Щана псэ нэхухэм…

Накъыгъэм и 21-м республикэ къалащхьэм щызэхэтащ илъэсищэ зауэр зэриухрэ илъэси 162-рэ зэрырикъуам теухуа фэеплъ пэкIур. Абы дыпежьащ щыму, ди дунейр уфауэ.

Лъапсэрыхыр къызыхуахьа ди лъэпкъэгъухэм яхуэщыгъуэн, дыуэ хуащIын папщIэ, «Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу» жэуэ зытедза домбеякъ сыным и пащхьэ къыщызэхуэсащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и тхьэмадэ Иванов Александр, хэгъуэгум и премьер-министр Аргун Мурат, КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я Администрацэм и унафэщI Уэз Мурат, Къэрэшей-Черкесым и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вицепрезидент Аслъэнхэ Алий, «Абазэ» жылагъуэ организацэм и тхьэмадэ Куэнчэ Умар, нэгъуэщI лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, депутатхэр, къалэ округхэмрэ районхэмрэ я Iэтащхьэхэр, жылагъуэ лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, динырылажьэхэр, къалэдэсхэр.

Щыгъуэ-щIэжым хуэгъэзауэ и социальнэ зэпыщIэныгъэхэм щитхащ ди республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид: «Мы махуэм дэ доплъэкIыж дунейкъутэжыр къэзыхьу гъащIэ минищэ бжыгъэ зыхьа, лъэхъэнэмкIэ. Гъэунэхуныгъэ ткIийхэр ягъэвыну къахудэхуащ а зэманым зи щыIэкIэр тхыдэм зэхилъыхъа адыгэхэм, абазэхэм, нэгъуейхэм, къэзакъхэм, нэгъуэщI лъэпкъ цIыкIухэм.

 Бзаджагъэм и щIопщыр къазэрытехуам емылъытауэ, лъэпкъхэм яхъумащ я щэнхабзэ щIэин телъыджэр, я хабзэхэр. Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэр Урысейм и унагъуэшхуэм щыщ зэрыхъурэ, я гуащIэрэ я зауэлI зэфIэкIрэ халъхьэурэ Хэкум и уардагъыр нэхъри ягъэбыдэ. Нобэ дэ жэуаплыгъэ диIэу дыбгъэдыхьэн хуейщ къытщIэхъуэ щIэблэм тхыдэ фэеплъыр и IэмыщIэ тыншу илъхьэным, зыщыдгъэгъупщи хъунукъым Хэкум зэгурыIуэныгъэрэ фIылъагъуныгъэрэ игъэлъынымкIэ ди нэхъыжьхэм уэсяту къытхуагъэнар. УзэрыIыгъынымрэ узэрылъытэнымрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр ену дигу къэзыгъэкIыжым, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсым, дытепсэлъыхьыну игъуэщ».

Адэжь лъахэр залымыгъэкIэ зрагъэбгына, хы гъуэгум IукIуэда ди лъэпкъэгъухэм папщIэ доклад убгъуа къыщищIым Аслъэнхэ Алий къыхигъэщащ: — Нобэ адыгэхэр, черкесхэр зэбгрыдзауэ щопсэу къэрал 50-м щIигъум. Iэмалыншагъэм иригъэзу хамэщI икIа ди лъэпкъэгъу минхэр мэпсэу хэкуншэу, я адэжь лъахэм щIэбэгыу. ЛIыщIыгъуэрэ ныкъуэрэ дэкIами, зауэ лъыкIпсыкIыр зи нэгу щIэкIа тхьэмыщкIэхэм я фэеплъым ди щхьэр хуэдмыгъэщхъыу къанэкъым. Ауэ диужьыгуакъым а лъэхъэнэм дэ. Тхэлъ псэ къарумрэ лIыгъэмрэ, ди зэхэщIыкIымрэ жыжьэрыплъагъымрэ я фIыщIэкIэ дыкъызэтенащ, тхыдэм и напэкIуэцI шынагъуэхэр зэдгъэзэкIауэ, ди щIыгур, ди анэдэлъхубзэр, ди щэнхабзэр тхъумэжу допсэу. Адыгэр зыщыпсэу дэтхэнэ къэралым хуэдэу, зауэжьым зи псэ щызынахэм дыуэ хуащIащ. ПэкIум къызэхуэсахэм сыхьэтыр 12:00-м щыгъуэ дакъикъэр щызэфIагъэкIым, фэеплъ удз гъэгъахэр мывэ сыным и лъабжьэм щагъэтIылъащ.

Пщыхьэщхьэм, сыхьэтыр 18:00-м Черкесск къалэм дэт щэнхабзэмкIэ Унэм Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым къыщигъэлъэгъуащ абхъаз тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» тхыдэ романым къытрищIыкIыу игъэува, Кавказ зауэм и лъэхъэнэм ухэзышэж «ГугъапIэм и жьэгу» спектаклыр. Концерт пэшым щIэсам инэхъыбэм я нэпс къызэрекIуар ягъэпщкIуну хэтами, спектаклым и роль нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа Мамыжь Хьэзрэт и джэгукIэ гуузымкIэ театреплъхэм я гулъытэр къихьэхури, зы дакъикъи щигъэсакъым утыкум къыщыхъум хуэгущIыIэу… Спектаклыр иуха нэужь, псори щIыбым зэрыщIэхащ фэеплъ сыным деж ЩIалэгъуалэ Хасэм хэтхэм ягъэува шэху уэздыгъэхэр, илъэси 162-рэ нагъыщэр къэзыгъэлъагъуэр зэрыпагъанэм еплъыну, адыгэ, абазэ музыкантхэм ягъэхьэзыра гъыбзэ уэрэдхэр къызэрырашым едэIуну. ТхьэлъэIупIэм къикIыу «Псапэмрэ щхьэпэмрэ зэпылъщ», жаӀэ. 1763-1864 гъэхэм адыгэ лъэпкъыр зыхэта лъапсэрых зауэжьым хэкIуэдахэм ятеӏуауэ накъыгъэм и 20-м Хъумэрэ къуажэм дэт мэжджытым и пщӀантӀэм тхьэлъэӀу щащӏащ. Лъэпкъыпсэм и джэ макъым щIэту бгырыс жылагъуэм щыхьэщIащ ди республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий зи пашэ гупыр, хэгъуэгум адыгэ къуажэу итхэм я ефэндыхэр, Хьэбэз, Адыгэ-Хьэблэ районхэм я нэхъыжь Советхэм хэтхэр, ГТРК-м и адыгэ редакцэмрэ «Черкес хэку» газетымрэ я журналистхэр, хъумэрэдэс лIыжьхэр, хыхьэхэкIырылажьэхэр.

Мы лъэпкъ Iуэхур къехьэжьэнымрэ егъэкӀуэкӀынымрэ гуащӏэрэ зэману ирахьэлӏар мащӀэкъым КъЧР-м щыпсэу адыгэхэм я Нэхъыжь Хасэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэдрэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алийрэ. Гуапэ дыдэт плъагъуну Мухьэмэд тхьэлъэIупIэм хуэкIуэ гъуэгур телефонкIэ хьэщIэхэм ягуригъаIуэу зэрыщытыр, гумызагъэу, жэуаплыгъэ ин зэрихьыр къигъэлъагъуэу. Алийщи, абы Адыгэ-Хьэблэ щыщ нэхъыжьхэм я Советым хэт КIэм Мурадин, МыкIытIэ Мухьэмэд, Хьэмдэхъу Умар, Уэхъутэ Алий сымэ тхьэлъэIум здишащ. ТхьэлъэIум хэта хьэжыхэм я цIэхэри къитIуэну ди гуапэщ: Чырбыжхэ Мухьэмэд (Беслъэней), раис-Iимам ЕлъэщIыIэ Мурат, абы и къуэдзэ КIэбышэ Абдул-Чэрим (Адыгэ-Хьэблэ), Мудар Бэчыр (ВакIуэ-Жылэ), Батырбий Iэюб (Кхъувыжь), Дэбагъуэ Ехья (Жьакуэ), Хьэбэч МуIэед (Малэ Зеленчук), Мэремкъул Арсен (Абазэ Хьэблэ), Мыжей Рэшид (Инжыджышхуэ), ДыщэкI Казбек (Хъумэрэ ЦIыкIу), Хьэтыкъуэ Руслан (Эрсакон). Къуажэдэс цIыху жанхэу Дзэмыхьхэ Исмэхьилрэ Назиррэ я гуащIэ халъхьащ мэжджыт пщIантIэр хьэщIэхэм яхуэгъэхьэзырыным. ЕмытIысэхыу жыхуаIэм хуэдэу пщэфIапIэм щыIэуэлъэуащ къуажэ администрацэмрэ курыт еджапIэмрэ я лэжьакIуэхэр. Шхыныгъуэу абыхэм Iэнэм къытрагъэувар зэрыщыту адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ защIэт: гуащIагъ зыщIэмыт махъсымэ гурыхьыр, джэд шыпсымрэ пIастэмрэ, шей хужьым пщтыр хъужауэ шэемыуэ кхъуейр, мэжаджэр, хьэлывэр, лэкъумыр щIыгъуу. Мэжджыт щIыбагъымкIэ лэгъупыр щыфIэдзат. Мэлылыр гъэвэным пэрытт жэмыхьэтым нэхъ щIалэIуэу хэтхэр, къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Ещэр Мурат я пашэу. Ерыскъыуэ хъуар пщтыру Iэнэм нэгъэсыным хъулъхугъэхэр пылъамэ, бзылъхугъэхэм Iэнэр къабзэлъабзэу зэлъыIухыжыныр, хьэкъущыкъухэр зэхэтхьэщIэжыныр я пщэрылъащ.

А псоми гу лъызыта Аслъэнхэ Алий, пщэфIахэм фIыщIэ псалъэхэмкIэ захуигъэзащ: «Тхьэм фигъэпсэу, хьэщIагъэ нэс къыдэфхыу гугъу фыкъызэрыддехьам папщIэ! Фи шхыныгъуэхэр хуабжьу гурыхь тщыхъуащ. ТхьэлъэIум къекIуэлIахэм зыжьэу жытIащ ди нобэрей зэхуэсыр гуапэу, щапхъэфI къызыхэпх хъуну къызэрыдэхъулIар. Адыгэ лъэпкъым дэр-дэру дифI дэдмыгъэкIыжмэ, ди лIам, ди псэум гулъытэ хуэдмыщIмэ, нэгъуэщIым ар зыуи къыфIэIуэхунукъым. ЗэрытлъэкIкIэ дызэрыубыду, дызэдэIэпыкъун хуейщ. Хъумэрэ къыщытIэта IуэхумкIэ иджыри зэ дигу къыдогъэкIыж илъэсищэ зауэжьым зи псэ хэзылъхьа ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъ нэхур тхъумэу дыкъызэрекIуэкIыпхъэр, ар ди иджырей адыгэ гъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэу къызэрытлъытапхъэр». Адыгэ-Хьэблэ районым и Iима мым и къуэдзэ КIэбышэ Абдул-Чэрим хьэжы: «Мы тхьэлъэIум мыхьэнэшхуэ иIэу солъытэ, псыжьыпс Iуфэм Iус Хъумэрэ къуажэм зэлъэпкъэгъухэр дыкъеблэгъауэ муслъымэным и махуэшхуэу щытIэтым берычэтышхуэ хэлъщ. Кавказ зауэжьым и щхьэлыдзэм лажьи-хьэкъи зимыIэу дэкIуэдахэм я хьэдрыхэр нэху ищIыну ДыкъэзыгъэщIам долъэIу». Беслъэней къуажэм и Iимам Чырбыжхэ Мухьэмэд хьэжы: «Мы тхьэлъэIур япэм Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щедгъэкIуэкIт. Илъэс зытIущкIэ узэIэбэкIыжмэ, чэнджэщ къыхэслъхьэри жысIащ, ар лъэпкъ Iуэхуу щыщыткIэ, псапэ щIэныр, тыхь щIыныр адыгэ къуажэу диIэм чэзу ялъысурэ ирагъэкIуэкIын зэрыхуеймкIэ динырызехьэхэр дызэгурыIуэну. ТхьэлъэIур нэгъабэ щытщIащ ВакIуэ-Жылэ, абы и щыпэгъэм Беслъэней, иджы — Хъумэрэ дыкъынэсащ».

Илъэсищэ зауэм зи псэ щызынахэр уахътыншэу лъэпкъым ноби къытщIыгъущ. Ахэращ дыщызэплъэкIыжкIэ ныбжь махуэу къыттридзэр, ди къэкIуэнум гугъэфIхэр хуэдунэтIурэ, ипэкIэ дызыгъаплъэр. ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм Iисраф хэхъухьа ди цIыхухэр лъэужьыншэу, кхъэлъахэншэу, дыуэншэу къызэрынам папщIэ, КъурIэн лъапIэм ит сурэхэм Iимамхэр къахуеджа нэужь, хъытым дыуэр хуащIащ, шэджагъуэ нэмэзри мэжджытым щызэфIагъэкIащ. Къуэпс быдэрэ тхыдэжьрэ зиIэ лъэпкъыу дызэрыщытыр зи фIыщIэр ди нэхъыжьхэращ, абыхэм я фэм дэкIар, бэлыхьу ятелъар пхужымыIэнщ. ЛIар зыщыгугъыр псэуращи, тлъэкI къэдмыгъанэу я фэеплъыр дохъумэ, дахуолъаIуэ ахэр здэкIуэжам тыншыпIэ щагъуэтыну. КъытщIэтаджэ щIэблэм ирещIэ накъыгъэм и 21 махуэ хьэлъэр тхьэгъушу адыгэгум къызэрыщеуэр. Лъэпкъ тхыдэм лъыпсрэ нэпсрэкӏэ хэтха напэкӀуэцӀхэм гулъытэ нэс езыгъэгъуэту, дызищылъхухэм я фэеплъыр зэрахъумэр хьэрычэткӏи лэжьыгъэкӏи икъуу къэзыгъэлъэгъуа дэтхэнэми Тхьэм къызыхахам щэнейрэ бэгъуауэ хригъэлъхьэж, гуэныхь яӏэмэ, къахуигъэгъу, тхьэлъэIур къызэгъэпэщыным гугъу зэрыдехьар псапэу къаритыж! Хьэгъундыкъуей Iуащхьэжьым Али-Бэрдыкъуэ къуажэр сыт щыгъуи хуэдэу гуауэдэх дауэдапщэм хэтащ. Iуащхьэжьым и лъабжьэм щыпагъэнащ шэху уэздыгъэхэр, щыIуащ гъыбзэжьхэр.

Щыгъуэ дакъикъэр къэмыс щIыкIэ, шэджагъуэхуэгъазэу щызэхаша пэкIум хэтащ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимур, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) промышленностымкIэ, транспортымкIэ, ухуэныгъэмрэ энергетикэмрэкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Гуэнэ Игорь, республикэм физкультурэмрэ спортымрэкIэ и министр Тенц Дмитрий, Хьэбэз районым и Советым и тхьэмадэ Тэмазэ Рэмэзан, КъЧР-м и Жылагъуэ палатэм и пашэм и къуэдзэ, КъЧР-м и Адыгэ Хасэм и Советым и тхьэмадэ Псэун Аслъэн, районым хыхьэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэр, Али-Бэрдыкъуэ и Iимам Маху Музэчыр. Хэгъуэгум и Iэтащхьэм къыбгъэдэкIыу Гуэнэ Игорь къыщыпсалъэм жиIащ: «ПщIэ зыхуэсщI си хэкуэгъухэ! Тхыдэ фэеплъыр хъумэныр фIыщ, ар псоми ди зэхуэдэ къалэнщ, ауэ девгъэгупсыс ди Хэкум зэкъуэтыныгъэмрэ фIылъагъуныгъэмрэ зэрыщытепщэн хуейм и нэщэнэу дяужь къиувэну щIэблэхэм ар яIэщIэтлъхьэжын зэрыхуейм». Адыгэ лъэпкъым фIэкIуэда цIыхухэмрэ зауэжьым къыхуихьамрэ я гугъу ищIкIэрэ Жу Тимур къыхигъэщащ ди пщэдейр дысакъыурэ, гулъытэ лей  хуэтщIурэ дыухуэным куэд зэрелъытар: «Нобэ, лъэпкъ тхыдэм и напэкIуэцI гукъутэхэр щызэдгъэзэкIыж махуэм, аргуэру зыхэдмыщIэу хъукъым дызытет дунейр зэрыкъутэгъуафIэмрэ зэрытIасхъэмрэ.

КавказыщIым, адыгэгум уIэгъэ мыкIыжхэр илъэсищэ зауэм къыхуигъэнащ. Дэр папщIэ зи гъащIэрэ зи хуитыныгъэрэ щымысхьахэм, адыгэ къуажэу зэтрагъэсхьахэмрэ цIыхуу зэтраукIахэмрэ я фэеплъыр ди гуауэшхуэ къудейкъым, ар игъащIэкIи тщымыгъупщэжын дерсщ. Ар щрет хэщIыныгъэ къэзыхь сыт хуэдэ зауэми и дерсу, ауэ лъэпкъхэм я гупсысэ нэхухэмрэ я лъэкIыныгъэхэмрэ, я зэкъуэтыныгъэмрэ я зэгурыIуэныгъэмрэ яхэмыIэбэу, щхьэж анэдэлъхуу къылъыс бзэмрэ щэнхабзэмрэ ядэбакъуэу псэуну хуиту. Дэри, дяужь къиувэнухэми дапщэщи тщIэн хуейщ: мамыр уафэм ущIэту упсэуным нэхъ лъапIэ щыIэкъым! Мис аращ, ди блэкIар гъуазэу къэтщтауэ, ди пщэдейм фIыкIэ дыщIыщыгугъыр»

Адыгэ-Хьэблэ къуажэм Республикэ къалащхьэми, Хьэбэз районми, мы гъэм динырызехьэхэм тхьэлъэIупIэу къыхаха Хъумэрэ къуажэми яхуэдэ къабзэу, щыгъуэ-щIэж махуэм ещIылIа дауэдапщэхэр АдыгэХьэблэ районым и уардэ Унэхэм щрагъэкIуэкIащ. Кавказ зауэжьыр тхыдэм и напэкIуэцIу зэрыщытым къыщымынэу, абы лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм халъхуахэм хэмыкIыжын узу я лъым къыхинащ блэкIам и лъэужьейр. ИкIи, шэч хэлъкъым, накъыгъэм и 21-р къэблэгъэхун, дяпэ итахэр унэншэу, унагъуэншэу, гугъапIэншэу къыщынэм яшэчар псэкIэ зыхэтщIэурэ иужьым дызэрисымаджэжым. Зыри дыхуиткъым а зауэжьым кърикIуар зыщыдгъэгъупщэну.

КъытщыщIам дерс хэдывгъэх, ар тщызыгъэгъупщэфын нэщIэбжьэ адыгэм димыгъэлъагъуным папщIэ Тхьэм девгъэлъэIу, псапэ зыпылъ Iуэхухэр, тхьэлъэIухэр дывгъэщI зэпыт! Адыгэ-Хьэблэ къуажэм щекIуэкIа фэеплъ Iуэхугъуэр ирагъэжьащ адыгэм и ГимнымкIэ. Абы адэкIэ, районым и раис-Iимамым и къуэдзэ КIэбышэ Абдул-Чэрим къызэхуэсахэм дыуэ яригъэщIа нэужь, дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ илъэсищэ зауэжьым зи псэ щызынахэм. Уардэ Унэм къекIуэлIащ район администрацэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм я лэжьакIуэхэр, КIэм Мурадин зи пашэ нэхъыжьхэм я Советым хэтхэр, еджакIуэхэр, къуажэдэсхэр. … Щыгъуэ-щIэж махуэм дигу къегъэкIыж зэгурыIуэныгъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр, ар тхъумэни дгъэбыдэни зэрыхуейр. Лъэпкъхэр дызэрылъытэмэщ, ди щэнхабзэхэм пщIэ хуэтщIмэщ залымыгъэрэ зэныкъуэкъурэ дяку къыдэмыхуэу къэкIуэныфIым дыщыхуэкIуэнур…

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *