Сабий щихым зэрынэхьэс

ДЫГЪЭГЪАЗЭМ и 23-м Черкесск къалэм щэнхабзэмкIэ и Унэм щызэхуэсащ зи узыншагъэкIэ дагъуэ зиIэ, гъащIэм щытыкIэ хьэлъэ иригъэува, еджэным щехъулIэ, зи адэхэр СВО-м Iут, унагъуэшхуэхэм къахэкIа сабийхэр. Абыхэм гуа пэу къапежьащ, ягъэджэгуащ ЩIыIэ Дадэм, Уэс Гуащэм, таурыхъ ЛIыхъужьхэм. Драмэмрэ комедиемрэкIэ театрым и урыс гупым къигъэлъэгъуа «Новогодние чудеса» спектаклымкIэ пащащ джэгухэм. А псоми я гуIэфIтещIэжу — зы сабии тыгъэншэу, саугъэтыншэу щIагъэкIыжакъым, дэтхэнэми илъэсыщIэ сэмбхэр иратащ. «ИлъэсыщIэ къихьэм дэтхэнэ сабийми узыншагъэ быдэ, еджэныгъэ ехъулIэныгъэфIхэр, я хъуэпсапIэ псори къадэхъуныр къахуздрехь!

Дэ ди лъэныкъуэкIэ къикIыу — сабий къэс насыпыфIэу щытыным и Iэмал псори яхузетхьэнущ», — социальнэ зэпыщIэныгъэм щитхащ КъЧР-м и Iэтащхьэм.

*** ДЫГЪЭГЪАЗЭМ и 24-м республикэ къалащхьэм щэнхабзэмкIэ и Унэм щызэхаша къыкIэлъыкIуэ илъэсыщIэ джэгухэри теухуауэ щытащ гулъытэ щхьэхуэкIэ къэухъуреихьыпхъэ сабийхэм. Махуэм тIэунейрэ илъэсыщIэ Псей лъабжьэм щызэхуэсащ, псори зэхэту, сабий 600-м нэс. Псори джэгуащ, къэфащ, уэрэд, усэ, къэщIэн, къэгупсысын я лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIхэр хуагъэщIэгъуащ ЩIыIэ Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ.

Дэтхэнэ сабийри илъэсыщIэ сэмбышхуэхэмкIэ ягъэгуфIащ. КъЧР-м и Iэтащхьэм и щхьэкIэ къыбгъэдэкIыу махуэщIым къеблэгъахэм яхъуэхъуащ республикэм гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и министр Хачиров Кемал. ТУАРШЫ Ирэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *