Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным, дапщэщи хуэдэу, гулъытэшхуэ щрат ди республикэм. Къэрэшей-Черкесым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ и министр Кравченко Иннэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIа къулыкъузэпх комиссэм и япэ зэIущIэм и утыку кърахьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ ар. КъинэмыщIауэ, къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ УФ-м просвещенэмкIэ и Министерствэм и унафэкIэ сабий зыгъэпсэхупIэ-зэIэзапIэ лагерхэр къызэгъэпэщынымкIэ веб-сайтхэр къэгъэщIын, мы гъэм гъатхэпэм и 17-м Минпросвещенэм къыдигъэкIа унафэм ипкъ иту гъэсэныгъэ программэхэр гъэпсын зэрыхуейм.
ЗэIущIэм хэтащ комиссэм хэт къулыкъу зэхуэмыдэхэм я лIыкIуэхэр, сабийхэм я узыншагъэм здыхагъахъуэ, зыздагъэпсэху лагерхэм я унафэщIхэр. Зэхуэсым зэрыщыжаIамкIэ, мы гъэм ди хэгъуэгум щылэжьэну къалэщIыб лагерхэм этнощэнхабзэ лъэпкъ Iуэхугъуэхэри къыщызэрагъэпэщынущ. Министрым жиIащ ар республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэр хъумэным, егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ зэрыщытынур. КъинэмыщIауэ, Кравченко Иннэ зэхуэсым къеблэгъахэм ягу къигъэкIыжащ зыгъэпсэхупIэ лагерхэм ягъэкIуэнухэр къыщыхахкIэ, псом япэ зауэ операцэм хэт ди щIалэхэм я унагъуэхэм щыщ сабийхэм, ныкъуэдыкъуагъ зытелъхэм, ОВЗ зиIэхэм гулъытэ нэхъ хуащIын зэрыхуейр.
ИужькIэ, зэIущIэм къыщыпсэлъахэщ республикэм егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ и Министерствэхэм, МЧС-м, МВД-м, Роспотребнадзорым я лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ щхьэж и пщэрылъ елъытауэ сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэм зэрыхуэхьэзырым.
Министрым и къуэдзэ Атаевэ Лейла жиIащ Луганск Республикэм щыщу ди щIы-налъэм зыщагъэпсэхуну кърагъэблэгъа сабий 750-м папщIэ зыгъэпсэхугъуэ лагерым и бжэр накъыгъэм и 1-м къызэрызэIуихынур. Ауэ, ди хэгъуэгум щыщ цIыкIухэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр щыщIидзэнур мэкъуауэгъуэм и 1-ращ.
— Лагерхэр лэжьэнущ накъыгъэ мазэм къыщыщIэдзауэ фокIадэ мазэри хиубыдэу. КъинэмыщIауэ, республикэм и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ, Хэкум и хъумакIуэм и Илъэсым ипкъ иту, «ЩыIэщ апхуэдэ IэщIагъэ – Хэкур хъумэн» хэкупсагъэ-спорт лэжьыгъэм щытекIуа сабий 300-м махуищкIэ зыщрагъэгъэпсэхуащ къалэ-лIыхъужь Волгоград, СВО-м хэтхэм я унагъуэм щыщ, ныкъуэдыкъуагъ зытелъ, ОВЗ-м хиубыдэ сабийхэм щыщу нэрыбги 100 «Адель», «Жемчужина Кавказа» зыгъэпсэхупIэ-зэIэзапIэ IуэхущIапIэхэм махуитIкIэ щыIащ. Мы лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ, — жиIащ Атаевэ Лейла.
КъинэмыщIауэ, нэхъыщхьэу зэIущIэм къыщаIэта упщIэхэм ящыщщ зызыгъэпсэху сабийхэр зи нэIэм щIэхуэну гъэсакIуэхэмрэ вожатэхэмрэ я щIэныгъэр абы тегъэпсыхьауэ зэрыщытыпхъэр. ЖаIащ зэманым декIу щIэныгъэ зыбгъэдэлъ гъэсакIуэхэм, вожатэхэм, чэнджэщэгъухэм сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманыр фIагъ хэлъу ягъэкIуэнымкIэ сэбэпышхуэ зэрыхъур.
Къулыкъузэпх комиссэм и нэIэм щIигъэуващ 2025 гъэм сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ пIалъэр тыншыгъуэу къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымрэкIэ ягъэбелджыла пщэрылъхэр зэрызэфIахым кIэлъыплъыну.
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.