Псы къабзэкIэ

«Зыуэ щыт Урысей» партым и Къэрэшей-Черкес къудамэм къыбгъэдэкIыу, Донецк ЦIыхубэ Республикэм щыщу псыншэу къэна унагъуэхэм псы бащырбэ тоннипщI хурагъэшащ, Урысейм и МЧС-м КъЧР-м щиIэ Управленэ Нэхъыщхьэм и хьэлъэзешэ машинэхэмкIэ.

«КъыкIэлъыкIуэ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр ДНР-м дутIыпщащ. Донбасс щIыналъэм щыпсэухэм защIэгъэкъуэнымкIэ ди хэгъуэгум иригъэкIуэкI псапащIэ Iуэхухэм япкъ иту, мызыгъуэгум гуманитар гулъэр игъэхьэзыращ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парла-ментым) и депутат Хъупсырокъуэ Алий. Псоми зэрытщIэщи, а щIыпIэм щыщхэм нобэкIэ зэфэн псы ямыIэу къызэрынам хуабжьу гугъу ирегъэхь», — жиIащ партым и исполкомым и унафэщI Джамбаев Руслан. ФIыщIэ псалъэхэр яхуигъэзащ мыпхуэдэ псапащIэ гулъэхэр зыгъэхьэзырхэмрэ СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм ядэIэпыкъухэмрэ.

Шэч хэмылъу, а къомым я гуащIэ Iыхьэ халъхьэ партым и лэжьакIуэхэми, сенаторхэми, «Зыуэ щыт Урысей» партым и депутатхэми, хэгъуэгу Правительствэм, жылагъуэ организацэхэм хэтхэми, районхэмрэ къалэхэмрэ я Iэтащхьэхэми, хыхьэхэкIырылажьэхэми, волонтерхэми, къэралыр зыхэт дзэ Iуэхур дапщэщи къызыфIэIуэху дэтхэнэми.

«Зыуэ щыт Урысей» партым и Ищхьэ советым и пщэрылъкIэ, КъЧР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид, партым и хэгъуэгу къудамэм и секретарь Иванов Александр сымэ я егугъуныгъэкIэ, зауэ операцэ хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпыкъу Зыуэ щыт хэгъуэгу штабым псапащIэ Iуэхуу мащIэкъым СВО-р зэрыщIидзэрэ игъэкIуэтар — псори зэхэту къапщтэмэ, партым игъэхьэзырри иригъэшащ гуманитар гулъэ тонн 1500-м нэблагъэ: псыи, зэрызагъэкъабзэ пкъыгъуэхэри, шхынхэкIхэри, хущхъуэхэри, зэуэлIхэр зыхуэныкъуэ автомобили, техники, Iэмэпсыми. ЗэуапIэм Iут ди щIалэхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуныр цIыхубэ программэм и зы кIуэрабгъу нэхъыщхьэщ. Ар епхащ къулыкъущIэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зыпэщIэувэ лъэпощхьэпохэр ящхьэщыхынри, гуманитар къалэнхэр тыншу икIи зэпымыууэ гъэзэщIэнри.

ЛЫХЬ Тимур


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *