«Псэухэр фIыуэ пхуэлъагъунукъым, хэкIуэдахэм я фэеплъыр пхуэмыхъумэмэ»

 Совет Союзым и маршал Рокоссовский К. и псалъэхэр и щхьэщIэдзапIэу, Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм дэт е 2-нэ курыт еджапIэм «ЛIыхъужьым и Партэ» къыщызэIуа­хащ Гаджимагомедов Нурмагомед и фэеплъу. Мы щIалэ хахуэм и цIэр еджапIэм и тхыдэм къыхэнащ.

Урысей къулыкъущIэ, лейтенант, 247-нэ Кав-каз къэзакъ гвардейскэ десант-ебгъэрыкIуэ дзэ пакIэм и ротэм и командир Гаджимагомедов Нурмагомед Кулинск районым хыхьэ Кани дагъыстан къуажэм къыщыхъуащ. Урысейм и ВДВ-м и Кавказ къэзакъ полкым къулыкъу щищIащ. 2022 гъэм мазаем (февралым) зауэ операцэ хэхам щыщIидзэм, Хэкум и хуитыныгъэмрэ и хьэлэмэтхэмрэ зыхъумэну къэувахэм яхэтащ. Абы сыт щыгъуи жиIэт: «СылIэми нэхъыфIщ, гъэру зыст нэхърэ». Апхуэдэт и хьэл-щэныр — цIыху хахуэт, щхьэмыгъазэт. Зэхэуэ гуащIэ гуэрэм Нурмагомед уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Арами, и къарум къихьыху бийм пэщIэтащ. ХузэфIэмыкIыж щыхъум, гъэру зимытын щхьэкIэ, къэзыухъуреихьа боевикхэри здихьри, зыкъигъэ­уэжащ.

2022 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 3-м Урысейм и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, Нурмагомед «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ (дунейм ехыжа нэужь). Апхуэдэ зауэ нагъыщэ лъапIэр абы къыхуагъэфэщащ и зауэлI къалэнхэр игъэзащIэу лIыгъэрэ гуеигъэрэ къызэригъэлъэгъуам къыхэкIыу.

Дауэдапщэм ипкъ иту, Гаджимагомедов Нурмагомед и гъащIэмрэ и лIыхъужьыгъэмрэ теухуауэ документальнэ нэтын къагъэлъэгъуащ. Къызэхуэсахэр ирагъэплъащ сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм, Нурмагомед къыдалъхуахэм, и Iыхьлыхэм, къулыкъу къыдэзыщIахэм щIалэм теухуауэ къаIуэтэжа гукъэкIыжхэмрэ ди сэлэтым зауэ операцэ хэхам щызэрихьа лIыгъэмрэ къызыхэщыж теплъэгъуэхэм. Псом хуэмыдэу, къызэхуэсахэм гукъинэж ящыхъуащ лIыхъужьым и анэ Мазаевэ Сапижэт и псалъэхэр. Абы фIыщIэ яхуищIащ еджапIэм и унафэщIхэмрэ еджа кIуэхэмрэ, и къуэм и фэеплъым апхуэдэ пщIэ­рэ щIыхьрэ зэрыхуащIам папщIэ. Анэм къыхигъэщащ лIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэным къытщIэтаджэ щIэблэмкIэ мыхьэнэшхуэ зэ­риIэр икIи жиIащ и къуэм зэрихьа лIыгъэр еджакIуэхэм щапхъэ зэрахуэхъунур.

Хьэбэз район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэжь Олег и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщащ Гаджимагомедов Нурмагомед и цIэр лIыхъужьыгъэмрэ гуеигъэмрэ я нагъыщэ зэрыхъуар.

— Партэр тематическэ дерсхэр здыщрагъэкIуэкIыну, ветеранхэмрэ зауэ зэхуэмыдэхэм хэтахэмрэ здыщаIущIэну, мыхьэнэшхуэ зиIэ гъэсэныгъэ Iуэхухэм здыщытепсэлъыхьыну щIы­пIэ хъунущ, — къыхигъэщащ Унэжь Олег.

«ЛIыхъужьым и Партэ»-м япэ дыдэу дагъэтIысхьащ еджапIэм фIы дыдэу щеджэ Нэней Альбертрэ Мэремыкъуэ Инарэрэ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *