Щэбэт щIыхьэхум хуэкIуэу

Къабзагъэмрэ зэIузэпэщымрэ я мазэр шыщхьэIум и 1-м зэрыщIидзэрэ абы къыхыхьагъэххэщ Къэрэшей-Черкесым щыпсэу цIыху мин 25-м щIигъу.

Мыпхуэдэ дауэдапщэхэр зэхохьэ республикэм и Махуэмрэ Черкесск къалэр илъэс 200 щрикъумрэ япэ къихуэу. Гулъытэ хэха хуащI жылагъуэ щIыналъэхэм, цIыху куэдым зыздыщагъэпсэху щIыпIэ хэм, псыхэмрэ псыхъурейхэмрэ я Iуфэхэм, гъуэгубгъухэм. ПсыIуфэ псэуалъэхэр зэлъыIуах «Экологическое благополучие» лъэпкъ проектым хыхьэ «Вода России» урысейпсо акцэм и къэухьхэм иту.

Къэрэшей-Черкесым щIыуэпс хэкIыпIэхэмрэ экологиемрэкIэ и Министерствэм и лIыкIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, республикэм и районхэм щыпсэу цIыху псори месячникым жыджэру къыхохьэ. — Гулъытэ хэгъэщхьэхукIа хуащI псы Iуфэхэм пхъэнкIийр IугъэкъэбзыкIыным. Апхуэдэ Iуэхум щIыналъэхэм я санитар щытыкIэр иригъэфIакIуэ къудейкъым, атIэ цIыхухэр хуегъасэ щIыуэпсым и экологием жэуаплыгъэкIэ бгъэдыхьэным, — щыжаIащ ведомствэм. ШыщхьэIум икIэ нэгъунэ щIыналъэхэр санитарнэу гъэкъэбзэнымрэ зэIузэпэщ щIынымрэ яхуэунэтIауэ псори зэхэту Iуэху 500-м нэблагъэ зэхашэнущ. — Гъэкъэбзэныгъэ нэхъыщхьэм къинэмыщIауэ, месячникым и къэухьхэм иту, хасэнущ жыгхэр, зэIузэпэщ Iуэхухэр щрагъэкIуэкIкIэ, хабзэхэр, санитар-эпидемиологие, экологие мардэхэр ягъэзэщIэн зэрыхуейм теухуа гурыгъэIуэныгъэ лэжьыгъэ драгъэкIуэкIынущ цIыхухэм, предприятэхэмрэ организацэхэмрэ я коллективхэм, — къыдыщIагъужащ Министерствэм деж. Iуэхум кIэIунэ езытыж къэхъугъэ нэхъыщхьэ хъунущ шыщхьэIум и 29-м зэхыхьэну республикэпсо щэбэт щIыхьэхур.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *