Жылагъуэ узыншэм и беягъ, и къулеягъ нэхъыщхьэр и цIыхухэращ. И махуащ нэхъыжьыфIхэр зи жьантIэм дэс лъэпкъым. Куэд я нэгум щIэкIащ, нэхъыбэжи фэкIэ ягъэващ ди нэхъыжьхэм — а щIэблэ хахуэм, губзыгъэм, блэкIам напэ къабзэрэ гу щабэу хуеплъэкIыжыфрэ, нобэми, къэкIуэнуми я фIыгъуэр хьэкъыу зыхэзыщIэу, щэхуу «шыкур» псалъэ купщIафIэмкIэ пэджэжыфым. Ди гуапэщ нобэ я цIэ итIуэну Хьэбэз районым щыщ, къыщалъхуа махуэхэр зыгъэлъэпIа ди нэхъыжь Iумахуэхэм.



ХЬЭМЩАУЭ Сэрэнэ Умар и пхъур мы гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м илъэс 96-рэ ирикъуащ. Я къуажэгъу нанэр гулъытэншэ ящIакъым, езыми, и унагъуэми и гуфIэгъуэр дагуэшащ. ПсэукIэ-Дахэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Кэп Мурат и щхьэкIэ Хьэмщауэхэ еблэгъащ, УФ-м и Президент Путин Владимир къыбгъэдэкIыу нанэ Iумахуэм къыхуигъэкIуа хъуэхъу тхыгъэр хуихьыжри, и щхьэкIи къыбгъэдэкI псалъэ гуапэхэр хуигъэфэщащ.
Узыншагъэ быдэ, гукъыдэж мыкIуэщI, и унагъуэкIэ мамырыгъэрэ хуабагърэ нанэр щымыщIэну ехъуэхъуащ. ЖыIэпхъэщи, Сэрэнэ — бэшэчагъым, губзыгъагъым, лъагъуныгъэ гъунэншэм я щапхъэщ. ПщIэрэ щIыхьрэкIэ игъэнщIыфа и гъащIэ гъуэгуанэ кIыхьым къриубыдэу, Сэрэнэ пхъу хьэлэмэт — Радимэ къиIэтащ, игъэсащ, и гъащIэ зэхэщIыкI лъагэм щIипIыкIащ. Нанэм и хуабагъымрэ гуапагъымрэ къыщIэтэджащ быныр, бынырылъхур икIи дэтхэнэми нэхъыжьыфIым и хьэл-щэныфIхэр, и дуней тетыкIэ дахэр зыхиубыдащ.
Сэрэнэ-нанэ и унагъуэм сыт щыгъуи къыщокIуэкI зи уасэр мыкIуэщI хабзэфIхэр: пщIэ зэхуэщIыныр, зызэщIэгъэкъуэныр, гулъытэкIэ дэтхэнэри къэухъуреихьыныр. Аращ, атIэ, Сэрэнэ и щIэблэр зыщIипIыкIар: пэжыгъэ, лэжьыгъэр фIыуэ лъагъун, хэкупсагъэ къэмылэнджэж, и хэкумкIэ, и ХэкушхуэмкIэ, и лъэпкъымкIэ гушхуэныгъэрэ пагэныгъэрэ. И анэ къалэнри, и анэшхуэ пщэрылъри Сэрэнэ пылъхьэншэу зэригъэзэщIам и щыхьэтщ и бынунагъуэр зэрызэхэт хабзэфIхэр. Апхуэдэу къезыгъэжьа нанэм адэкIи пищащ а кIуэрабгъу захуэм. Къапщтэмэ, Сэрэнэ и гъащIэр — лъагъуныгъэм, псэемыблэжыныгъэм, къыхиха гъуэгум хуэпэжыным я тхыдэ наIуэщ. НэхъыжьыфI Сэрэнэ и махуэ къэс гуфIэгъуэкIэ, гулъытэкIэ, насыпыр къызэрилэжьамкIэ зэхэщIыкIыныгъэкIэ гъэнщIауэ щрет! Иджыри куэд къриугъэгъащIэ, фIыщэу къэзылъагъу и унагъуэм и хуабагъымрэ гуапагъымрэ зыщигъафIэу!
***
УНЭЖ Айшэт Исмэхьил и пхъум, Беслъэней къуажэм щыпсэум, мы махуэхэм игъэлъэпIащ и илъэс 98-р. И махуэ гуфIэгъуэр нанэм даIэтащ къыхуеблэгъа хьэщIэхэм — Беслъэней къуажэ администрацэм щылажьэхэм. Урысейм и Президентым къыхуигъэкIуа хъуэхъу псалъэ дахэхэр зэрыт тхыгъэ лъапIэм къеджэри, нанэм ар хуигъэфэщащ администрацэм и Iэтащхьэ Тхьэгъэпсэу Гарри. Илъэс куэд зэрылэжьам, и бэшэчагъымрэ губзыгъагъымрэ, ахэр щIэблэм щапхъэ хуищIу къызэрекIуэкIам я щIыхькIэ, Тхьэгъэпсэу Гарри нанэм ехъуэхъуащ гуапэу, гум къыбгъэдэкI фIыщIэ псалъэхэри щIигъужу. Узыншагъэ быдэ, гуапагъэрэ хуабагъэрэ, гулъытэ, щIэгъэкъуэн, унагъуэ зэIузэпэщыныгъэ щымыщIэну!
*** УНЭЖ Мачэ Гъулэ и пхъум бадзэуэгъуэ мазэм игъэлъэпIащ къыщыхъуа махуэр. Тылым и гуащIэрылажьэу щыта, гуащIэдэкI гъуэгуанэшхуэ къэзыкIуа нанэр Беслъэней къуажэм пщIэшхуэ щызиIэ нэхъыжьыфIщ. И гъащIэ гъуэгуращи — ар хэкупсагъэ хьэрэмыгъэншэм, бэшэчагъым я щапхъэщ. Иджыри сабийуэ, зауэ илъэс хьэлъэхэм, балигъхэм ящIыгъуу Мачэ тылым щылэжьащ. Псоми яхуэдэу къарууэ иIэмкIэ ТекIуэныгъэр къызэригъэгъунэгъуным хущIэкъуащ. Зауэ нэужьми увыIакъым, илъэс куэдкIэ лэжьащ гуащIафIэу икIи и Хэкум, хэгъуэгум хуигъэтIылъа и гуащIэ иныр, и псэемыблэжыныгъэр пщIэрэ щIыхьрэ зыхуэфащэщ. Мачэ къыщалъхуа махуэ гуфIэгъуэр дагуэшащ къыхуеблэгъа хьэщIэхэм. Абыхэм ящыщщ Беслъэней къуажэ администрацэм къыбгъэдэкIа лIыкIуэ гупри.
Нанэм и гуащIэдэкI хьэлэлым, и гъащIэ гъуэгуанэ дахэм, и дуней тетыкIэ екIум пэджэж фIыщIэ псалъэ гуапэхэр хуагъэфэщащ. Нэхъыщхьэр — Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыбгъэдэкIыу къыхуригъэхьа хъуэхъу тхыгъэри иратыжащ. Узыншагъэ быдэ, псэ хуабагъэ, гукъыдэж, гулъытэрэ гуапагъэрэкIэ къэухъуреихьауэ гъащIэ кIыхь ихьыну нанэм ехъуэхъуащ къыхуеблэгъахэр!
Зыгъэхьэзырар ТУАРШЫ Ирэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.