«НэщI мазэ лъапIэр иухащ. Дуней псом тет муслъымэнхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пщIэ нэхъ зыхуащI мы махуэщIыр и нагъыщэщ цIыхухэм хьэл-щэн нэхъыфIхэр зыхалъхьэным, гуапагъэ ящIэным, гущIэгъу зыхагъэлъыным.
Гуапэщ, Урысейм щыпсэу муслъымэнхэр псэкупсэ къулеигъэм, тхыдэ щIэиным зэрахуэсакъыр, я нэхъыжьхэм, къащIэна хабзэхэр зэрызэрахьэр, уэсятхэр зэрагъэзащIэр, нэхъри ирагъэфIакIуэурэ абыхэм щIэблэр гъунэгъу зэрыхуащIыр. Абы къыхэкIыу, Ураза-Байрам махуэщIыр ди къэралым Iэтауэ щагъэлъапIэ — дин IуэхукIи, унагъуэм дежи.
ПщIэ хэха яхуэфащэщ ди къэралым и жылагъуэ, и щэнхабзэ гъащIэм зайгъэужьыным, псапащIэ, егъэджэныгъэ, щIэнгъуазэ, хэкупсагъэ проектхэмрэ къыхэлъхьэныгъэхэмрэ гъэзэщIэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI муслъымэн зэгухьэныгъэхэм.
Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейщ зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъур.
Узыншагъэ быдэ, фи Iуэхухэмрэ фи къыщIэдзэныгъэщIэхэмрэ ехъулIэныгъэ щывиIэну!»
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.