Щэнхабзэ зэхуэмыдэхэр здызэкIу

Хабзэ здагъэлъапӏэ, зым адрейм зыщӏигъакъуэу, сабийхэр лъагъуныгъэм здыщӏапӏыкӏ унагъуэ быдэхэращ жылагъуэм и къару лъэщыр, лъэпкъыр, къэралыр зыгъэбагъуэр. Апхуэдэ зыщ Инжыджышхуэ щыщ ХЬЭКЪУНХЭ Джантайрэ Татьянэрэ я унагъуэр дахэр. Ар адрейхэм къыщхьэщызыгъэкӏщ мыбдеж щэнхабзэ зэхуэмыдэхэр зэрыщызэкъуэувар. Адыгэ щӏалэм щхьэгъусэ къыхуэхъуа Татьянэ лъэпкъкӏэ урысщ, Къалмыкъым къыщыхъуащ.

Хабзэкӏи, динкӏи, бзэкӏи зэхуэмыдэ лъэпкъитӏым къахэкӏа ныбжьыщӏэхэм гухэлъ зэхуащӏри, быныфӏи хъужауэ, илъэс 20-м щӏигъуауэ зэдопсэу. Ахэр Ставрополь къалэм щызэрыцӏыхуауэ щытащ. Апщыгъуэм Джантай ухуакӏуэу лажьэт, Татьянэ дэнбзэным абдеж щыхуеджэт… Зи ныбжькӏэ щӏалэ дыдэу имыцӏыху лъэпкъым къыхыхьа Татьянэ хуэзащ щӏыпӏэ зэхэтыкӏэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэми, бзэ лъэпощхьэпоми, зэмыса хабзэхэми.

Бзылъхугъэр гужьеигъуэ гуэр щыхэхуэ къэхъуами, икӏуэтакъым, атӏэ зыхыхьа унагъуэм я щэнхабзэм, я дуней тетыкӏэм щыгъуазэ зыхуищӏурэ зэрызыхигъэзэгъэным пылъащ, псори хыфӏидзэу ежьэжынуи е унагъуэм щыщхэр езым и хабзэм тригъэувэнуи зэи игу къэкӏакъым. Абы къищтащ унагъуэм я хабзэхэри, бзэми хэзэгъащ, унагъуэ нэрыбгэ яхуэхъуащ. Бзылъхугъэ ныбжьыщӏэр унагъуэм хэзэгъэнымкӏэ, щӏыпӏэ хабзэхэм нэӏуасэ хуэщӏынымкӏэ къалэн щхьэхуэ игъэзэщӏащ, сэбэпышхуи къыхуэхъуу къекӏуэкӏащ и гуащэ Фатимэ. Унагъуэфӏу упсэуным лэжьыгъэшхуэ пыщӏащ. Зы хабзэм тету, зы бзэ яӏурылъу псэуэгъу зэхуэхъуа куэдми я унагъуэр яхъумэн ялъэкӏкъым, зэгурымыӏуэж щыхъур куэдыкӏейщ, псом хуэмыдэу, иужьрей илъэсхэм. Хьэкъунхэ я унагъуэм я зэгурыӏуэныгъэр къыздежьэмкӏэ унэгуащэ нэхъыжьым зыщыхуэдгъазэм, абы къыджиӏащ, псом япэрауэ, нысэр уэуей дыдэу зэрыщытыр зыхебгъэщӏэн зэрыхуейр.

— «Мыр нэгъуэщӏ лъэпкъым щыщщ» жэуэ Таня нэмыплъ зэи хуэсщӏакъым. Ауэ, гъэщӏэгъуэнракъэ, езыр лъэпкъкӀэ урысми, адыгэ щэн хэлъу къыщӏэкӏащ. Нысэр къыщытхыхьа къудейм ди дадэри псэут. Быныр дызэхэсу пщыхьэщхьэм дыщыщыскӏэ, и пщыжьым «къэтӏыс уэри» дапщэрэ жримыӏами, зэгуэрым шэнт щабэм щитӏысхьа къэхъуакъым, абы и ӏэдийм зригъэщӏ фӏэкӏа. Е шхэуэ, е псалъэу зэи зригъэлъэгъуа къым, — игу къегъэкӏыж гуащэм.

Нэхъыжьым къыхегъэщ и нысэр сыт щыгъуи цӏыху зэтеубыдауэ, шыӏэныгъэшхуэ хэлъу зэрыщытыр. Мыарэзыныгъэ псалъэхэр гуащэм къыжьэдэкӏами, ӏуэху гуэрым гу лъригъэтэну нысэм зыхуимыгъэзами, ар нэхъыжьым къыщыпэпсэлъэжа къэхъуакъым. Адыгэбзэр зымыцӏыхуу къахыхьа нысэм унагъуэм исхэр урысыбзэкӏэ епсэлъэн къахудэхуами, куэд мыщӏэу ари къыгурыӏуэ хъужащ, шэщӏауэ иримыпсэлъэфами.

Къапщтэмэ, унагъуэр зыхуейр хуэгъэза хъун папщӏэ, абы щыпсэу дэтхэнэми щхьэж и къалэн и пщэм илъу зэпэгуэшауэ, зэдэӏэпыкъужу къэгъуэгурыкӏуащ. Зи къару илъыгъуэ зэщхьэгъусэхэр лэжьыгъэм нэхъ епхауэ къекӀуэкӀащ. Сабииплӏыр къэӏэтынымкӏэ, адыгэ хабзэм тету ахэр гъэсэнымкӏэ дэӏэпыкъуэгъушхуэу ноби къащхьэщытщ Фатимэ. Езыр сабий ӏыгъыпӏэм гъэсакӏуэм и дэӏэпыкъуэгъуу лажьэти, и нысэр махуэ псом къалэм лэжьапӏэ щыӏэху нанухэр зыхуей хуигъазэт, унагъуэ ӏуэхури зэкӏэлъыщӏигъыхьэт. Щӏыб ӏуэхухэри, ухуэныгъэ лэжьыгъэу пщӏантӏэм къыщаӏэтри унагъуэм и тхьэмадэм и пщэ дэлъщи, хьэлэмэту ахэр къызэрегъэпэщ. Таня и ӏэщӏагъэр фӏы дыдэу зылъагъухэм ящыщщ, дахэу мадэ, ӏэпэӏэсэщ. И ӏэм дыщэ къыпощ зыхужаӏэр апхуэдэхэращ, сыту жыпӏэмэ, ар къэзыухъуреихь псоми дахагъэ гуэр хилъхьэну пылъщ. Апхуэдизкӏэ абы творческэ гупсысэ бгъэдэлъщи, унагъуэм щигъэзащӏэ ӏуэху къызэрыкӏуэхэри гъэщӏэгъуэну, нэм екӏуу зэригъэпсыным хущӏокъу. Гъэщӏэгъуэн дыдэ тщыхъуат абы щӏымахуэм яшхыну банкэм ирагъэзагъэ шхыныгъуэхэр зэригъэщӏэращӏэр. Ишу нащэм, пӏэтӏрэжаным хэлъыну хадэхэкӏхэр жыпхъэ зэхуэмыдэхэм иту ебз, удз щхъуантӏэхэм я тхьэмпэхэр екӏуу кърегъэтӏылъэкӏри, и щхьэр треӏуэнтӏэж. Абыкӏи къэувыӏэкъым, емызэшу банкэм и щхьэтепӏэ къэс тхылъымпӏэ дахэ щхьэщелъхьэри ленткӏэ епхэж, мыдэ, гъэлъэгъуэныгъэ гуэрым хуигъэхьэзырым ещхьу. Таня фӏыуэ елъагъу пщэфӏэныр. Абы и лъэныкъуэкӏэ еш ищӏэкъым. Гъэщӏэгъуэныр аращи, урыс бзылъхугъэм куэд дыдэ щӏащ адыгэ шхыныгъуэхэри иупщэфӏ зэрыхъурэ. Мы унагъуэм лъэпкъитӏым я шхыныгъуэхэри екӏуу къыщызэдаӏэт.

— Шыпсри, пӏастэри, нэгъуэщӏ адыгэ шхынхэри къызэрымыкӏуэу къыдохъу. Ар хэгъэзыхьыгъэкӀэ зэригъэцӏыхуа ӏуэхукъым. АтӀэ, шхынхэр щащӏкӏэ езыр-езыру щэхуу якӏэлъыплъурэ, щӏэупщӏэурэ къицӏыхуащ. Япэу абы и шыпсыр щыслъэгъуам сымыгъэщӏагъуэу хъуакъым, апхуэдизкӏэ къехъулӏати, — жеӏэ нысэм и пщэфӏэкӏэр куэдым яфӏэкӏыу къызыщыхъу гуащэм. Апхуэдэ къабзэщ мы унагъуэм диным епха лъэныкъуэхэри зэрызэдагъэхъур.

Таня чыристан динрами иӏыгъыр, муслъымэнхэм зэрахьэ хабзэхэми пщӏэ хуещӏ. Зыри къыщымыхъуу, и гуащэр щылажьэкӏэ, мэрем пшыхь къэс лэкъумри хьэлывэри егъажьэри, унагъуэхэм кърехьэкӏ. Хьид махуэми, ӏыхьлыхэмрэ гъунэгъухэмрэ тыгъэхэр яхуегъэхьэзыр, зэрихабзэу, дахэу гъэщӏэрэщӏауэ, диным епха хъуэхъу зэрыт тхылъ цӏыкӏухэри щӏыгъужу. ӀутӀыж махуэщӏри гулъытэншэу къигъанэкъым, хабзэ псоми темытыфми, унагъуэм кулич щӏакхъуэ ӏэфӏыр щегъажьэ. Ари псоми яфӏэфӏу зэдашх.

Апхуэдэ бгъэдыхьэкӏэм, лъэпкъ, дин зэхуэмыдэхэм ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэм фӏыуэ хэтыр къызэрагъэсэбэпыным мы унагъуэм я бынхэри щӏапӏыкӏ. Я нэхъыжьитӏым — Алинэрэ Артуррэ — лэжьэн щӏадзауэ унагъуэм зыщӏагъакъуэ. Ещанэ Асчэрбий курыт еджапӏэм фӏы дыдэу щоджэ. Япхъу нэхъыщӀэ Арнеллэ я гъэфӀэн цӀыкӀущ. Татьянэ Хьэкъунхэ я ӏыхьлыхэми, гъунэгъухэми пщӏэ къыхуащӏ, езыри абыхэм гукӏи-псэкӏи ящыщу зелъытэ. Иджырей зэманым къагъэщӏ унагъуэщӏэхэм хабзэу къахыхьащ япэу зэгурымыIуэныгъэ гуэрым зэрыпэщIэхуэу зэбгъэдэкIыжыныр. Мы унагъуэм илъэс бжыгъэ хъуауэ илъ зэгурыӏуэныгъэм и щэхум дыщигъэгъуэзащ абы и унэгуащэ нэхъыжьым. — Уигу иримыхьын гуэр къыздэмыхъу щыӏэкъыми, нэхъыщхьэу къызолъытэ уи унагъуэм илъыр уи дыщ умыхьу, абы яйр уи деж къомыхьу упсэуныр. Абы къыдокӏуэ шыӏэныгъэр. Унагъуэм деж си мыарэзыныгъэ къэзгъэлъагъуэу нысэм игу иримыхьын жесӏами, псалъэ гуауэ къыспидзыжакъым. Абыкӏи сыхуэарэзыщ. Си бынищым ящыщ хъуащ ар. СыщысымаджэкӀи сипхъу закъуэм дежкӏэ зэи сеплъэкӏакъым, нэгъуэщӏ гуэр къызбгъэдыхьэуи сфӏэфӏкъым, Таня си дзыхь езгъэзт мыхъумэ. Мис апхуэдэурэ допсэу! Дыщэ бын сиӏэщи, сащогуфӏыкӏ, — и жьыщхьэр унагъуэм зэрыхуагъэдахэр къыхигъэщу къыддогуашэ Фатимэ. Лъэпкъ, дин зэхуэмыдэхэр здызэпэщӏэхуа унагъуэм абы ар нэхъри бей зэрищӏыр, зэрызэкъуигъэувэр щынэрылъагъущ Хьэкъунхэ я быным.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *