмом итым щыщ гуэрхэр нэхъ гурыIуэгъуэ тщIынщ. ЗауэлIым и къуэрылъху СулътIанщ, нэхъри тегъэчынауэ жытIэнщи, ПIатIэ зыхэта полкым, и цIэр къызыхэщыж, «Путь солдата Пастухова» тхыгъэр Интернетым къыщызылъыхъуар. Ар зытхари, СулътIан хуэдэу, ПIатIэ къыдэзэуа урыс зауэлIым и щIэблэм языхэзт.
Тхыгъэм деж ПIатIэ — Петр, Зэчрей-Захар щIэхъуам и щхьэусыгъуэр апхуэдэу и дэфтэрхэм дежи зэрыратхарагъэнщ, урысыбзэкIэ зэрахуэкъулейм ирагъэкIуурэ. Нэхъыщхьэращи, адыгэлI зауэлIым и лIыгъэ куэдым ящыщ къызэрыднэсаращ. «1943 гъэм Мелитополь и уэрамхэм дытелъэдащ. Сэрэ Арипстанов Петярэ гъэру нэмыцэ офицер къатщтэри, ди командир, лейтенант Гаврюшов хуэтшащ. Абы нэмыцэбзэр фIыуэ ицIыхути, нэмыцэ офицерым пкърыупщIыхьын щIидзащ. Фашист гъэрым жиIэхэр хуабжьу ущэхуа, ауэ дэ къытщхьэпэн хъыбархэу къыщIэкIащ…», — тхыгъэм и зы пычыгъуэм къыщретхэкI. Дэри Интернетым дыщылъыхъуащ, къэтцIыхуащ а фIэщыгъэцIэм щIэту тхылъ зэрыщыIэр, ауэ ар идгъуэтакъым. Арыпстан ПIатIэ зауэм ипэм щегъэжьауэ и кIэм нэс хэтам къыщымынэу, зауэ нэужьми илъэситI текIыжауэщ къыщигъэзэжар, къэралым мамыр гъащIэр здызэфIагъэувэжхэм щылажьэурэ «къэгувэри». ИщхьэкIэ жыхуэтIа зауэлI нагъыщэхэм щIыдгъужынщ «За боевые заслуги», «За Победу над Германией» медалхэр, Хэку зауэшхуэм и орденыр. ЗауэлI хахуэм и цIэр зытетха, и сурэтыр зытет «Парта Героя»-р къуажэ курыт еджапIэм илъэситIкIэ щагъэувурэ, еджакIуэхэр Арыпстаным и зауэ гъуэгум, зыхуэдам щагъэгъуазэу, лIыгъэм и дерсхэр ирагъэкIуэкIащ. ЖыIэпхъэщи, Арыпстан ПIатIэ и къуэш Исмэхьили зауэм хэтащ.

Ар хъыбарыншэу хэкIуэдауэ къалъытэурэ къекIуэкIащ. 2015 гъэм абы и цIэр къыщыхагъуэтэжащ «Черкес хэку»-м къыщытеддзэ, хъыбарыншэу кIуэдауэ къалъытэхэм я тхыгъэхэм. Хуабжьу быныр щыгуфIыкIат я адэ къуэшым и цIэр къызэрыкъуэкIыжам икIи газетым фIыщIэ къыхуащIу зыкъыхуагъэзат. Арыпстан ПIатIэрэ и щхьэгъусэ Лидэрэ бын хъарзыни 6 зэдапIащ, абыхэм къуэрылъху-пхъурылъхуу 21-рэ къащIэхъуэжащ, абыхэми щIэблэщIэ къатепщIыкIыжащ. Быным яхъума адэ щIыхьым и ныпыр адэкIэ ирахьэжьащ абыхэм я быныжхэм, къызэредгъэжьа тхыгъэм хуэдэхэмкIэ и цIэр яIэту. Быным я быныжым къащIэхъуа щIэблэми дадэжьым и хъыбархэр хуаIуатэурэ къагъэтэджащи, дэтхэнэри хуопабгъэ ТекIуэныгъэ Махуэм «МылIэжыныпсэ полк»-м дадэшхуэм и сурэтыр ину Iэтауэ иIыгъыу хэувэным, я дадэжь хахуэм хуэдэу зауэлI фащэхэр зыщатIэгъэным. «Мелитополь и уэрамхэм дыщытелъэдам…», — жэуэ тхыгъэм къыхэщ сатырым нобэ Украинэм щыхъэм дригъэгупсысащ. Уэрамхэм щIытелъэдар нэмыцэ зэрыпхъуакIуэм къалэр, уэрамхэр ди сэлэтхэм къыIэщIагъэкIыжынрат. ЗэщIыгъут урысыр, адыгэр, лъэпкъ псори. А зауэм деж псори сэлэтт, зауэлIт, зэхэгъэж, зэпамыгуэшыф яку дэмылъу.

Жагъуэ зэрыхъущи, нобэ украин къалэхэми уэрамхэми щекIуэкIыр нэгъуэщI зауэщ — Хэку зауэшхуэм зи блыпкъ зэгъэкъуауэ зэдэзэуахэр зэбийуэ зэпэщIэтщ, ауэ иджы дэтхэнэми и дуней еплъыкIэри, и мурадри зэмыщхьщ. Зыр мамырыгъэм хущIокъу, зэресауэ, Урысейм зэрихабзэу. НэгъуэщIыр, и блэкIам ебэкъуауэ, нэмыплъ иритауэ мэзауэ, зэрыдунейуэ хьэргъэшыргъэм хидзауэ.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *