2025 гъэм ди газетым къытехуауэ щыта «Щхьэ зэдмыпэсыжрэ мы псалъэхэр?» тхыгъэм адэкIи пыдощэ. Энциклопедиехэмрэ псалъалъэхэмрэ здызэхуэхьэса https://translate.academic.ru/ интернет порталым ит псалъэ куэд тегъэщIапIэ тщIыкIэрэ, аргуэру фи пащхьэ итлъэмэ ди гуапэщ лъэпкъ щэнхабзэм и мылъку нэхъыщхьэу, дыкъызытекIыжахэм тхуахъумэу ди нобэм къынахьэса щIэин уасэншэр — гъащIэм зэзэмызэ дыдэ, уеблэмэ зэи къэдмыпсэлъ адыгэ псалъэ шэрыуэхэр, купщIафIэхэр, гъэщIэгъуэнхэр.
Нэгъабэ зэрыжытIащи, мы дызэрывдэгуашэ псалъэхэр зы нэрыбгэкъым къэзыгупсысар, ахэр адыгэлъ зыщIэт дэтхэнэ зыми и хъугъуэфIыгъуэу ди лъэпкъым къыдэуша, къыдэгъуэгурыкIуа фIыгъуэщ. Аращ, дыщызэплъэкIыжкIэ, дяпэ ита нэхъыжьыфIхэм фIыщIэ щIахуэтщIыр, дащIыхуэарэзыр. Ди щIэджыкIакIуэхэм гу лъыфтагъэнщ газетым къытехуэ тхыгъэхэм загъуэ-загъуэурэ мы псалъэхэм ящыщ куэд зэрыхэтыр, псом хуэмыдэу, гулъытэ хуэтщIурэ цIыху хэха гуэрым и къекIуэкIыкIар къыщеттхэкIкIэ. ПщIэ зыхуэтщI щIэджыкIакIуэхэ! ФIы дыдэ хъунут фи адэшхуэ-анэшхуэхэм, щIэныгъэшхуэ зиIэ цIыхухэм жаIэжауэ зэхэфхауэ фщIэмкIэ фыкъыддэгуэшамэ, фыкъытхуэтхамэ. Дэ адэкIи фыкъыдогъэгугъэ псалъэ закъуэтIакъуэхэр зэхуэтхьэсурэ нызэрыфхуэттхынумкIэ: феджэ, фигу ивубыдэ, къэвгъэщхьэпэ!
АIэ (ыIы) — частица — нет / хьэуэ
Абэ — Теубгъуа щIыкIэу муслъымэн динщIакIуэхэм
ящыгъыу щыта щыгъын щIыIутелъ
АдкIэIуэкIэ — нареч. немного дальше
Ана-а — межд. о, ну, неужто, неужели (гъэщIэгъуэныгъэ, мыарэзыныгъэ къызэрыкIыу бзылъхугъэм къагъэсэбэп псалъэ)
АнтIырэ — бот. жимолость обыкновенная, волчьи
ягоды (щхъуантIэ-гъуэжьыфэу къэгъагъэ гъурц лIэужьыгъуэ)
Афэху — устар. кольчуга, покрытая серебром
(дыжьынкIэ ла, щIэгъэна афэ)
Ахъшэдэщ – квасцы
***
Батхъэ — кубано-зеленчукские — рваный, разорванный
(зэфIэтхъа, зэхэфыщIа, хъыбий зэхэхъухьа)
БацэщIагъыл — гъатхэ цыщым нэмысу яукIа мэлым ил
Бгъэморэ — зоол. малиновка (птица) / къуалэбзу лъэпкъ
БгынтIэ — бгырыпх зыщIэмылъ, бгырыпх зыщIэха,
зи щыгъыныр (п. п. джанэр) теутIыпщхьауэ щыт
Бдзанэ — нарыв, гнойник
Бдзы — долото, стамеска
Бедэхъауэ — кубано-зеленчукские нареч. — попусту, напрасно
Бешо — вы куэд щIэщIауэ щывэкIэ, зэрекъу пхъэ кIыхь зэфIэбдза
БжьаIуэ – пасека
Бжьабэ — ветвистый (зи бжьэр бжьакъуэ куэду зэкIэщIэкI (щыхьым хужаIэ)
Бжьамэ — Iуданэ шыхьа, Iуданэ Iэрамэ
Бзуущхъуэ — зоол. сизый дрозд
Бзэпсу — нареч. точно, правильно, налаженно
Быж – пряжка
Быхъ (быхъ жымыIэн) — не издать ни звука, молчать
Быяу — бот. скумпия (зи лъагагъыр метри 3-4-м нэс къэкIыгъэ, адыгэхэм и тхьэмпэхэр фэм щелэжькIэ къагъэсэбэпу щытащ)
***
Вандэ — чым къыхэщIыкIауэ бдзэжьей къызэраубыд матэ кIыхь, сэмб теплъэ иIэу
ВитIмэшхьэсэ — устар. участок земли, выделяющийся на две объединившиеся семьи
Вэнтхъулэ — устар. дикое поле
Вэсэжэщ — позавчерашняя ночь
Вэсэмахуэ — нареч. позавчера
Вэсэпшыхь — позавчерашний вечер
Гуакъуэ (гуакъуэр игъэкIын) — утолить жажду, голод
ГуауэжакIуэ — человек, который извещает о горе, несчастье (нэщхъеягъуэ, гузэвэгъуэ гуэрым и хъыбарегъащIэ; щхьэкIуэ)
Гуащэщхьэц — бот. гладиолус шпажник
Губорэ — яжьэмрэ дэпымрэ щIэхъумауэ жьэгум щагъэжьа чыржын
Гугъэжан — бодрящий, вдохновляющий
Гуджэ — трусливый, пугливый (къэрабгъэ)
Гуейщей — нэщхъей, гукъыдэмыж
ГууэщIу – и гущIыIур дэгъэзеяуэ, щIыбкIэ телъу
***
Гъае — гъэ бзаджэ, гъэ Iей, гъэ гугъуехь; зэман хьэлъэ
Гъуалэгъуасэ — ворчливый (о человеке)
Гъуанэдэплъ — цIыху еудыха, дэкъуза
Гъуащхьэиж — пасэрей адыгэ сабий джэгукIэ, топыр
псынщIэу зэпадзыжу
Гъупщчий — мэш хьэуазэм щыщ шхий
Гъурдымшырдым – бормотание (мыгурыIуэгъуэу къапсэлъ псалъэмакъ)
ГъуркI — хуабэгъуэ, щIым псыIагъэ щимыгъуэт, къыщемэщIэкI зэман
Гъуэхсэх — даущыншэ, щым
Гъымшымын — (мэгъымшым) неперех. гл. невнятно, непонятно говорить
Гъэдыргун — (егъэдыргу) перех. гл. кубано-зеленчукские просторечие — слопать что-л. зыгуэр шхын; зыIурыдзэн
Дамбыру (дамбыру гъэIун) — хъыбарыр зэхэзыха фызым дамбыру игъэIуащ
Дамэду — зи дамитIыр дэшея
Данагъуэжьыч – хуабжьу, зэфэзэщу гъуэжь
Дар(а) — вопросит. мест. – Дэтхэнэр? Дэтхэнэра?
(Къыхэпхар дара? Шу къызэдэжахэм къатежар дара?)
Дедыркъын (додыркъ) неперех. гл. мащIэу къыгуэдзэкъыкIыурэ быдэ гуэр адрейм дэшхын, дефэн
Дермэн — мозд. диалект см. хущхъуэ
Джыджу — лыду, цIууэ
Дибэ – (устар) щэкI лIэужьыгъуэщ
Дохъутей – (устар) упщIэм къыхэщIыкIа фочылъэ
Ду — нартыху къыдачыжахэм я хъумапIэ
Дыгъужьырышхэ — жадный, ненасытный
Дыжь — цы кIыр зытет мэлыфэ гъэтэджа
Дыта — стёганный
***
Еджэбэуэн — зыгуэрым и джабэм еуэн, жьэхэуэн
Екун (иреку) — жепIэн, епщIэнIауэ зыгуэрым тегушхуэн, дзыхь щIын
ЕлъэнкIэпIэуэн (йолъэнкIэпIауэ) неперех. гл. узэбэныр бгъэджэлэн мурадкIэ, лъакъуэр пэщIэдзын,
лъакъуэмцIэщIэуэ хуэщIын
Ерэч — гъубжэм ещхьу къэгъэшауэ, дзэ пагуэ цIыкIу куэд Iуту мэлыфэм и лыр зэрыщIах, фэр зэрагъэщабэ Iэмэпсымэ
Етим – сирота
Еудэу – недоразвитый
Ехъу — Iэщ гъэшха, гъэпшэра
***
ЖагъуэлI — нелюбимый муж
Жун — частица – ничуть
Жэрахъэ — адыгэ шхыныгъуэ, мэл кIэтIий гъэкъэбзар зэрыхъарэ зыгъэгуакIуэ шхынхэдзэхэр лэпсым хэлъу гъэвауэ
Жыгдэж — отросток, побег
Жыхапхъэфо — бот. сахарное сорго
ЖьакIэхъырицэ — жьакIэ цIырхъ зытет
***
Зац (зац щымыхъуу) просторечие — запросто, легко,
без усилий
Зеущхьэсын (зреущхьэс) перех. гл. — зыгуэрым щыгугъын, тещIыхьын
ЗиетIанэ — етIуанэу псэф хъуа е лъхуа Iэщ
Зусыгъуэджэн (зреусыгъуэджэ) перех. гл — зэмыпэсын, зыхуэмыгъэфэщэн
ЗызыщIэгъэгъущхьэжын (зызыщIегъэгъущхьэж)
перех. гл. — къызэщIэплъа, къэбэкхъа гуэрым псэхугъуэ зриту зигъэгъущыжын
Зылъэ-зылъэурэ нареч. — зэпIэзэрыту, Iэдэбу, гъэхуауэ, мыпIащIэу
ЗышыIэ (зышыIэ хэлъын) — иметь терпение, выдержку
***
Игъуэджэ — емыкIу, емызэгъ, укIытэгъуэ зыпылъ
Илъэпкъ — зыри къэмынэу, псори
Имыкурэ-имыбгыу — имычэзууэ, имызэману
Инат — егъэлеяуэ ерыщ
Ирижьын (ирожь) — зыгуэрым иригузэвэн
Итырыгъу — щIым зэрыхэту гъуа жыг
Ихъэрэхъыхьын (йохъэрэхъыхь) неперех. гл. — блуждать (о глазах). Иджэрэзыхьын. Сымаджэм и нэхэр
йохъэрэхъыхь
***
КIафэч — чы псыгъуэ
КIахъуэщхьэхъуэ — зи кIэр пыхъукIа, техъукIа
(щыгъын)
КIылий-мылий — бесхитростный
КIыритIэмыритIэ — щхьэпс, зэтемыт; Iуэху зытепщIыхь мыхъун цIыху
КIэмэлъамэ — зыгуэрым жыжьэу лъыкIэ къыгухьэ,
благъэ жыжьэ; хуэмэбжьымэ
КIэрысэ (бжьыхьэсэ) — озимый сев
КIэщхъуэбацэ – плохо одетый
***
Курызэ — лы зыдэлъ псыхьэлывэ
Куэкум — къыпцIэ хъурей лъэпкъ
КхъащкIэ — хьэдэм щIыр тратхъуэн и пэкIэ кхъэ мащэм иракIутэ ятIэ IэмыщIэращ
Къаблэ (ипщэ) – верховье
КъамэщIэгъэна — зи къамапIэри къамэ Iэпщэри дыщэм е дыжьыным къыхэщIыкIа е зэрыщыту апхуэдэхэр зытебза
Къей — къуабэбжьабэу щыт къыр, бгы задэ
***
Къудэ – устар — фIыжыIэгъу, псэлъэгъу, уи дзыхь зэбгъэз цIыху
Къунан — илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ (хъууэ)
Къундэпсо – хьэнтхъупс (ху хакIэу зэрахьэ шэжыпс гъэфIэIуа)
Къуэгъу — уэд, мыпшэр, гъур
Къуэнтхъурей — бот. — кориандр посевной, киндза
Къуэши-шылIи — Iыхьлы-благъэ псори
***
Къын (екъ) перех. гл. — Iупэр зэтешауэ дзэлыфэр къыщIэгъэщын
КъынтIэ-къынтIэ — цIыху зэгъыгъуей, гурымыкъ
шхыдэныр, гъумэтIымэныр зи хьэл
КъыпришкIэ-ныпришкIэ — мыхьэнэ щIагъуэ зимыIэ, кърамыдзэ, пщIэ зимыIэ
Къэбгъажэ – япэм цIыкIухэр зэрыджэгуу щыта
хьэгургъажэ (къэб хъурей и кум чы зэпрагъэжти гу цIыкIум ещхьу кърашэкIт)
Къэмылджокъу — шэдылъэхэм щыпсэу жэщ къуалэбзу, псыхэуэхэм я лъэпкъэгъуу
Къэуал — щтаучкIэ ягъауэ пасэрей фоч лIэужьыгъуэ
***
ЛIакъуэ — зылI къытехъукIа зэшхэр; къуэш зэрыщIа
цIыхухэр (кровное родство)
ЛIыфIыгъэ — хахуэу, захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ я
телъхьэу щыт цIыхухъуращ
Лагъэ – тепщэч (беслъэней адыгэхэр апхуэдэу йоджэ)
Лъэуэщхьэуэ – гузэвэгъуэ, нэщхъеягъуэ
Лъэхъынц — шылэ хьэпIацIэр ин хъуа нэужь зрищIэкIыж Iуданэ къызыхахыр (кокон)
Лыбжьэкуу — бжьыныр ебэкIыу шыпс зыщIэщIыхьа гуэгуш лыбжьэ
***
Мысэ — къуаншагъэ (мысагъэ) зылэжьа цIыху
Мыхъэ (мыхъэр гъэхъэн) — творить чудеса
Мыхьэморэ – цIыхур зыгуэр щхьэкIэ Iумпэм зыщIхэм, зэзымыпэсхэм хужаIэ.
Мыщэхупщей – рябина
Мэлкулимот — муслъымэн диным зэриIуатэмкIэ,
ХьэзрэIил бегъымбарращ, псэхэхыу уафэм къехыр
МэскIэтIинэ – япэм зызыгъэтIей, зызыщI хъыджэбзхэм мыпхуэдэу еджэт
Мэчанэ – къэувыIэпIэ (Псыжь Iуфэм Iус адыгэхэм жаIэ)
***
Нагуэдыгуэ — нэпкъпэпкъ зэхэмыбз, мыдахэ зиIэ
Надэ — зи кIуэцIыр нэщI, купщIэ зэрымылъ
Накъэ — нэпкъыщхьэ лъагэ, нэкIубгъуэ
Налкумыщ – ртуть
Нану – ребенок (адыгэбзэ къабзэкIэ)
Нартей – тисс (лIэужьыгъуэ зыбжанэ хъу, илъэс
куэдкIэ кIы жыг быдэ лъэпкъ)
Ныху — мэлым ишхар къызэрыдэхыж кIэтIийм и кIапэ лъэныкъуэ
НэгъуазэкIэ — нареч. нэм зэрилъагъукIэ, хуэгъэфэщауэ
НэуфIыцIщхьэрыуэу — емыгупсысу, зэпимылъытэу, «зэрыхъу хъунщ» жыхуиIэу
Нэхутхьэху — зи щхьэцыр гъуатIэу нэкIуху (е хужьу зэщIэтхъуа), теплъэ гурыхь зиIэ
Ныху — мэл-бжэнхэм я кIэтIий гъумращ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.