Мэкъуауэгъуэм и 1-р сабийуэ дунейм тетым нэхъыфI дыдэу ялъагъу махуэшхуэщ. Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм щыщIидзэмрэ сабийхэм я Дунейпсо Махуэмрэ зэрызэтехуэр.
1950 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м Лъэпкъхэм я Дунейпсо Зэгухьэныгъэм (ООН-м) сабийхэр хъумэным теухуа унафэ щхьэхуэ къищтауэ щытащ. А махуэшхуэр убзыхунымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар Бзылъхугъэхэм я Дунейпсо Демократие Федерацэращ. IуэхугъуэщIэр дищтащ Лъэпкъхэм я Дунейпсо Зэгухьэныгъэм икIи унафэ ищIащ сабийхэм я хуитыныгъэхэр, я узыншагъэр, уеблэмэ я гъащIэр хъумэным гулъытэ хуащIын хуейуэ. Езы ООН-ми зэфIих лэжьыгъэхэм ящыщу сабийхэм яхьэлIар ипэ игъэщыпхъэу къилъытащ.
Илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 1-м дуней псом махуэшхуэр щагъэлъэпIэну унафэ къащта щхьэкIэ, сабийхэм я Iуэхур ефIакIуэу пхужыIэнутэкъым. Абы къыхэкIыу, Дунейпсо Зэгухьэныгъэм япэ щIыкIэ сабийм иIэ хуитыныгъэмкIэ Декларацэ, иужькIэ, 1979 гъэм, Конвенцэ щхьэхуэ къищтащ. Ахэр ди къэралым къыщилъытар илъэс 11 дэкIа нэужьщ. Абы лъандэрэ блэкIа илъэсхэм сабий зэрыс унагъуэхэм я щыIэкIэ-псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ гуэрхэр ягъуэтами, уимыгъэпIейтейуэ къанэкъым ди къэралым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм — сабийхэм — я нэхъыбэм узыншагъэ быдэ зэрамыIэм. Дохутырхэр ирогузавэ дунейм къытехьагъащIэ нанум и Iыхьэ щанэм фIэкIа зэрымыузыншэм. Аращ УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ ЗэIущIэм зыщыхуигъазэм, къытщIэхъуэ щIэблэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэр къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къыщIилъытар икIи Президентым къыхилъхьа жэрдэмым ипкъ иткIэ, IуэхугъуэфI куэдым щIэдзапIэ тэрэз ягъуэтащ.
Дызыщыпсэу къэралми республикэми иужьрей зэманым хагъахъуэ зэпытщ сабийхэмрэ сабиигъуэр хъумэным, зэчий зыбгъэдэлъхэм защIэгъэкъуэным яхуэунэтIауэ къыщащтэ программэхэм я бжыгъэм. Абыхэм къызэщIаубыдэ Iуэхухэр куэд мэхъу: сабий садхэм я Iуэхутхьэбзэхэм хуэныкъуэ псоми ар къагъэсэбэпыфыну Iэмал етыныр, щытыкIэ гугъу ихуа унагъуэхэм щапI сабийхэм, зи узыншагъэм дагъуэ иIэхэм хэхауэ защIэгъэкъуэныр, нэгъуэщIхэри. Къапщтэмэ, апхуэдэщ сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособэхэр, гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIухэм папщIэ ят пщIэм щыщ Iыхьэ адэ-анэхэм зэрыхуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къызэригъэзэжыр, щытыкIэ гугъум ихуа унагъуэхэм щапI сабийхэм е зи адэхэр СВО-м хэтхэм я бынхэм Iэмал зэраIэр санаторэхэм пщIэншэу зыщагъэпсэхуну, я узыншагъэм щрагъэфIэкIуэну, нэгъуэщIхэри. КъинэмыщIауэ, бын зыгъуэтхэм къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ защIегъакъуэ. Апхуэдэу Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щолажьэ «Анэ гъэтIылъыгъэ» программэ хэхар. А ахъшэр трагъэкIуадэ псэупIэхэр егъэфIэкIуэным, сабийхэм щIэныгъэ ягъэгъуэтыным, зи узыншагъэм дагъуэ иIэ сабийхэм я Iуэхур егъэфIэкIуэным, анэхэм я лэжьыгъэ пенсэм хузэхуахьэс Iыхьэм. Етхуанэ (е нэхъыбэ) бын зыгъуэта бзылъхугъэхэм е сабий япIыну къэзыщта унагъуэхэм псэупIэ яухуэн е къащэхун папщIэ сом мин 250-рэ къызэрыратми мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэм и дежкIи.
А псоми и нэIэ дапщэщи тригъэтщ КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. Сабийхэм яхуэгъэза къэрал гулъытэр нэхъыбэж хъуну дыщогугъ.
Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.