ПЩЫ КУРГЪУОКЪУЭ КЪАПЩЫКЪУЭ теухуауэ тхыдэм къыхэна хъыбархэр куэдкъым.
Тхыдэ тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, пщым и лъэпкъымрэ и къуажэмрэ 1844 гъэм пщIондэ щыпсэуащ Хуэдз псым и Iуфэм. Пащтыхь Урысейм и дзэхэм къыщрагъэзым, и ныбжьэгъу Гъусэ Хьэчачэ Псыжь псым и псыхъуэм къигъакIуэри, къуажэр здигъэтIысын щIыпIэ къригъэхутащ.
Гъусэм щIыпIэ тегъэпсыхьа къигъуэтащ. Псы, мэз, хъупIэхэр щыIэт — сыт мэкъумэшыщIэхэр нэгъуэщI зыхуэныкъуэр. Абдежым щетIысэхащ унагъуэ 80-р. Къуажэм пщым и цIэр игъуэтащ.
Совет властым пщыр зэхэзехуэн ищIакъым, абы хузэфIэкIащ большевикхэм ягурыIуэн, уеблэмэ япэ колхози районым къыщызэригъэпэщауэ щытащ. Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, пщыр и ныбжьыр илъэси 132-м иту дунейм ехыжащ 1932 гъэм. И хьэдэр щIэлъщ Кургъуокъуей къуажэм и кхъэм. Абы и цIэр фIыкIэ ягу къинащ къуажэдэсхэм.
Дэтхэнэ адыгэ къуажэми лIыщIыгъуэ кIуахэм гъуэгу гугъу къызэпичащ. Абыхэм ящыщщ зи хъыбар етшажьэ Кургъуокъуей къуажэ цIыкIури. ЦIыху 540-рэ нэхъ зыдэмыс а жылэ цIыкIур Урысейм щыпсэу адыгэхэр щыгъэтыжауэ, хамэ къэралхэр зи хэщIапIэхэми ящIэ. Кургъуокъуей къыдэкIахэм япхъухэр щынысэщ, я къуэхэр щымалъхъэщ хэгъуэгу куэдым. Мы къуажэр хохьэ Краснодар крайм и Успенскэ районым. Абы и административнэ купсэщ «Кургоковское сельское поселение» муниципальнэ къэхъугъэр.
Къуажэр щысщ Успенскэ районым и ищхъэрэ-къухьэпIэ щIы Iыхьэм, Псыжь псым и Iуфэм и сэмэгумкIэ. Къуажэр и гъунапкъэкIэ пылъщ ипщэ-къухьэпIэмкIэ Успенскэ, ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ Державнэ, ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ Веселэ, ипщэмкIэ Белецкэ, ипщэ-къуэкIыпIэмкIэ Маломино къуажэхэм. Ари псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, Маломино урыс къуажэр иджы здэщыс щIыпIэм зэгуэрым исащ Щэлыкъуей адыгэ къуажэр. Ар зыкъэмынэу Тыркум ирагъэкIауэ щытащ.
Кургъуокъуей къуажэр къагъэщIащ адыгэ лIакъуэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ беслъэнейхэм. 1844 гъэм Хуэдз псым и Iэгъуэблагъэхэм щыпсэуа беслъэней унагъуэ 80-р пщы Кургъуокъуэ Къапщыкъуэ я пашэу къэкIуэжащ иджырей щIыпIэм. КъуажэцIэр къытоIукI а пщым и унагъуэцIэм.
Иджы Кургъуокъуейр беслъэней лIакъуэм и бзэмкIэ (адыгэбзэм и IукIэмкIэ) псалъэ адыгэхэр зыдэс къуажитхум: (Беслъэней Тхьэстыкъуей, ВакIуэ-Жылэ – Дохъушыкъуей (Къэрэшей-Черкес Республикэ), Улапэ (Адыгэ Республикэ), Бэчмырзей, Кургъуокъуей (Краснодар край) ящыщ зыщ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.