Щэнхабзэ щIэиныр нобэрей гъащIэм

Черкесск къалэм дэт Сурэт Галереем и хэщIапIэм «Влияние национальных и культурных традиций на современную жизнь человека» щхьэщIэдзапIэм щIэту Къэрэшей-Черкесым и жылагъуэ Палатэм зэIущIэ щригъэкIуэкIащ.

Зэпсэлъэныгъэм кърагъэблэгъащ КъЧР-м щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб, жылагъуэ организацэхэм, щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, жылагъуэ Палатэм хэтхэр. Щэнхабзэ щIэиныр хъума хъунымкIэ щыIэ Iэмалхэм здрипсэлъа, лъэпкъ щэнхабзэхэр ныбжьыщIэхэм ящымыгъупщэнымкIэ зэлэжьыпхъэхэмкIэ здызэхъуажэ утыку хьэлэмэт хъуащ зэIущIэр.
— Дуней псор зы щытыкIэм изыгъэувэ глоболизацэм лъэпкъ щэнхабзэхэр, хабзэ щIэиныр хъумэным и мыхьэнэр нэхъри нэхъ ин ещI. Щэнхабзэращ цIыху къэс адрейхэм къыщхьэщызыгъэкIыр, дызыщыщыр, дыкъызыхэкIар, дызыхуэкIуэр къыдгурыIуэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъур. Аращ зэманхэр зэпызыщIэу ди нэхъыжьхэм егугъуу зэрахьа я гъэунэхуныгъэхэр, Iущыгъэр, хабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр щIэблэм ялъэзыгъэIэсыжыр.
Дэтхэнэ лъэпкъми къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр и лъабжьэщ лъэпкъ куэду зэхэт ди жылагъуэм и зэгурыIуэныгъэр, пщIэ зэхуэщIыныгъэр, — къекIуэлIахэм захуигъэзащ республикэм и жылагъуэ Палатэм и унафэщI Ляшовэ Еленэ. ЗэIущIэм хэтахэм къыхагъэщащ щэнхабзэр хъумэным хэхауэ гулъытэ зэрыхуэныкъуэр, икIи нэхъы бэу щIалэгъуалэр абы къыхэшэн зэрыхуейр. А Iуэхум зэрыдебгъэхьэхыфыну Iэмалхэми ирипсэлъащ.

Мы зэманым ныбжьыщIэхэм нэхъыфIу зыхаубыдэ хъыбарыр интернетым зэрепхам къыхэкIыу, ар абыхэм яхуэгъэзауэ къэгъэсэбэпыным псори арэзы техъуащ. Агырбэ Зураб къыхилъхьащ, театрхэм я артистхэр, щIыпIэ телевиденэм и лэжьакIуэхэр Iуэхум къыхашэу, лъэпкъ къэс я хабзэ гуэр щапхъэу къэзыгъэлъагъуэ теплъэгъуэ кIэщI цIыкIухэр зэхэгъэувэнымкIэ проект гъэхьэзырын хуейуэ. Ар адрейхэми дащтащ, апхуэдэ теплъэгъуэхэр социальнэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ нэхъ пхырыбгъэкIыфу зэрыщытыр и тегъэщIапIэу.
Лъэпкъыбзэхэр хъумэнри щэхабзэм и зы Iыхьэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, ар ныбжьыщIэхэм къагъэсэб хъуным зэрыщхьэпэнымкIи къыхэлъхьэныгъэхэр щыIащ.

Апхуэдэу, щIалэгъуалэр къызэщIэзубыдэ фетивальхэр, форумхэр, мастер-классхэр, семинархэр нэхъыбэу егъэкIуэкIыпхъэу къалъытащ. Апхуэдэхэри щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм деж къыщызэрагъэпэщмэ зэрынэхъыфIыр жаIащ. А махуэм ящIа къыхэлъхьэныгъэхэр зэман кIэщIкIэ зэхагъэувэжу, къэрал къулыкъущIапIэхэм, жылагъуэ организацэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм хуаунэтIыну жаIащ, абы зэгъэуIуауэ зэрырилэжьэным хуэдэу.

БОРЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *