Сабий гуапагъэр къару зыхуэхъу гъэсакIуэ

И гъащIэм щыщ илъэс 50-р егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм тезыухуа, Бэвыкъуэ къуажэм дэт Хъупсырокъуэ Назир и цIэр зезыхьэ «Нарт» сабий IыгъыпIэм и гъэсакIуэ пажэхэм ящыщ Мыкъуэ Нуржан Сэфэрбий и пхъум куэд щIакъым «УФ-м сабийхэмрэ щІалэгъуалэмрэ гъэсэнымкІэ щІыхь зиІэ и лэжьакІуэ» щIыхьыцIэр къызэрыхуагъэфащэрэ.

Балигъ хъуа къудейуэ иригъэжьауэ нобэр къыздэсым а бзылъхугъэм и псэм и хуабагъымкIэ сабийхэм ядэгуашэу, адэ-анэхэм я гугъэтыншу, бгъэдэлъ зэхэщIыкIымкIэ гъэсакIуэ ныбжьыщIэхэм ядэгуашэу, и IэщIагъэми емыпцIыжауэ къогъуэгурыкIуэ. И сабиигъуэ дахэт ар егъэджакIуэ-гъэсакIуэ IэщIагъэм щыдихьэхам. ЕджапIэр къыщиухым, Нуржан Хасавюрт дэт педагогическэ училищэм щIыхьащ. Еджэныгъэр зэфIигъэкIа нэужь хэгъуэгум къигъэзэжри Бэвыкъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм лэжьэн щыщIидзащ. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм абдеж илъэситхукIэ зыхигъэгъуэзащ, иужькIэ, къуажэ сабий IыгъыпIэм гъэсакIуэу Iухьащ.

Абы хэту, Черкесск педагогическэ училищэри къиухыжащ. — Къыхэсха IэщIагъэм сыщыхущIегъуэжа зэман къысхуихуакъым. Ар гукIи псэкIи къызэрыхэсхар щIэзгъэбыдыхьыжурэ си гъащIэр изохьэкI. Пэжщ, къэхъуащ лэжьапIэ зэхуэмыдэхэри къыщызагъэлъэгъуа, улахуэ нэхъыби телъу, ауэ зэи сытегушхуакъым. Гъэ сакIуэу ущытыныр адрей IэщIагъэ псом хуэдэкъым. Ар псэкIэщ къызэрыхэпхын хуейр. Куэдрэ улэжьа нэ ужь нэхъри нэхъ къыбгуроIуэ ар. Сабийхэр фIыуэ умылъагъумэ къыббгъэдыхьэнукъым. Абыхэм ягу къабзэхэм псори зыхащIэ. Дапщэ сабийуэ симыIами, псори фIыуэ зэрыслъагъум шэч хэлъкъым: зым и зэраныщIагъым, адрейм и гуапагъым, ещанэм и Iущагъым, и щэныфIагъым, нэгъуэщI куэдым елъытауэ… Мис иджы, сэ си деж сабийуэ къакIуэу щытахэм я сабийхэр къысхуашэ, уеблэмэ зи къуэрылъху-пхъурылъху къэзышэхэри щыIэщ. Сабий IыгъыпIэм къыIухьа IэщIагъэрылажьэ ныбжьыщIэхэми яхэтщ щысабийм сэ сIыгъахэр.

Ар сфIэгухэхъуэщ, — лэжьыгъэм и гъащIэм деж щиIэ мыхьэнэмкIэ къыддогуашэ Нуржан.
Зи лэжьыгъэр фIыуэ зымылъагъум сыт хуэдэ зэчийрэ зэфIэкIрэ бгъэдэмылъами, ехъулІэныгъэ гуэрми хунэсынукъым, лъытэныгъи игъуэтынукъым. Езым и хъэтI иIэжу цIыкIухэм я гъэсэныгъэ Iуэхум куэд щIауэ бгъэдэт Нуржан и IэщIагъэмкIэ бгъэдэлъ IэкIуэлъакIуагъым, зэхэщIыкIым куэд щIащ гулъытэ зэригъуэтрэ. Абы КъЧР-м и Правительствэми, и Парламентми, зэпха Министерствэми къабгъэдэкIыу фIыщIэ тхылъу иIэр къэбжыгъуейщ. Мыкъуэ Нуржан ищхьэ нагъыщэ зиIэ гъэсакIуэщ. Арами, зэманым декIуу къежьэ IэмалыщIэхэр лэжьыгъэм къыхэгъыхьэнымкIэ и щIэныгъэр зэ-пымыууэ хегъахъуэ, ахэр сабий гъэсэныгъэм екIуу къыщегъэсэбэпыж. Нуржан зэш ищIэкъым, и сабийхэми я жыджэрагъым зэрыхигъэхъуэным толэжьыхь.

Сурэт щIынымкIэ, тIатIийм зыгуэр къыхэщIыкIынымкIэ ирагъэкIуэкI зэпеуэхэм и гъэсэнхэр хегъыхьэ зэпыт. Дерс зэIухахэр, махуэщI дауэдапщэхэр куэду ирегъэкIуэкI. ГъэсакIуэм къызэрилъытэмкIэ, сабийм и гулъытэр къэбубыдыным, зыгуэрым дебгъэхьэхыным узэрыбгъэдыхьэфынур джэгукIэ щІыкIэм итущ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэращ и сабийхэри дерсым зэрыдригъэхьэхыр. — Зэманым зэрызихъуэжам хуэдэу, сабийхэми, лэ жьэкIэми захъуэжащ. ЦIыкIухэр куэдкIэ нэхъ Iущщ, нэхъ заужьащ. Ауэ абыхэм я гулъытэр къэубыдыгъуей хъуащ. ИтIанэ гу зылъыстэр аращи, япэм сабийхэр нэхъ хьэлэлт, зы мыIэрысэ къахьамэ, ар псоми яхуэдмыгуэшу ядэтэкъым. Иджы нэгъуэщIщ. Абы зэран хуохъу телефон, интернетхэри. Ауэ, а псори къыздежьэр адэанэхэращ. Мис абыхэм уадэлэжьэныр нэхъ хьэлъэщ сабийхэм уахэтыным нэхърэ. Жагъуэ зэрыхъущи гъэсакIуэ-егъэджакIуэм и пщIэр мэкIуэд, — жиIащ абы. Арами, Нуржан и лэжьыгъэр зыпищI щыIэкъым. ЛIыщIыгъуэ ныкъуэ хъуауэ и гъэсэнхэм и фIылъагъуныгъэмкIи, и хуабагъымкIи ядогуашэ.

Зэрылажьэ пIалъэм къриубыдэу гъуэгу тригъэхьа цІыкІухэм нобэ ар я гум фIыкIэ илъщ, сыт щыгъуи узэхищIыкIыу, узэхихыу зэрыщытар ягу къагъэкIыж. Махуэ къэс Нуржан нэжэгужэу, сабийхэм яхуезэшауэ и лэжьапIэм йокIуалIэ. Яр япожьэ зыпищIын имыIэ и гъэсэн цIыкIухэм, абдеж дыдэм къыщыщIэдзауэ я зыужьыныгъэм, я щIэныгъэм хигъэхъуэным щыщIедзэ. — Пщэдджыжьым гуфIэу сабийр къыщыппежьэкIэ, е зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм, е усымаджэу лэжьапIэм умыкIуэфауэ иужькIэ уащыхыхьэжкIэ абыхэм гуапэу зыкъыщыпхуашийкIэ абы нэхъ узыгъэгушхуэнрэ къару къозытрэ сыт щыIэ? — жеIэ зи IэщIагъэр псэкIэ къыхэзыха гъэсакIуэм.

АМИРОКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *