Сценэр — фащэу хуадам хуэдэт

АртистыцIэр зехьэгъуафIэкъым. ЩIыземыхьэгъуафIэри? Артист ухъун папщIэ уи щIыбагъ цIыху пэжхэр къыдэтыпхъэщ, уджалэмэ укъаIэтыжыфу, уаутхыпщIыжыфу, уи гур къекIуами, ар къызэрагъэгъуэтыжыну хьэзыру. Мис апхуэдэхэр уи гъащIэм хэтмэщ зыббжыжыну нэхъ къыщекIур уехъулIауи, щхьэмахуэ ухъуауи.

Ипэ силъадэу жысIэнщи, мы тхыгъэр зытезухуэн си гугъэ АРГУН Олег Умар и къуэм — Абхъаз АССР-м щIыхь зиIэ и артист, гуащIэдэкIым и ветеран, Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ адыгэ драмэ театрым и актер пажэхэм, курыххэм ящыщу лъэпкъ гъуазджэм илъэс куэдкIэ хуэпсэуа, хуэлэжьам, зыкъом щIащ и фэеплъыр дгъэлъапIэу щIэджыкIакIуэхэм дакъыхутепсэлъыхьыну зэрыигъуэрэ. УзэплъэкIыжыхун нэм къыщIоуэ, гум къоуэ абы журналистхэм хужаIамрэ хуатхамрэ емыкIу дыдэу зэрымащIэр…

Тхьэр сэнаущ инкIэ къызыхуэупса адыгэ артистым и щыIэкIэу, лэжьэкIэу щытам ныбжь тедзауэ къызэрынэм, си щхьэкIэ къэсщтэнщи, сегъэцIыкIу. Лъэпкъ Iуэхум и ужь ита дэтхэнэ нэрыбгэми псэу щIыкIэ хуэфащэр хуащIэкъым, жраIэкъыми аращ мис мыпхуэдэу тобэ къозыгъэхьыж гупсысэхэр иужьым къыщIэушыр. Фи фIэщ фщIы, Олег, инэхъыбэм ар Уэлийуэт къызэрацIыхур, адыгэ псалъэ хуэбгъэзэну хуэфащэщ. Ар зыщIэса унэм и гъунэгъуу си ныбжьэгъу щIалэхэр псэути, махуэ къэс слъагъут и кIэстум кусэ гъуабжэр щыгъыу тетIысхьэпIэм тесу е и IитIыр и щIыбкIэ зэрыдзауэ пщIантIэ кIуэцIыр хуэму къызэхикIухьу.

ЩыслъагъукIэ: «Дэнэу пIэрэт мы лIым сыздрихьэлIар, и нэIур сыту си нэIуасэ?», — жысIэт. КъызэрыщIэкIамкIэ, курыт еджапIэм класс нэхъыщIэхэм сыщыхэсам, адыгэ театрыр таурыхъ дигъэлъагъуну нытхуэкIуэрейти, Олегт нэхъ дыхьэшхэн, нэхъ шынагъуэ ролхэр зыми хуэмыдэу дэгъуэу зыгъэзащIэу яхэтыр. Аргун Олег къиухащ Руставелли Шота и цIэр зезыхьэ Тбилиси Къэрал Театр институтыр. Ар адрейхэм ямыщхьу, къахэнэIукIыу зэрыщытымрэ драмэу тха пьесэхэм къемыхьэлъэкIыу зэрыщыджэгуфымрэ Тхьэм къыбгъэдэкIа тыгъэу къыщIэкIынти, Куржым къриха щIэныгъэ куур адыгэ театрым щихьа махуэм щегъэжьауэ сценэр фащэу хуадам хуэдэу лэжьэн щIидзат. Ар зэхуэдэу лъэщу иувэфт комедиер, психологиер зи лъабжьэ ролхэм. Апщыгъуэм дежи, къиджэгуну и пщэ илъым и еплъыкIэ хилъхьэмэ нэхъ къищтэу. Зэзэмызэ, игъэзащIэ ролым апхуэдизу зыдригъэхьэхыщэти, сценарийм хэмыт псалъэхэр, имыкъалэн гуэрхэр къыхигъахуэурэ, спектаклым къыдыхэтхэр Iэнкуну, ящIэнур ямыщIэу къигъанэт. ЩIалэ гъур кIыхьыр, щхьэц баринэр, Iэпкълъэпкъ лантIэ зиIэ артистыр Iупхъуэ къуагъым къыкъуэкIыурэ сценэм къыщытехьэкIэ, театреплъхэм я гулъытэр зыIэпишэт и зекIуэкIэмкIэ, и плъэкIэмкIэ, и псэлъэкIэмрэ и пэ кIыхь къуаншэмрэкIэ. Абы театр утыкум щыжиIэ дэтхэнэ псалъэри макъ IэтакIи гъэлъэхъшакIи залым и иужьрей сатырым нигъэст, щысхэр зэIылъэлъу игъэдыхьэшхыу, я гу лъащIэм щIэIэбэу. УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIыщмахуэ Фатимэ Аргуным теухуауэ игу къигъэкIыжхэр гъэщIэгъуэнщ: «Сценэ утыкур зэдэгуэшыныр щIыхь тщыхъуу дызэдэлэжьащ Олегрэ сэрэ. Хуабжьу къыстепсыпсыхьу, къысхуэсакъыу си ужьым итащ ар, сришыпхъу нэхъыщIэ цIыкIум хуэдэу. Ди лэжьыгъэр зэрекIуэкIыр арат: IуэхущIапIэм сыхьэтыр 11-м дыкIуэти 14-м нэгъунэ дылажьэт, итIанэ, зыдгъэпсэхуа нэужь, пщыхьэщхьэм сыхьэтыр 18-м щIэддзэти 23-м нэс репетицэхэр едгъэкIуэкIт.

Сэ театрым сыщыIухьам унагъуэ сщIагъэххэти, Олег дгъэув таурыхъым хэмытмэ, унэм мыкIуэжу, «Юрэ хуэзэнукъым уигъэкIуэтэжыну, уэрамым зигу Iей илъ куэд щызокIуэ, уи закъуэ узмыгъэкIуэжыфыну, ФатIимэт, накIуэ, уи бжэIупэм нэгъунэ сыпкIэлъыкIуэтэнщ», жиIэурэ пщыхьэщхьэ къэс си подъездым сыщIигъэхьэжт». Пэжщ, Олег къэзыцIыхуу щытахэм зыжьэу жаIэт: «Ар зыдеджахэми, театрым ищхьэ щIэныгъэ зэзмыгъэгъуэтауэ къыдыIутахэми и дуней тетыкIэкIи, и теплъэкIи, и цIыхугъэкIи, и псэлъэкIэкIи, и джэгукIэкIи зыхуэбгъадэ хъун яхэтткъым». Уеблэмэ, къэбэрдей театрым и набдзэу тлъытэ ТIыхъужь Алий зыгуэркIэ ирагъэщхьт Аргуныр, уеблэмэ. ТIури я нэпкъпэпкъкIэ, IэпкълъэпкъкIэ зэщхьыркъабзэт. Олег Алий зэромыгъэщхь хъунур зэрынэхъ лъахъшэ закъуэрат. Тхьэм къритауэ зэчий хэлът Олег. ЖыдоIэкъэ, Никулин имыщIэIами, зэрытлъагъу къудейм дридыхьэшхыу. Артист нэгъэсауэ Зеикъуэ къуажэм къыдэкIа ди лъэпкъэгъури апхуэдащ. Зы щапхъэ цIыкIу къэтхьынщ, Абдокъуэ Маталио игъэува «ЕпцIыжакIуэм и анэ» спектаклыр Къэбэрдейм къыщагъэлъагъуэу абы къыщыщIа зы щIэщхъум теухуауэ. Iуэхур здекIуэкIыр къуажэм дежт. Олег — партизан отрядым и командиру, КIыщмахуэ Фатимэ — партизанхэмрэ къуажэдэсхэмрэ я зэпыщIакIуэу, Акъ Мухьэрбэч абы и дэлъхуу, Беслъэней Хьисэ – нэмыцэ офицеру спектаклым щыджэгут. Иджы сюжетым зэритымкIэ, партизанхэм я унафэщIымрэ зэпыщIакIуэ бзылъхугъэмрэ щIыбым щызэхуэзауэ щэху цIыкIуу зэпсалъэу, пщIантIэм зы офицер къыдохьэж. Ар къэсыжа нэужь, партизаным — Олег зричу мэзым хэлъэдэжын хуейуэ щытти, зыщричым, зы лъэбакъуэ нэхъ имыщIу и лъэгуажьэ зэрытыпIэр фIэхури, жыхэфэгум йукIуриящ, къэмытэджыжыфу. Сюжетыр зэрыщыту зэхэтхъуа мэхъу.

Офицерыр къыдыхьэжащ, абы гу лъызыта зэпыщIакIуэр унэм щIэмыхьэжыфу и пIэм къинащ, иригъэжьэжын хуея офицерри залым щIэсхэм закъримыгъэщIэну хэтщи, мэхаифэ зытригъэуауэ, щылъщ… Фи нэгу къыщIэвгъыхьэт, спектаклыр йокIуэкI, артистхэр зыпэмыплъа къэхъугъэ яку къыдэхуащ. Къыдэзыхыжын Iэмал хуемыкIуэмэ спектаклыр зэпыуа зэрыхъунур къыгуроIуэри, Мухьэрбэч и щIыбымкIэ офицерыр зэхуищIурэ унэм щIегъыхьэж, къыщIокIыжри: «ТIимэ, сыт мыбдеж ущIыщытыр? Мы щылъри сыт, зи унагъуэ бэгъуэн?», жеIэ, зи лъакъуэ лъэныкъуэр темыувэж и джэгуэгъур, Олег къеIэтыжри, сценэм ирехыж, Iэгуауэ иным щIэту. Абхъаз АССР-м зыгъэ щекIуэкIауэ щытащ Къэрэшей-Черкес лъэпкъ театрым и адыгэ гупым и зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр. Ди хэкуэгъухэм сценэм трахьащ «ЩIы IэмыщIэ» драмэмрэ «Дыщэ щхьэл» таурыхъымрэ. Япэрейр ТхьэицIыху Бемырзэ и романым драматургхэу Дэбагъуэ Мухьэмэдрэ Абдокъуэ Маталиорэ къытращIыкIа драмэт, етIуанэр зытхар Абдокъуэмрэ АбытIэ Владимиррэт.

Къуэш абхъазхэм ирагъэлъэгъуа спектаклхэр цIыхугум зэрыхыхьам, сценэм Iэзагъыу къыщагъэлъэгъуам папщIэ артистхэу Аргун Олегрэ КIыщмахуэ Фатимэрэ апщыгъуэм къыфIащащ «Абхъаз АССР-м щIыхь зиIэ и артист» щIыхьыцIэхэр, артистхэу Думэныщ Владимиррэ ДыщэкI Мирозэрэ къратащ Абхъаз АССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и ЩIыхь тхылъхэр. Iэгуауэм щIидзэт Олег сценэм къызэрихьэу. КIыщмахуэ Фатимэ зэрыжиIэжымкIэ, ар щыджэгукIэ псалъэхэр щыгъупщэжамэ, адыгэбзэр зыми хуэмыдэу гъэщIэгъуэну къызэригъэсэбэпымрэ ролым зэриувэмрэкIэ театреплъхэр къихьэхужт, и ныкъусаныгъэхэм гу лъамытэ щIыкIэ. КъЧР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэдэкIуей Фатимэ игу къегъэкIыж Олег щыдэлэжьа зэманыр: «Олегрэ сэрэ дызэкъуажэгъут, Зеикъуэ адыгэ спектаклхэр ныщашэкIэ, хьэблэдэс цIыкIухэр клубым дызэрыхьт. НэкIуа артистхэм, Олег япэ зэриту, сызрагъэхъуапсэт хуиту икIи мыукIытэу утыкум зэритыфымкIэ: «Сэри артисткэ сыхъуащэрэт», жызагъэIэу. Артур и анэм игъусэу здэпсэуа унэмрэ Олег и унэмрэ зэпэщытти, пщыхьэщхьэм спектакль къыщыттыну хъыбарыр зэхэзыха ди хъыджэбзхэр театрым нажэти еплът адэ къуэш пэлъытэу яIэ Олег сценэм зэрыщыджэгум. ИтIанэ, абы ищIэр арат, улахуэ къыщыщIихкIэ, ди бынитIым кIэнфет зэмылIэужьыгъуэхэр, щIэщыгъуэу тучан дапхъэхэм къытехуа сникерсыр Iэмал имыIэу къахуищэхут.

Дипхъу нэхъыщIэ Аня сабий IыгъыпIэм ишэкъишэжурэ ди гузэвэгъуэр тщхьэщихт щытхущIэмыхьэм деж. Зэи тщыгъупщэжкъым ар, Артуррэ сэрэ куэдрэ дропсэлъэж абы щIыгъуу ткIуа творческэ гъуэгуанэм». Аргун Олег щIалэкъэмышэу къэгъуэгурыкIуащ, абы и унагъуэуи и быдапIэуи щытар псэкIэ фIыуэ илъэгъуа адыгэ театрращ — сценэ гъуазджэращ. Арагъэнущ ар сабийхэм нэ лейкIэ яплъу, ахэр игъафIэу, бзылъхугъэхэм, ныбжь ит цIыхухэм гущабэу япыкъуэкIыу щIыщытар. Псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъунур игъэлъэпIэнут накъыгъэм и 1-м. Тхьэм здэкIуэжам щигъэтынш. Адыгэ театрыр зыхуэлажьэр лъэпкъым и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр ипэкIэ гъэкIуэтэнращи, гур хэзыгъахъуэ артисту ар утыку зэритам, фэеплъ нэхуу сабиигухэм къринам папщIэ, дыхуэарэзыщ!

ЛЫХЬ Тимур

Сурэтхэр КIЫЩМАХУЭ Фатимэ и унагъуэ архивым къыхэтхащ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *