Сэ жызмыIэфар Къурмэн и тхыгъэхэм къыбжаIэ…

Ди литературэм макъ дахэкIэ щыуса Дыгъужь Къурмэн августым и 13-м 1941 гъэм къыщалъхуащ Къэрэшей-Черкес автоном областым хыхьэ Хъумэрэ къуажэм. И адэ Бахъсит а зэманым зауэм макIуэ икIи игъащIэкIэ къэзмыгъэзэжыну сэлэтхэм ящыщ зы мэхъу. И анэ Сэкынат щIалэ цIыкIуиплIыр къыхуонэ дэIэпыкъуэгъуншэу.

Къурмэн 1956 гъэм еджапIэм классиблыр къыщеухри Iэхъуэу губгъуэм йохьэ, усэным и гур къыхуоуш. 1958 гъэм колхоз правленэм еджапIэ егъакIуэ Черкесск къалэм ухуэныгъэмкIэ дэт училищэм. Къуажэм къегъэзэж блынзэтелъхьэ-штукатуру. ЩIэныгъэм xyeIэ щIалэм, махуэм лажьэу, пщыхьэщхьэкIэрэ гъунэгъу къуажэм кIуэурэ, е 9-10-нэ классхэр къеухыж. И усэхэр къытохуэ «Черкес пэж» газетым, къет радиом. 1960-1963 гъэхэм Тырку гъунапкъэм деж Советыдзэм гъунапкъэхъумэу къулыкъу щещIэ.

Мыбдеж къыщыдэкI «На Рубежах Родины» газетым и корреспондент мэхъу, и усэхэри къытохуэ. Къулыкъу нэужьым къегъэзэж Хъумэрэныжь, икIи, Iэхъуэ башыр къещтэж. Черкес литературэм и бжэр зэIуех къуажэдэс щIалэу, гуащIэ къабзэмрэ нэмыс дахэмрэ зэрылъ адыгэ унагъуэм щыщу, лъэпкъ нэмысыр зыгъафIэ къуажэ псэукIэр и гум хэпщIауэ. 1965 гъэм областым и тхакIуэ организацэм Къурмэн еджапIэ егъакIуэ Максим Горький и цIэр зезыхьэу Москва къалэм дэт Литературэ институтым. Урыс тхакIуэшхуэ Смирнов С. и семинарым щоджэ.

Курсым и старостэу хах, партым хагъыхьэ. 1970 гъэм ищхьэ щIэныгъэ егъуэт, тхэным Iэзэ хуохъу. Апхуэдэущ Къурмэн ди литературэм къызэрыхыхьар икIи увыпIэфI щиубыдащ. Пэжщ Ленинград щыщ урыс усакIуэ Костылев Валентин жиIар: «Дыгъужь Къурмэн и усэхэр гъэнщIащ Ищхъэрэ Кавказым и къуршхэмрэ и псыхъуэхэмрэ я епэрымэ дахэкIэ, усэхэм ядыболъагъу адыгэбзэр купщIафIэу, шэрыуэу зэрыщытыр».

Институт нэужьым къулыкъу зэхуэмыдэхэм пэрытщ: щылэжьащ «Ленин нур» област газетым, радиом, тхылъщапIэ тыкуэным, тхакIуэ организацэм, химзаводым. А псоми яхуэпэжащ Къурмэн. И тхыгъэу дунейм тхылъий къытехьащ: адыгэбзэкIэ Черкесск къыщыдэкIащ усэ тхылъхэу «Псыжь и толъкъунхэр» (1968), «Кърухэр» (1970), «Ди гухэлъхэр» (1974), «Тхьэрыкъуэхэм я къафэ» (1989), «Гъатхэ бзухэр» (1993), прозэу — «ТехьэпщIэ» повестыр (1976), «Бжьыхьэ псыдзэ» романыр (1983). Москва дэт «Советская Россия» тхылъ тедзапIэм 1973 гъэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ «Журавли» усэ тхылъыр. И тхыгъэхэр щIыпIэ куэдым къыщытрадзащ лъэпкъыбзэ зыбжанэкIэ зэдзэкIауэ, и усэхэмкIэ уэрэд куэди яусащ. Пасэу — 1984 гъэм сентябрым и 20-м Къурмэн дунейм ехыжащ. Си дежкIэ гугъущ блэкIа зэману абы сытепсэлъыхьыну. Хъуакъым кIыхь абы и гъащIэр. Зэман гущIэгъуншэм къелакъым.

Псэууэ щIым щIэлъэдам хуэдэщ, хуэзгъэфэщэнтэкъым мыпсэуну — узыншэт, и къару илъыгъуэт… Пэжщ, дунейм зэрехыжрэ куэд тепсэлъыхьащ икIи тетхыхьащ абы и дуней тетыкIами, и тхыгъэхэми. Нобэр къыздэсми и ныбжьэгъуахэм ягу ихукъым, я бзэгупэм телъ зэпытщ и цIэр. Сэри си тхыгъэ кIэщIым сыхуейт щыгъуазэ фыхуэсщIыну Къурмэн сыт хуэдэу щытами, сыт хуэдэ хъуапсапIэ иIами, сыт и гуфIэгъуэу щытами. Нобэрей зэманымрэ Къурмэнрэ зыкIи зэгуэпх хъунукъым. Куэд ищIэн, жиIэн хуейуэ къэнами, и Iэрытххэм, ищIэу щыта Iуэхухэм согупсысыжри, зы махуи и лъэпкъым щхьэпэн имыщIэу щысакъым.

Мы псалъэхэм зы фэрыщIыгъи хэткъым. Езыми фэрыщIагъ зэи хэлъакъым, нэгъуэщIми ар дилъагъу хъууэ щытакъым. ЕмыкIу къэхьыпIэ ихуэмэ, лъэпкъ напэмрэ къэрэбгъэнымрэ щызэбгъэдэхуэм деж, захуэу, пхъашэу щытащ. Москва щеджа гъэхэми «сэ сыадыгэщ, си лъэпкъ щэнхабзэри инщ, къабзэщ, дэ тхэлъ хабзэхэр дунейпсо щэнхабзэм и зы Iыхьэщ», — жиIэу зи макъ зыгъэIуфу щытахэм ящыщщ. Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, бзэм, литературэм фIы дыдэу хищIыкIт, лъэпкъ пшыналъэр зыпищIын щымыIэ «узу» пкъырытащ.

Нэгъэсауэ хэкулIт, адыгэлI хьэл-щэн дахэ псори хэлъащ. Ар апхуэдизкIэ адыгэти, уздеплъым, жиIэхэм уздедаIуэм, къыпфIэщIт адыгэ фIэкIа дуней псом темытыжу. Захуэу, дахэу щытащ и дуней тетыкIар. И щхьэр «лъэгущIыхь» хуищIащ и лъэпкъым, Хэкум, литературэм, адэжь лъахэм, езыр зыщалъхуа Хъумэрэныжь къуажэм. ЗыщимыгъэнщIу фIыуэ илъагъут и анэр, къыдалъхуахэр, бынунагъуэр. Зы махуэ закъуи къигъэщIакъым псэкIэ, гукIэ абыхэм ящIымыгъуу. Езыр жьырытэджт, езэшауи зэи гу лъыптэнтэкъым, сыт щыгъуи тхъэгъуэу дыхьэшхт, псэемыблэжт, цIыху щабэт, бзафIэт, Iэдэбт, цIыху пэжт, гумащIэт. ИгъэукIытакъым къыздалъхуа къуажэжьыр. «ГъащIэ гъуэгур схуэкIутэм сымыцIантхъуэу, Щхьэц лъэмыжым силъэтынти пцIащхъуэу…» — итхащ абы. Хъумэрэныжь и кхъэм дэтщ гранит мывэ фIыцIэ лъагэ.

И сурэтыр тетщ абы, къыхощ къигъэна псалъэхэри: «Адыгэм папщIэ зыми сыщысхьакъым, Къаруи гуащIи сэ щызмыгъэлъа, Сэ си зы махуи пщIэншэу есхьэкIакъым, Хьэлэлу пхуэлIыщIащ мы сигу къэплъар».

Илъэс 43-щ къигъэщIар Къурмэн. Пасэу IэщIэхуащ къалэмыр. Iэрытхыу къыщIэнат тхыгъэ куэдыщэ, «ЩIымахуэ лэгъупыкъу» романыр томитI хъууэ, нэгъуэщIхэри. Гуапэ зэрытщыхъуну, и тхыгъэ зэхуэхьэсахэр фи пащхьэ итлъхьэжын тлъэкIащ 2021 гъэм, Къурмэн къызэралъхурэ илъэс 80 щрикъум едгъэхъулIэу. Апщыгъуэм томих хъууэ дунейм къытедгъэхьат Къурмэн и IэдакъэщIэкIыу хъуар. ЖызмыIэ хъункъым ари, лъэпкъымкIэ мыхьэнэ ин зиIэ а Iуэхум и гуащIэ ин хилъхьауэ щытащ адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ. ФIыщIэу хуэтщIыр гъунэжщ… СфIэфIт Къурмэн и тхыгъэхэм емыджахэр еджэну. Мис итIанэ лъэпкъми нэхъыфIыжу къыгурыIуэнщ Къурмэн зыхуэдэу щытар. Сэ жызмыIэфар Къурмэн и тхыгъэхэм къыбжаIэ…

И щхьэгъусэ ДЫГЪУЖЬ Лерэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *