Вневедомственнэ хъумакIуэр къыщагъэщIа махуэщIым ипкъ иту мы къулыкъум и лэжьакIуэхэу Къэрэшей районым щыIэхэмрэ ведомствэм и ветеран зэгухьэныгъэм хэтхэмрэ Карачаевск къалэм дэт, зи № 3 курыт еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэхэм яIущIащ. Дауэдапщэр «Iэнэ хъурей» гъэпсыкIэм тету екIуэкIащ. ЗэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэу щытар щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ щхьэпэ хъунращ, къулыкъум и тхыдэм, абы щылажьэхэм махуэ къэс къапэщылъ Iуэхугъуэхэм ныбжьыщIэхэр щыгъэгъуэзэнращ. Росгвардейцхэм я лэжьыгъэм пыщIауэ зыIущIа, ялъэгъуа хъыбархэм еджакIуэхэр набдзэгубдзаплъэу щIэдэIуащ.
ЖыIэпхъэщи, абыхэм зыхащIащ лIыхъужьыгъэрэ хьэл зэпIэзэрытрэ уимыIэу мы къулыкъум узэрыхэмытыфынур. КъинэмыщIауэ, ныбжьыщIэхэр щIэупщIащ къулыкъум ущылэжьэн папщIэ сыт хуэдэ къэухь, зыужьыныгъэ ухуэныкъуэми, лэжьапIэ уащтэн папщIэ сыт хуэдэ еджапIэхэр нэхъ къыхалъытэми. Мылицэм и майор, отставкэм щыс Кубанов Исмэхьил къызэрыхигъэщащи, мыпхуэдэ зэIущIэхэр хуабжьу сэбэпщ къэрал хабзэмрэ абы и телъхьэхэмрэ пщIэ хуащIу ныбжьыщIэхэр гъэсэнымкIэ.
ЗэIущIэм икIэм росгвардейцхэр ныбжьыщIэхэм яхъуэхъуащ еджэнымкIэ ехъулIэныгъэ яIэну, граждан щытыкIэ жыджэрагъ яхэлъыну, хабзэкъутэныгъэм жэуаплыгъэ зэрыпыщIар зыщамыгъэгъупщэну.
Росгвардием Къэрэшей-Черкесым щиIэ Управленэм и пресс-къулыкъу
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.