Дунейм и пIалъэ нэхъ дахэ дыдэщ гъатхэр: щIыуэпсым псэ къыхохьэж, къэкIыгъэхэм къэщIэрэщIэжын щIадзэ, псэущхьэхэм дыгъэр нэхъ гуапэ зэрыхъуар зыхащIэу къыпщохъу. А пIалъэ дахащэм, щIыIэмрэ уаемрэ нэхъ къарууншэ хъуауэ хуабэм и хьэмтетыгъуэм щIэбэнын щыщIидзэм, цIыху лъапсэм и Iыхьэ гуакIуэм — бзылъхугъэхэм — яхуэгъэза махуэщIыр — гъатхэпэм и 8-р — къэрал куэдым щагъэлъапIэ.
Нобэ дгъэлъапIэ бзылъхугъэхэм я Къэралыбэ Махуэр ООН-м 1975 гъэращ щигъэбелджылауэ щытар. Ди къэралыр къэтщтэнщи, мыбдеж бзылъхугъэхэм я Махуэр «гъатхэм и махуэщIущ» куэд щIауэ къызэралъытэр. НэгъуэщIу жытIэмэ, абы и къежьапIэ, и щхьэусыгъуэ хъуа Iуэхугъуэхэр лъэныкъуэ ирагъэзри, нанэхэм, анэхэм, шыпхъухэм, щхьэгъусэхэм, пхъухэм хъулъхугъэхэм яхуиIэ щытыкIэ хэIэтыкIар гулъытэ щхьэхуэкIэ щагъэлъагъуэ махуэщI хъуащ. Зэрыхабзэщи, дэри щапхъэгъэлъагъуэу къэтлъытэ, ди лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэхэм ди газет напэкIуэцIхэм гулъытэ хэха щахудощI зэпыт. Апхуэдэщ мы тхыгъэр зытедухуа бзылъхугъэ гъэщIэгъуэныр, и псэ къарукIэ, и IэдэбкIэ, и дуней еплъыкIэкIэ щапхъэ зэрыримыкъу щымыIэу къэтлъытар.
Зи гугъу тщIыр Черкесск къалэм дэт поликлиникэм илъэситIым щIигъуауэ шытӀакӀуэу (массажисту) щылажьэ ТУАРШЫ Аксанэ Къадир ипхъуращ. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Бахъ сэн районым и Ислъэмей къуажэм щыпсэу Къылшыкъуэхэ я унагъуэшхуэм къыщыхъуащ. Зэдэлъхузэшыпхъухэу 9 мэхъури, Аксанэ унагъуэм я еянэщ. Черкесск къалэм ар 2020 гъэ лъандэрэ щопсэу, Туаршыхэ я унагъуэм нысэу къызэрихьэрэ. Нысэишыж нэужьым илъэс дэкIри, 2021 гъэм и щхьэгъусэ Замиррэ езымрэ пщащэ цIыкIу къахуэхъуащ.
Сыт, атIэ, мы бзылъхугъэ гуапэр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр жыфIэмэ, ар абы и псэкъару мыкIуэщIращ. Аксанэ нэгъуэщI сабий псом хуэдэуи къежьащ: сабиигъуэ IэфIыр, итIанэ курыт еджапIэми щIыхьащ. Псори хъарзынэурэ къекIуэкIт, ауэ пщащэ цIыкIур илъэс 12-м щынэсым и нэхэм хэщI хъуащ. Дохутырхэм зэрагъэбелджыламкIэ, нэхэм а узыфэр куэд щIауэ япкърытыххэт, ауэ абы зиудыгъуурэ къекIуэкIат. Унагъуэм пщащэ цIыкIум Iэзэгъуэ хуэхъуну дохутыр, клиникэ зыри къагъэнакъым, арщхьэкIэ натIэм итхам ущыфIэмыкIыф щыIэу къыщIэкIынщ, жагъуэ зэрыхъущи. Апхуэдэу Аксанэ и нэхэм хуэмурэ зыри ямылъагъуж хъуащ. ДэркIэ гъэщIэгъуэныщэр аращи, зи щIалэгъуэ дахэу апхуэдэ хьэзаб къызылъыса пщащэм и гур игъэкIуэдыну зы махуи егупсысакъым.
Езы бзылъхугъэм зэрыжиIащи, ар псом япэу и унагъуэм и фIыщIэщ. — Си адэ-анэр, си дэлъху-шыпхъухэр сыт щыгъуи си щIэгъэкъуэнт. ЗыгуэркIэ езыхэм, нэгъуэщIхэм сакъыщхьэщыкIыу абыхэм зыхызагъащIэтэкъым. Сыт щыгъуи къызэчэнджэщхэт, ящIэр ядэсщIэт. КъинэмыщIауэ, езы цIыхуми куэд елъытагъэнщ. Абы игу зыщIэгъужу щыс, хьэмэрэ адэкIэ зэрыпсэуным хущIэкъурэ, куэд иIыгъщ уи псэ щытыкIэм! МыдэкIэ унагъуэщIэ сыкъызыхыхьами фIы дыдэу сызыхашащ, абыхэми зыкIи гуныкъуэгъуэ срагъэхуакъым. Си гуащэращи, ар сыткIи си щIэгъэкъуэнщ, — жеIэ Аксанэ.
Нобэ мы бзылъхугъэ гуапэр щхьэгъусэщ, анэщ, лэжьыгъэ IэнатIэ зиIэщ. Щхьэгъусэщ жэуэ щыжытIэкIэ, абы къызэщIеубыдэ и пщэфIэнри, и жьыщIэнри, тхьэщIэнри, нэгъуэщI къинэмыщI унэ Iуэхухэри. Анэщ щыжытIэкIэ, къыхыдолъытэ, ипхъу цIыкIу Аишэ зэпыу имыIэу сыт хуэдэ IуэхукIи, щIэныгъэкIи зэриущиир, зэригъасэр. И лэжьыгъэращи, Аксанэ нэгъуэщIхэм щхьэпэ яхуэхъуу къалэ поликлиникэм массажист IэкIуэлъакIуэу щолажьэ. А псори зыми емылъытауэ, къызытримыгъэхьэлъэу Аксанэ гъащIэм щыгуфIыкIыу, фIыр и плъапIэу мэпсэу. Къыхэгъэщыпхъэщи, Аксанэрэ Замиррэ зэрыгъуэтыну, унагъуэ зэдащIэну, щIэблэ ягъуэтыну Тхьэм и мураду къыщIэкIынт. АтIэ, абыхэм тIуми зы илъэсым мурад ящIащ Кисловодск къалэм дэт медицинэ колледжым зи нэхэм тын шу зымылъагъухэм папщIэ хыхьэ факультетым щеджэну, массажист IэщIагъэр зрагъэгъуэтыну.
Ахэр япэ махуэм щызэрыцIыхуащ абдеж. Аксанэ и шыпхъумрэ и дэлъхумрэ игъусэт, Замир и анэр щIыгъут. Апхуэдэу упщIэ гуэр яIэти, Замир и анэр адыгэбзэкIэ псалъэ Аксанэ сымэ ябгъэдыхьэри, зэрыщIахэщ. — ИлъэсищкIэ дыщызэдеджащ. ИкIи дыщыпсэут, икIи дыщеджэт. Адыгэхэр псори дызэрыIыгът, хуабжьу дызэдэIэпыкъужт, — игу къегъэкIыж ди псэлъэгъу гуапэм. Апхуэдэу зэрыцIыхуа, зэныбжьэгъугъэр зяку къыдэхъуа ныбжьыщIэхэм унагъуэ яухуэну мурад дахэ щащIым, Iыхьлыхэм ар къыдаIыгъащ. Замиррэ Аксанэрэ нобэ зэрылажьэ IэщIагъэм къинэмыщIауэ, я насыпри къыщагъуэтащ а еджэгъуэ илъэсхэм. — Уи нэм имылъагъуу щытмэ, ар гъащIэм и кIэухкъым, ар Iэмалыншэкъым! ПхузэфIэмыкIын щыIэкъым, ухуей къудейуэ щытмэ! Псори уэ езым къолъытащ! Уи гъащIэр зэрыбухуэщ зэрыхъунур! — жеIэ псэкъарукIэ щапхъэ зытехыпхъэ Аксанэ.
КIэух псалъэу жыIэпхъэщ и унагъуэкIи, и лэжьыгъэкIи Аксанэ насыпыфIэу зыкъызэрилъытэжыр. Мы бзылъхугъэ гуапэм ущепсалъэкIэ, уэри плъэмыкIын щымыIэу къыпщохъу. Апхуэдэ цIыхухэр мы дунейм уэздыгъэу Тхьэм къигъакIуэу къыщIэкIынщ: яхъуреягъкIэ псори къагъэунэхуу, кIыфIыгъэм зэщIищтахэм гъуэгугъэлъагъуэ яхуэхъуу.
ЧЫРБЫЖ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.