ЩIэблэхэм фэеплъыр яхъумэ

ХЭКУ ЗАУЭШХУЭМ и илъэс 80-м хуэкІуэу хэкупсагъэ, лъэпкъыпсагъэ жыІэгъуэр еджакІуэхэм къазэрыгурыІуэм, абы теухуауэ ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм зыщыдгъэгъуазэмэ ди гуапэу деблэгъащ ПсэукІэДахэ къуажэ курыт еджапІэм. Абы и ещанэ къатым дыдокІуей. Нэгум къыщІоувэ къатым и ІыхьэфІ зыубыда фэеплъ теплъэгъуэр, блыным пылъ стенд абрагъуэхэр. Абыхэм тегъэпщІа сурэтхэр куэдщ, ауэ ахэр апхуэдизымкІэ зэхэгъэкІащ, щхьэж зэхьэлІа къэхъукъащІэрэ зэманкІэрэ зэкІэлъыхьащи, тхыдэм тыншу урагъэплъэж.

БлэкІа зэманым къыхэплъу къыдэплъым хуэдэщ къуажэр зыгъэбжьыфІа цІыхухэм я сурэтхэр. Апхуэдэщ мэкъумэшыщІэ лэжьакІуэшхэр, Афган зауэм щыІахэр, Хэку зауэшхуэм хэтахэр, къэзымыгъэзэжахэр, псэууэ къыхэкІыжын зи насып къихьахэр, абыхэм япэплъэурэ зи дунейр зыхьа анэ хахуэхэр, щхьэгъусэ щыпкъэхэр… Дэтхэнэми хуэфащэщ укъызыщІэувыІыкІыу уи щхьэр хуэбгъэщхъыну, я пщІэм, я щІыхьым фэеплъ хуэпщІыну. — ЕджапІэм диІэщ, зэрыфлъагъущи, зауэлІ, гуащІэдэкІ щІыхьым и пэшышхуэ. Пэжыр жыпІэмэ, абы мы къатым и ІыхьэфІ еубыд и инагъкІэ икІи пэш жыпІэнуи екІущэкъым. Къуажэдэси, егъэджакІуи, еджакІуи хэлэжьыхьащ емышыжу мыпхуэдэ тхыдэ щІэиныр къызэдгъэпэщыным. Зи цІэ щхьэхуэу иІуапхъэхэщ еджапІэм щылэжьахэр. «Зал боевой славы»-р еджапІэм къыщызэдгъэпэщыным зи гъерэтыфІ хэлъхэм ящыщщ Ашыбокъуэ Мурат, КІэдэкІуей ХьэзрэІил, Темыр Риммэ… Ди нэхъыжьыфІхэм, абыхэм я щІэныгъэм, зауэм и быну щыткІэрэ, яцІыхужу щытам дэ, нобэ лажьэхэр, икъукІэ дыщощІэ. ФІыщІэ мыухыж яхудощІ къытхузэрагъэпэща, къытхуагъэна лъэужьыфІым и цІэкІэ. Абыхэм я щапхъэм дрикІуэным, я Іуэхухэм пытщэным ди къару псори идохьэлІэ дэри.

Ди нэІэм щІэт еджакІуэхэм къуажэм, къэралым, хэгъуэгум ехьэлІа тхыдэ пэжыр, щІыхькІэ, лІыгъэ кІэ псыхьар, зэрабгъэдэтлъхьэным махуэ къэси дытолажьэ, — жеІэ еджапІэм и унафэщІым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкІэ и чэнджэщэгъу, тхыдэмрэ обществознаниемрэкІэ и егъэджакІуэ Абдокъуэ Мэрянэ. Апхуэдэ лэжьыгъэм и зы нагъыщэщ ды щеблэгъа махуэм дызрихьэлІа лэжьыгъэшхуэри. Ар траухуащ Сталинград зэхэуэхэм, ар хуит къызэращІыжам. ЕджакІуэхэм усэхэмкІэ, уэрэдхэмкІэ, теплъэгъуэхэмкІэ гущІыхьэу утыкум щагъэнэІуэжащ блэкІа тхыдэ къэхъукъащІэр, Хэку зауэшхуэм и зы Іыхьэ лъы гъажэр. Апхуэдэу жыджэру щІэблэщІэр Іуэхум зэрыхэтыр, зэрыпэджэжыр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ блэкІам зэрыхуэмыгунэфым, тхыдэм и пэжыр яцІыхуным зэрыхуэпабгъэм. — Пэжщ, иджырей щІэблэр нэгъуэщІщ, дэ ди нэпсхэр къезыгъакІуэр абыхэм нэгъуэщІущ зэрызыхащІэр. Зэманым и щыщІагъэщ ар, зыри пхуещІэнукъым. Ауэ мы пэшым дыкъакІуэу тхыдэ дерс, зэпсэлъэныгъэ щедгъэкІуэкІкІэ, плъагъуу я нэгухэм зехъуэж, я хьэлэмэтыр зэщІоблэ. Псалъэм папщІэ, яжызоІэ «Мы блыным пылъ сурэтхэм къахэфлъагъукІыт фи лъэпкъэгъу, фи гъунэгъу.

МащІэкъым апхуэдэхэр, аракъэ? Дэтхэнэри фригушхуэну, фрипагэну зыхуэфащэщ. Ди еджапІэм зи цІэ зэрихьэ Къардэн Уэхьид ЛІыхъужьыр-щэ? Ар и ныбжькІэ фэ зэрыфщхьэщыкІышхуэ щыІэтэкъым лІыгъэ зэрихьэу бийм щыпэщІэтым…». Апхуэдэ дерсхэм, мыпхуэдэ нэІурыт теплъэгъуэхэм сэбэп къамыхькІэ къанэкъым, ар хьэкъщ. АтІэ, нобэ къэралым и тхыдэ пэжыр ягъэулъиину щыпылъым, и хуитыныгъэм, и уардагъым къыщеныкъуэкъум, а псори щІэблэмкІэ сэбэпышхуэ зыпылъ щІэнгъуазэщ. Зи щхьэ пщІэ хуэзыщІыж цІыхум и къэралым, и лъэпкъым, зыщыпсэу щІыпІэм и къекІуэкІыкІам химыцІыхукІынкІэ Іэмал иІэкъым. КъинэмыщІауэ, «Месячник оборонно-массовой работы» лэжьыгъэм мы зэманым дыхэтщи, еджапІэм щеджэ псори, щылажьэхэри абы къызэщІеубыдэ. Махуэ къэс жыхуиІэу, абы теухуа Іуэхугъуэ щхьэхуэхэр еджапІэм щокІуэкІ. Нобэрейри, Сталинград теухуар, абыхэм языхэзщ. ДяпэкІи лэжьыгъэм нэхъри къехъунущ. Иджы щегъэжьауэ зыхудогъэхьэзыр ТекІуэныгъэм и Махуэм. Накъыгъэм и 9-м хуэкІуэу, сыт щыгъуи хуэдэу, Іуэху куэд къытпэщытщ. Ар нэхъри къалэн къытщещІ ТекІуэныгъэ Иныр мы гъэм илъэс 80 зэрырикъум. ХабзэфІ еджапІэм зэрыхуэхъуауэ, а Махуэ лъапІэм зэрыхуэфэщэну дыхэтынущ, нэгъуэщІуи хъунукъым.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *