ЩIэблэ зэчиифIэ къоунэху

Бадзэуэгъуэм (июлым) и 25-м Хьэбэз къуажэм дэт, Гуцериев С. и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэмрэкIэ паркыр макъамэтедзапIэ студием хуэдэт… АтIэ, а махуэм утыку зэIухам къыщапщытэжащ «Озвучка мультфильмов» проект гъэщIэгъуэныр, абы хэта ныбжьыщIэхэри ягъэлъэпIащ. Творческэ щIалэгъуалэр зыхэта проектыр гуфIэгъуэ даущ макъкIэ гъэнщIауэ екIуэкIащ. Гу лъывэзгъэтэнщи, мы проектым и зэхэшакIуэу щытащ «Мой выбор» АНО-р.

«Мультфильмхэм хэт лIыхъужьхэр ди лъэпкъэгъу ныбжьыщIэхэм я макъкIэ гъэпсэлъэнымкIэ проектыр щедгъэжьащ Хьэбэз къуажэм дэт щIалэгъуалэ купсэм. Япэ IыхьэмкIэ: ролхэр яхуэгуэшыныр, командэкIэ зэхэгъэкIыныр — зэдзэкIакIуэхэр, сценаристхэр, лIыхъужьхэм я макъкIэ псэлъэнухэр, режиссёрхэр къыхалъытащ. Зэуэ жысIэнщи, Iуэхугъуэр гуфIэгъуэ даущкIэ, творческэ и лъэныкъуэкIэ гъэнщIауэ зэхэтащ: ныбжьыщIэхэм зызэрапщытащ хэт лIыхъужьым нэхъ екIуу и макъыр игъэIуми, уеблэмэ макъыщIэхэр къагупсысащ, зэпсэлъэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр зэхашащ. А псоми къапэкIуащ къабзэу, дыхьэшхэну, къэмыгупсысауэ ягъэува макъхэр, псэ хуабагъэкIэ гъэнщIа роликхэр…», — къыддэгуэшащ «Мой выбор» АНО-м и эксперт, «Урысей щIалэгъуалэ грант» зэпеуэхэм щытекIуа Джазаев Исмэхьил. Мульфильмым макъ щIэгъэувэнымкIэ творческэ ехъулIэныгъэфIхэр къэзыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм щIыхь тхылъхэр яхуигъэфэщащ Хьэбэз районым и Iэтащхьэ Тэмазэ Рэмэзан.

Мы Iуэхугъуэм къеблэгъащ «Мой выбор» АНО щIалэгъуалэ купсэм и унафэщI Лэхъу Ларисэ, Хьэбэз къуажэм дэт, Хъупсырокъуэ Е. и цIэр зезыхьэ лицейм и унафэщI КIытIэ Еленэ, гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Тутхэ Фатимэ, эксперт лэжьыгъэр зыгъэзэщIахэу, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ, адыгэ телевиденэм и журналист Мамхэгъ Беллэ, нэгъуэщIхэри. Адыгэ газетым и редакторым хъуэхъу гуапэхэр яхужиIащ щIалэгъуалэр зыхэт творческэ проектхэр къэзыгъэщIхэм, зыгъэзащIэхэм, щIэблэм я зыужьыныгъэм къару хэзылъхьэхэм.

Хъуэхъухэмрэ саугъэтхэмрэ хуэгъэфэщэныр зэфIэкIа нэужь, гуфIэгъуэ зэ хыхьэм щыпащащ Хьэбэз къуажэм дэт, Гуцериев С. и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмрэ зыгъэпсэхупIэмрэкIэ паркым, «Сэ мультфильмхэр фIыуэ солъагъу!» щхьэщIэдзапIэм щIэту екIуэкIа зэпеуэ – нэгузыужь программэмкIэ. «НыбжьыщIэхэр зыхэта егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ пIалъэм къриубыдэу дэ нэрылъагъу тщыхъуащ абыхэм актер IэщIагъэм пыщIа творческэ лэжьыгъэм я нэр къызэрыхуикIыр. Абы къызэрымыкIуэу игъэгушхуащ ныбжьыщIэхэм ядэлажьэ IэщIагъэрылажьэхэр. ИкIи, зэрыслъытэмкIэ, я япэ дерсыр фIагъ хэлъу къайхъулIащ.

ГъэщIэгъуэныщэт уи нэгу щIэкIыну псоми фIыуэ тцIыху мультфильмхэм хэт лIыхъужьхэм я макъхэр ди районым щыщ ныбжьыщIэхэмкIэ – актёр зэ чий зыбгъэдэлъхэм зэрагъэIуар. Псом хуэмыдэу телъыджащэр абыхэм я лэжьыгъэр ягъэзащIэу уакIэлъыплъынрат: жэуаплыгъэ яхэлъу, гу къабзэкIэ, псэ хуабагъ халъхьэу бгъэдыхьащ ахэр мы творческэ лэжьыгъэм. Ар икъукIэ ди гуапэщ!» — къыхигъэщащ Тэмазэ Рэмэзан. Паркым къыщызэрагъэпэща махуэщIыр творческэу, зэпеуэхэр хэту зэрекIуэкIам къыдэкIуэу, ар икIи IэфI хъуащ.

АтIэ, махуэщIым и къызэгъэпэщакIуэхэм Iэнэм къытрагъэуващ «шоколад псыкъежэхыр», пхъэщхьэмыщхьэ къыпачагъащIэхэр, «фор къызыпыж бжьэхуцыр», нартыху пIэнкIар, хъарбыз щIыIэбзэр… ИщхьэкIэ зэрыжысIауэ, ныбжьыщIэхэр хэтащ купщIафIэу зэхэгъэува про граммэм: зэпеуэхэмкIэ, зэныкъуэкъуныгъэхэмкIэ гъэнщIауэ щытам. Паркыр зэщIаIэтащ программэм хэтахэми, абы еплъахэми я гуфIэгъуэ, дыхьэшх макъым. АтIэ, зэрызэпеуам щыщт: «Угадай мультфильм по смайликам», «Вспомни песни из любимых мультфильмов», «Угадай мелодию из мультфильма по первой ноте» лъэныкъуэгъазэхэр… Анэ-адэхэм фIыщIэ ин хуащIащ щIэблэр творчествэм дезыгъэхьэх, «Мой выбор» АНО-м щылажьэ балигъхэм; езы ныбжьыщIэхэми – гурыхуэу сыт хуэдэ IэщIагъэри зэрафIэгъэщIэгъуэным, зэрыдихьэхым папщIэ зэрыгушхуэри жраIащ.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *