Щана псэ нэхухэм я фэеплъщ

Дэтхэнэ лъэпкъми иІэу къыщІэкІынщ езым къехьэлІа тхыдэ Іуэхугъуэхэр, къэхъукъащІэхэр здызэдигъэлъапІэ щІыпІэ хэхахэр. Апхуэдэщ илъэс къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, адыгэ лъэпкъыр, дызыхэс нэгъуэщІ лъэпкъхэри къытхэту, дыздызэхыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэм щыІэ, Кавказ зауэм хэкІуэдахэм я фэеплъ сыным и щІыпІэр.

Ар Кавказ зауэм, щІыпІейхэм щикІуэда ди лъэпкъэгъухэм я фэеплъ хъуныр зипкъ къикІа, сыным пэублэ хуэхъуа мывэр зыгъэувауэ щыта Хутэ Михаил, жагъуэ зэрыхъущи, мы гъэми и лъэпкъым къыщІыгъунукъым.

Ди нэгум къыщІоувэж иужьрейуэ ар а щІыпІэм щытлъэгъуа накъыгъэм и 21 махуэр: адыгэ фащэр и пкъым екІупсу щыкъузарэ зэщІэкъузауэ, зыхэплъэ и лъэпкъэгъухэм защимыгъэнщІу… Тхьэм здэкІуам щигъэтынш, ищІа Іуэху угъурлым и фІыр ахърэтым къыщылъигъэсыж. Мыбдеж, щІылъэм, абы и цІэр щыжаІэ, и Іуэхур ящыгъупщэкъым. Абы къикІыр аращи, къытхэтщ Михаил, мыкІуэдыжынщ къигъэна лъэужьыр.

АтІэ, сыт нобэ уи щыІэкІэ, адыгэм и зэхуэсыпIэ, и фэеплъ щІыпІэ? Дауэрэ уекІуалІэрэ Кавказ зауэжьыр зэриухрэ мы гъэм илъэси 161-рэ щрикъуну махуэм, блэрэ уи жьэгу мафІэр, щхьэщыт адыгэпсэр уи щІыпІэм?

А упщІэхэм я жэуапхэр зэхэтхмэ ди гуапэу деблэгъащ фэеплъ щІыпІэм. Сыт щыгъуи хуэдэу, гуапэу къытпежьащ пщІантІэшхуэми, абы дэт музейм я лэжьакIуэ, я зехьакIуэ Хутэ Аслъэн, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щэнхабзэмкІэ и Унэм и унафэщІ, адыгэгу, адыгэпсэ нэгъэса  Унэгъэс Зэмрэт сымэ. — ЩІыгъуэ-щІэж махуэм и гугъу щытщІкІэ, комплексым къызэщІиубыдэ плІанэпэ, ухуэныгъэ къэс гулъытэ хуэщІыпхъэщ. МузеймкІэ къедгъэжьэнщи, жагъуэ зэрыхъущи, мыбы Кавказ зауэм теухуа хьэпшып щІэлъкъым, картэ зытІущ къинэмыщІа. Ауэ лъэпкъым и тхыдэм дриплъэжыну гукъыдэж диІэмэ, музейм и хьэпшып къэс абы и псалъэншэ нагъыщэщи, ди бжэхэр хэти хузэІухащ, тцыхумкIэ дадогуашэ, хэкуихур къызыхуахьауэ щыта лъэпкъ уардэм и джэгукІэу, и псэукІэу щытам я дунейм хыдошэ.

— Музейм и къежьапІэ хъуауэ къэплъытэ хъунущ Али-Бэрдыкъуэ къуажэ курыт еджапІэм щІэлъа пасэрей хьэпшыпыжьхэр. МафІэс шынагъуэншагъэ хабзэкІэ ахэр еджапІэм щІэлъ мыхъуну Іуэхур къыщыкъуэкІым, щІыпІэ зэхуэмыдэхэм щаІыгъащ. Апхуэдэу зэрыщытыр зэхэзыха къуажэдэсхэр зэчэнджэщри, унафэ къахьащ мыбдеж къыщІалъхьэну. Ахэр музей хьэпшыпу тхъумэным папщІэ дызыхуэныкъуэ ашыч тегъэпсыхьа тІощІрэ ирэ хьэрычэтыщІэ Аргун Олег и мылъкукІэ тхуригъэщІащ.

Адыгэ Хасэм хэт щІалэхэр, еджакІуэ цІыкІухэр, къуажэдэсхэр — псори зэщІыгъуу делІалІэри, хьэпшыпхэр музейм къэдгъэкуэшыжащ. Аргуэру Олег къытхуищэхури, картэ, сурэт, къинэмыщІхэр тыгъэ къытхуищІащ. Абы щегъэжьауэ цІыхухэми хьэпшыпхэр къыдахьэлІэн щІадзащ. Ныбжьышхуэ зиІэхэр яхэтщ абыхэм, апхуэдэщ, псалъэм и жыІэгъуэкІэ, илъэси 100 ныбжь зиІэ бащлъыкъыр.

Си гум къинэжащ зы къэбэрдей щІалэ. Ар гъуэгурыкІуэу музейм къыщІыхьэу зыщиплъыхьа нэужь: «ЩІакІуэ фиІэкъэ?» — жери щІэупщІащ. ЗэрыдимыІэр къыщищІэм, музейм щІакІуэ тыгъэ къыхуищІыну дыкъигъэгугъащ.

Махуэ зыбжанэ нэхъ текІатэкъым, щІакІуэшхуэ музейм къыщыщІихьам. Ар адыгэгукъэ, ар и псалъэм тетыж цІыхукъэ?! Тхьэм игъэпсэу ари, пасэрей хьэпшыпыжьхэр и унагъуэ кърихыу тыгъэ къытхуэзыщІ дэтхэнэри.

Мы фэеплъ щІыпІэм, адыгэм и гуауэм и нагъыщэ хъуам, хэхауэ кино трахыну гуп къытхуэкІуауэ щытащ. Нэгъабэ къудейр къэсщтэжынщи, Тыркум къикІа гупиплІ ди хьэщІащ.

Иорданым къикІа, Шыбзыхъуэхэ къахэкІа зылІ ди хьэщІащ. Ар зыгъэ ди лъахэм къеблэгъауэ щыта пащтыхьыкъуэ Алий щІыгъут, генералт. Абы лъандэрэ и гум илъащ къытригъэзэжыну икІи зригъэхъулІащ и хъуэпсапІэр.

Иджы дыдэ зы унагъуэ гупыфІ къытхуэкІуащ. Езыхэр шапсыгъхэм ящыщщ, Тыркум къикІащ. Зы нанэ ящІыгъут, илъэс 90-м щІигъу и ныбжьу. Хуабжьу игу хыхьэу музейм зыщиплъыхьащ, Іуащхьэм дэкІыным пэлъэщыфыным тІэкІу чэнджэщ къытесхьами, сыхущІригъэгъуэжащ: «Сэ нет сщІыуэ сыкъыщІэкІуар аращ, зи хъыбар зэхэсха мывэ сыным дыуэ тесщІэну, тхьэ сыщелъэІуну сыхуейуэ», — жери.

Фи фІэщ зэрыхъун, сылъэщІэмыхьэу дэкІри къехыжащ а нанэр Іуащхьэм. Дызэпсалъэурэ, жесІащ мывэ сыныр къезыхьэжьа, зыгъэува Хутэ Михаил сызэрикъуэшыр, Исмэхьил дызэрикъуэр. Нанэр къэгуфІэри жиІащ зыщыпсэум деж Исмэхьил, Хьэмид зи цІэ, Хутэ зи унагъуэцІэ  лІы хъарзынэхэр зэригъунэгъур.

Хутэ лъэпкъым щыщ Тыркум икІауэ щытащи, ди Іыхьлы гуэру пІэрэ жызоІэ. Си телефонри нанэм ищтащи, сыпоплъэ жыхуиІахэм зыкъыщыспащІэнум. ХьэщІэу къытхуэкІуэм щІыпІэм я щхьэр хуагъэщхъ, ягухэр къыщызэфІонэ, блэкІа гуауэм егъэдзыхэ. Хэти къигъэзэжыным щІохъуэпс, ауэ куэдым ар къайхъулІэну гугъапІэ яІэжкъым… Ауэ, хьэкъыр зыщ — дэнэ щымыІахэми, дэнэ щымыпсэуми — дызылъэпкъщ, дызыкъуэпсщ, ди зэпыщІэныгъэм и зы Іэмалщ фэеплъ щІыпІэр, — жеІэ Аслъэн.

Пэжщ ди нэхъыжь угъурлым жиІэр. Комплексыр цІыхуншэ, гулъытэншэ хъукъым. Абы и щыхьэтщ музейм щІэлъ, цІыхубэ псалъэхэр зратхэ журналхэр. Апхуэдэ зым из хъури Іуахыжауэ, етІуанэм и зэхуэдитІми блахужащ.

Дыхуейт иратха псоми дыкъеджэну, ауэ абыхэм я нэхъыбэр хамэбзэкІэ тхащи, неІэмал, тхуэгъэкъулейкъым. Тхыгъэхэм кІэщІэтхахэмкІэ гурыІуэгъуэ мэхъу зытхахэр къыздикІар: Германием, Сауд Хьэрыпым, Эмиратхэм, Иорданым, Щамым, Сахалин, Москва, Согъум… ГъэщІэгъуэнракъэ, ахэр псори адыгэкъым, яхэтщ нэгъуэщІ лъэпкъхэри, ауэ псоми щІыпІэр зэрызрагъэщІэгъуэкІыр, тхыдэ къэхъукъащІэм пщІэ хуащІу зэрахъумэм папщІэ фІыщІэ ящІ. — Ди лъэпкъым къытепсыхауэ щыта гуауэм ди гур, ди псэр зэгуэрми ибгынэкъым, ауэ дэ къэдгъэхъукъым нэгъуэщІ лъэпкъхэм деныкъуэкъуу, дыхьэргъэшыргъэу, ди гуауэр дгъэпудыжу, куэдыщэрэ я пащхьэм щыдгъэджэрэзыныр. Дызыщыпсэур хамэ къэралхэри къызыхуенэцІэкІ, щапхъэ зыхуащІ Урысей уардэщи, абы и хабзэм зедгъэкІуу, мамыру допсэу.

Ди лъэпкъыбзэ зыдохьэ, додж, ди хабзэ, ди дин къытпаубыдкъым, а псори шыкурщ. АтІэ, мес, тпэжыжьэ хъуа ди лъэпкъэгъухэм хьэзабышхуэхэр ятелъу псэуащ, уеблэмэ я адыгэбзэ къажьэдэІукІын, адыгэцІэ я быным фІащын хуимытыжу. КІуэ, иджы, апхуэдэжкъыми, абыи дыщогуфІыкІ, — псалъэм къыпещэ Унэгъэс Зэмрэт.

Музейм, комплексым и къежьэгъуэ дыдэми дыщагъэгъуэзащ ди псэлъэгъухэм. Апхуэдэу, зыхузэфІэкІхэм я мылъку хэлъу, Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 150-рэ щрикъум хуэкІуэу, 2014 гъэм къызэІуахауэ щытащ комплексыр, абы дэт псэуалъэхэр. Ауэ Іуэхур зэпыужри, зы зэманыфІкІэ комплекси, музеи мылэжьэжу щытащ, къуажэр зэхыхьэу, Аргун Олег дэІэпыкъуэгъушхуэ къахуэхъуу, 2019 гъэм къызэІуахыжыхун.

Псори зипкъ къикІа фэеплъ мывэжьым и гугъу пщІымэ, Зэмрэт зэрыжиІэмкІэ, ар 1989 гъэм накъыгъэм и 7-м къытрагъэувауэ щытащ. 1991 гъэм япэ пэкІур мы щІыпІэм щекІуэкІащ, япэ мывэ сынри нэгъуэщІкІэ зэрахъуэкІащ. Ауэ Михаил игъэувар комплексым дахакъым, ар ноби Іуащхьэм и лъабжьэм щытщ, псоми и къежьапІэ зэрыхъуам и щыхьэту. Иужьрей илъэсхэм комплекс пщІантІэм жыгыщІэхэр къызэрыщыкІым гу лъумытэнкІэ Іэмал иІэкъым. Апхуэдэу, нэгъабэ, Адыгейм къикІа бзылъхугъэ гуэрхэм щхъуэмчжыг цІыкІуищ хасауэ щытат, адыгэ лъэпкъищым я нагъыщэу.

Щхъуэмчжыгхэм щІагъужащ мыІэрысейхэр. ИужькІи гъэщІэгъуэн къэхъуащ. — Жыгхэм я гугъу щытщІакІэ, зы сигу къокІыж, — жеІэ Аслъэн. — Адыгейм щыщ зы бзылъхугъэ Хьэбэз щыхьэщІэти, комплексым къашэри зыщрагъэплъыхьащ. КІуэжри, заули текІыжауэ, Хьэбэз зи хьэщІахэм къысхуаІуэху: ди хьэщІа бзылъхугъэм пщІыхьэпІэ и нэгу щІэкІащ, гъэмрэ щІымрэ щызэблэкІ махуэм, гъатхэпэм и 21-м мы щІыпІэм жыгыщІэ цІыкІу, адыгэ лъэпкъищым ди нагъыщэу, хэфсэн хуейуэ, къызжаІэ. ТщІащ апхуэдэу. Мес, дыхьэпІэ дыдэм щытщ, мэкІ жыг цІыкІур.

Фэеплъым, музейм теухуа Іуэху щІэщыгъуэхэм я гугъу тщІынщи, Хутэ Михаил и цІэкІэ къуажэ еджапІэм шахмат джэгугъуэхэр щрагъэкІуэкІынущ. Музейр проекторкІэ къызэрагъэпэщ. Іуащхьэ лъабжьэм телъ, адыгэ лІакъуэцІэ 12-м ятетхахэр къагъэщІэрэщІэжынущ, пэкІу нэужьым пагъэнэжыну жьэгу мафІэ теплъэгъуэр ягъэхьэзыр… Апхуэдэрыххэщи, Іуэхур куэдщ, ауэ абыхэм иужьыІуэкІэ, щыгъуэ-щІэж махуэм и дауэдапщэхэр зэфІэкІа нэужь, фыщыдгъэгъуэзэнущи, иджыкІэ ипэ дилъэдэнкъым.

ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *